Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащТхакIуэ, усакIуэ адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 97-м иту дунейм ехыжащ 2026 гъэм и фокIадэм. Ар зигу щIэмыхьа зы адыгэ хэкуми искъым, хамэ къэралхэми щыбгъуэтынукъым. Зи узыншагъэкIи, акъылкIи, зэфIэкIкIи иджыри жан лIы щыпкъэм и къарур имыухыурэ и гъащIэр иухауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ абы къытхуигъэна щIэиным дэ иджыри Iэджэрэ къытхэту къытщигъэхъунущ. И ныбжьыр илъэс 85-рэ хъууэ махуитIым къриубыдэу интервью къеIысхауэ щытат Исхьэкъ, газетым и напэкIуэцIитIыр иубыдуи стхыжат. Си иужьрей упщIэр мырат: «Илъэсищэ ущрикъукIэ интервью къызэптын?», «Сыпсэууэ сынэсмэ», - жиIат абы. Куэд щIатэкъым, «илъэсищ къудей иIэжуращ», къызэрызжиIэрэ. Псэр псэуну гугъэт, ауэ… Нобэ и цIэр фIыкIэ дигу къэдгъэкIыжу, къытхуигъэнам и уасэр дгъэлъапIэу, и гупсысэ, псалъэ гуэрхэр фи пащхьэ къитхьэну дыхуейт. Исхьэкъ Краснодар крайм и Успен районым хыхьэ Щхьэщэхуж къуажэм къыщалъхуащ. И адэ Шумахуэ Амзан и къуэр, къызыхэкIа лъэпкъым а щIыгум япэу гъавэ щытрасащ, аращ я унагъуэцIэр къызытекIари – мэш бэв хасащ. Бакъ ипхъу и анэ МыIуминати зыщыщ Дэунэжхэ аращ щетIысэхар. ЛъэпкъитIми я сабийхэр а жылэм къыщалъхуащ, лъэ щытеуващ, гъащIэм и дыджымрэ и IэфIымрэ щызыхащIащ. Исхьэкъ и адэр ицIыхужыркъым. И ныбжьыр илъэс 50 иримыкъуауэ, сабиитхум ящхьэщыукIуриикIащ ар. ТхакIуэм и ныбжьыр илъэсищ къудей ирикъуауэ арат абы щыгъуэ. - «Уи адэм и Iуэху щIэкIэр, и гупцIанагъыр, и хьэлэлагъыр, и цIыхугъэр, и зекIуэкIэр…» - жиIэурэ и хъыбарым хэтурэ си анэм сигъэцIыхужащ, фIыуэ сигъэлъэгъуащ си адэр. Абы и ныбжьэгъухэм къызэраIуэтэжамкIи, ар лIы быдэт, лэжьакIуэшхуэт. Ар хахуэу, лIыгъэ хэлъу зэрыщытар къуажэдэсхэм зэIэпахыу ягъэхъыбарырт, псалъэм папщIэ, и дамащхьэм хьэжыгъэ къэп телъу зригъэзыхыурэ етIуанэ къэпыр дзэкIэ къищтэу щытауэ жаIэж. Уи гуащIэрэ уи пщIэнтIэпскIэ къэблэжьам нэхъ лъапIэрэ нэхъ IэфIрэ зэрыщымыIэр ищIэрти, зыщымысхьыжу лажьэрт. Уеблэмэ щIыр ивэу, зы выр лъэрымыхь хъуати, си адэм пхъэIэщэр зэпщIэхилъхьэу етIуанэ вым и гъусэу щываи къыхуихуащ. Мис апхуэдэт си адэр, - игу къегъэкIыж Исхьэкъ. - Гугъу ехьащ ди анэр, си шыпхъу нэхъыжьитIыр, Аслъэнхъанрэ Гуэщсымрэ, фэрэкI узыфэм ихьащ, си къуэшищымрэ сэрэ зы шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу диIэти, ари гуузу лIащ гъаблэ зэманым. Къапщтэмэ, ди сабиигъуэр зыхиубыда лъэхъэнэр гъаблэ зэманти, псом я дежкIи гугъуехьышхуэт. Ди адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ мыхъуамэ, дэри дыкъелыну къыщIэкIынтэкъым абы, ахэр хуабжьу къыддэIэпыкъуащ. Фызабэу, сабий быну къэна и пхъур Деунэж Бакъ и деж ишэжри, къытхуэсакъащ. Ди адэр пасэу лIэуэ ибэу дыкъызэрынар къыттрагъэхьэлъакъым адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ, Бакъ адэ папщIэу диIащ. Си анэшхуэ Чэбэхъан Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Беслъэней жылэм щыщт, Хьэтухэ япхъут. Си адэшхуэр фIыуэ щыгъуазэт адыгэ тхыдэм - тхылъым къриджыкIауэ аратэкъым, атIэ гъащIэм щызэхихат. ПщылIыпIэм ита и адэ Хьэжумар хьэзабу телъар и щхьэкIэ игъэунэхуат, жаIэжуи зэхихат. Абы и гурыхуагъэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, хъыбарыжьхэри, псысэхэри, тхыдэм щыщхэри куэду ищIэрт, ахэр къиIуэтэжынкIэ Iэзэ дыдэт. Япэ дыдэ нарт Сосрыкъуи, Сэтэнеи, Iэдиихуи, Лъэпщи я гугъу къысхуэзыщIар аращ. Ди анэшхуэмрэ ди анэмрэ КъурIэным пщIэшхуэ хуащIу щытащ, дахэу еджэрт, нэмэз ящIырт. КъикIыр къызгурымыIуэ пэтми, сфIэфIт си анэр абы щеджэкIэ сыщIэдэIуну. Адыгэм и тхыдэр къыщыгъэлъэгъуэжа роман купщIафIэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ МэшбащIэм. Абыхэм укъыщеджэкIэ блэкIамрэ нобэмрэ зэрызрипхыфыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Адыгэм и дыгъуасэм хэта нэпсымрэ гузэвэгъуэмрэ, зэныкъуэкъумрэ зауэ гуащIэмрэ, хьэзабымрэ гухэщIымрэ уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ сатырхэм укъоджэри, тхылъыр зэхуэпщIыжа нэужь, адыгэу укъызэралъхуам уримыгушхуэнкIэ Iэмал имыIэу гум къинэр лъэпкъым къыдекIуэкIыу щыта хабзэрщ, пэжыгъэрщ, гуапагъэрщ, лIыгъэрщ, хахуагъэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Исхьэкъ и романхэмкIэ къэкIуэнум дыхуэзышэ гъуэгур тхуегъэнэху. - Дэ ди блэкIам къыхэтхын хуейр гуIэгъуэмрэ нэпсымрэкъым, атIэ лIыгъэм, зэпIэзэрытыныгъэм, гуапагъэм я щапхъэрщ, ахэр дерс яхуэхъуну къысщохъу си тхылъым еджэхэм, - жеIэ абы. - Уи лъабжьэм и къежьапIэмрэ уи блэкIам къыхэпх дерсымрэщ къэкIуэнум и гъуэгур зыубзыхур. Ди щхьэщыгу ит дыгъэр илъэс мин бжыгъэ лъандэрэ и хуабэмкIэ гуашэу апхуэдэщ, лъэпкъ зэхэгъэж имыщIу, апхуэдабзэщ цIыхур псы Iубыгъуэ хуэзымыгъалIэ псыIэрышэхэри, гъавэ къызытрах щIы берычэтри. Апхуэдэ гупсысэщ си тхыдэ романхэм щыпхышар. Уи лъэпкъым и узыфэхэмрэ и гурыфIыгъуэхэмрэ умыщIэмэ, уи дыгъуасэмрэ нобэмрэ зумыгъэпщэфмэ, тхакIуэ, лэжьакIуэ, политик е цIыху зэпIэзэрыт къыпхэкIыну? Сэ сызыхуейр зыщ - адыгэм и тхыдэ пэжымрэ и щэнхабзэ къулеймрэ къыдэкIуэтей щIэблэм ящымыгъупщэнырщ. ИкIи абы теухуауэ си щIэджыкIакIуэхэм я гупсысэхэр къыщысхуаIуатэм деж си гуапэ мэхъу. Исхьэкъ и романхэм цIэрыIуэ ящIар езым и закъуэкъым, атIэ ди лъэпкъыр къэрал куэдым къащригъэцIыхуащ, адыгэм и псэкупсэ къулеягъыр нэгъуэщIхэм захригъэщIэфащ. Абы къыдэкIуэуи, и IэдакъэщIэкIхэм къыдэкIуэтей щIэблэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр зэфIигъэувэу, хэхэс адыгэхэм фIэщхъуныгъэ яхилъхьэжу, ди тхыдэм дерс щхьэпэ куэд къыхыдигъэхыу къызолъытэ. А псом езгъэфIэкIыр адыгэбзэкIэ зэрытхэращ. Урысейм и тхакIуэ нэхъыфIхэм хабжэ МэшбащIэ Исхьэкъ анэдэлъхубзэкIэ тхэжу и хэку зэрисыжым къыпэкIуэ фIыгъуэр пщалъэ гуэркIи къыпхуэлъытэнукъым. Абы зэрыжиIэмкIэ, тхакIуэр щыпсэун хуейри щылэжьэн хуейри къыщалъхуа и лъахэрщ. И адэжь хэкум гурыщIэ къабзэ хуимыIэмэ, абы и тхыдэм щымыгъуазэмэ, и блэкIамрэ и щыIэкIэмрэ имыщIэмэ, лъэпкъ таурыхъхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ щIамыпIыкIамэ, и анэдэлъхубзэр имыгъэшэрыуэмэ - лъэпкъ тхакIуэ щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар Москва щылэжьэну куэдрэ ирагъэблэгъащ: Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Правленэм и секретару, ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэу, «Октябрь» литературэ-художественнэ журналым и редактор нэхъыщхьэу… Зэгупсысыпхъэт, ауэ егупсысакъым. «Сэ сыкъулыкъущIэкъым, сэ сытхакIуэщ, сылъэпкъ тхакIуэщ. Сэ сIэщIэлъ Iэщэ нэхъыщхьэр – си адыгэбзэрщ. Сыт Москва сыкIуэкIэ сызытетхыхьынур? Зыщысхъуэжынут абы. Сэ сызэреплъымкIэ, тхакIуэр и лъэпкъ хэсыжын хуейщ, и лIыхъужьхэм къаухъуреихьу, арыншамэ купщIэ зиIэ гуэри IэщIэтхыхьынукъым», - жеIэ абы. А купщIэр къигъуэтын папщIэ, куэд «зэрегъэдзэкI тхакIуэм, къыкIэлъыкIуэ тхыгъэм иужь щихьам деж. Езым къызэрыджиIамкIэ, ику иту къапщтэмэ, зы романыр зы илъэскIэ егъэхьэзырри, зы илъэскIэ етхыж. Дауи, куэд щIэбджыкIын, зэбгъэзэхуэн хуей мэхъу, ар жанрым къыхуигъэув къалэнщ. Ар сыт щыгъуи йоджэ ди щIэныгъэлIхэм адыгэм теухуауэ ятххэм. Абы и мызакъуэу, роман зэхуэмыдэхэм иужь иту ар щылэжьащ Москва, Ленинград, Краснодар, Тбилиси, Ставрополь, Истамбыл, Париж, Тегеран, Дамаск, Каир щыIэ архивхэм. Абы и IэкIэ иIыгъащ лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэхэм ятхахэр, блэкIа жыжьэм къыщыхъуа-къыщыщIахэм ехьэлIауэ ятхыжа дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр. ЩIиджыкIащ урыс офицерхэм, генералхэм я гукъэкIыжхэр, хамэ къэралхэм щыщ тхакIуэхэм, тхыдэтххэм, дипломатхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыхум езым и дуней иIэжу къысщохъу. Ар тхакIуэмэ, а къигъэщI романым щопсэу, къигъэщI образхэм къаухъуреихьу. Абы теухуауэ МэшбащIэм жеIэ: - Литературэращ си гъащIэ хъужыр. Сыщыпсэу «дунейм» и гугъу пщIымэ, ар сыщытхэ стIолым деж щесхьэкI гъащIэращ. КъызэрыгуэкI цIыхум къыгурыбгъэIуэфынукъым тхакIуэм и художественнэ дунейр зыхуэдэр, абы къысхуихь гурыфIыгъуэмрэ гупсэхугъуэмрэ яхуэсIуатэкIэ сызэхащIыкIынукъым. Ауэ, ухуей-ухуэмейми, а гъащIитIыр зэдепхьэкIын хуей мэхъу. ИтIани, сэ насыпыфIэ сызыщIыр си лэжьыгъэм къысхуихь дэрэжэгъуэрщ. Тхэным сыхилъэса мы дызытет дунейр сщогъупщэж. Абыи щокIуэкI а псори: цIыхухэр къыщалъху, щолIэж, апхуэдабзэу фIыуэ щызэролъагъу е щызэщоIей, щызэфIонэ, щызокIуж, щогуфIэ, щогумэщI… Сэ дыкъэзыгъэщIа Тхьэшхуэм фIыщIэ хузощI тхакIуэ зэчийр къызэрызбгъэдилъхьам папщIэ. Сызэрытхэфым си гур хегъахъуэ, си псалъэкIэ си лъэпкъыр, си хэкур, цIыхугъэр зэрысIэтыфым сринасыпыфIэщ. Ауэ, пэжщ, литературэ лэжьыгъэр - гурыфIыгъуэм и закъуэкъым, атIэ гугъуехьышхуэщ. Хьэткъуэ Ахьмэд зэрыжиIэу щытам хуэдэу, узыхуей псалъэр а дакъикъэм къэбгъуэтыныр гугъущ - мастэкIэ псыкъуий къэптIыным хуэдэщ. ЦIыхухэр тхакIуэм и цIэрыIуагъым, и щIыхьым йохъуапсэ. Ауэ абыхэм ящыщу мащIэ дыдэщ тхакIуэр зэрыщхьэзакъуэр зыщIэр. ТхакIуэр сыт щыгъуи и закъуэу къыбгъэдонэ тхылъымпIэ напэ хужьым. Абы нэхъ гъунэгъу дыдэу иIэ цIыхури сэбэп къыхуэхъуфынукъым а зыхуэныкъуэ псалъэр къигупсысынымкIэ, и нэгу щIэт образыр и кIэм нигъэсынымкIэ, сюжет гъэщIэгъуэн итхынымкIэ. Ягъэгушхуэфынущ, чэнджэщ иратыфынущ, ауэ и тхылъымпIэ напэр из ящIыфынукъым. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




