Жэпуэгъуэм и 13, гъубж
ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.
1891 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, нартыхугъэкI цIэрыIуэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэщIэлI Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 – 22-рэ, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ныбжьэгъужьрэ дыжьыныжь пщэжарэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.