ЩIыналъэм щыхъыбархэр

 

Проценти 9-кIэ хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хэт и IуэхущIапIэхэм (МСП) ящыщу республикэм и туризм IэнатIэм щылажьэхэм я бжыгъэм проценти 9-кIэ хэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIам елъытауэ е 475-рэ хъуащ.

Абыхэм ящыщу IуэхущIапIэ 300-м щIигъум цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыбэу зэпхар хьэщIэщхэмрэ санаторэ-курортхэмрэщ, адрейхэр - туроператорхэмрэ турагентствэхэмрэщ.

КъБР-м и МСП-м и IуэхущIапIэу туризмэ IэнатIэм пыщIауэ лажьэхэм я нэхъыбэр щытхар Налшык къалэмрэ – 217-рэ, Iуащхьэмахуэ районымрэщ – 137-рэ.

Республикэм и туризм IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIауэ ди щIыналъэм и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ я IуэхущIапIэхэм Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкI «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

 

Спортыр  - къуажэм

«Спортыр къуажэм» республикэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэм иджыблагъэ хэплъэжащ. Зэпеуэр хуэунэтIат къытщIэхъуэ щIэблэр спортым дегъэхьэхыным, гъащIэ узыншэм ахэр хуэущииным, республикэм и спорт инфраструктурэр егъэфIэкIуэным.

Зэхьэзэхуэр къызэригъэпэщащ КъБР-м Iуэхугъуэ куэдым хуэгъэпса и щIалэгъуалэ центрым, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Росмолодежымрэ къадэIэпыкъуу. Зэпеуэр ирагъэжьащ мы гъэм фокIадэм икIи абы хэтащ ди щIыналъэм и къуажэ администрацэхэр.

Республикэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIищыр яхьащ Къарэсу (Шэрэдж район), Алътуд (Прохладнэ район), Ново-Хьэмидей (Тэрч район) жылэхэм. Абыхэм иратынущ щIэуэ яухуэну спорт утыкухэм е щыIэхэр кърагъэщIэрэщIэжыну спорт Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, турник, тренажер сыт хуэдэхэр, нэгъуэщIхэри.

Сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу щытыну а спорт утыкухэм щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ папщIэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр, хэгупсэ Iуэхугъуэхэр, гуфIэгъуэ зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIынущ.

 

 Гъэлъэгъуэныгъэр Мэзкуу къыщызэIуах

Мэзкуу къалэм и «Система» сурэт гъэлъэгъуапIэм щагъэлъэгъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ» бгы-лыжэ курортым и тхыдэм теухуа, 1960-1970 гъэхэм абы траха сурэтхэмрэ фильмрэ. Проектыр къыхэзылъхьар «Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтырщ, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ РАН-м ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институтымрэ къыдэIэпыкъуу.

 Хьэлэмэтращи, гъэлъэгъуэныгъэм зыхуагъэхьэзыркIэрэ къызэгъэпэщакIуэхэм къагъуэтыжащ бгы лъапэм щыIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр 1978 гъэм щIы щIагъым зэрыщаухуам теухуа кинофильмыр. Ар япэу Мэзкуу щагъэлъэгъуэнущ.

«Iуащхьэмахуэ къакIуэ туристхэм я нэхъыбэм альпинизмэм, бгы-лыжэ спортым пыщIа щIыпIэущ ар зэращIэр. АтIэ, абы къыдэкIуэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ куухэр щрагъэкIуэкI, инженер пэхуэщIэ ехьэжьахэр щагъэзащIэ щIыпIэщ ар апхуэдэуи. Иджырей гъэлъэгъуэныгъэм и фIыгъэкIэ цIыхухэм зыщагъэгъуэзэфынущ абы щрагъэкIуэкIа, ноби щрагъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм телъыджэхэмрэ и тхыдэмрэ теухуа хъыбархэм», - жиIащ «Кавказ.РФ»-м коммуникацэхэмкIэ и унафэщI, жэрдэмщIакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ Баевэ Татьянэ.

 Сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм щыплъагъунущ «Иткол», «Чегет» хьэщIэщ цIэрыIуэхэм, «Ай» шхапIэм, Аблин Евгений и фэеплъым, нэгъуэщIхэми а лъэхъэнэм яIэ теплъэхэр зыхуэдар. Апхуэдэуи Мэзкуу ягъэхьынущ «Iуащхьэмахуэ» курортым и япэ лъэбакъуэхэм, туристхэмрэ альпинистхэмрэ абы щыгъуэ бгым зэрыдэкIам теухуа сурэтхэр, нэгъуэщIхэри.

 Мы гъэм щакIуэгъуэм гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къэIэпхъуэнущ, КъБР-р илъэси 100 зэрырикъум и цIэкIэ щыIэ паркым иджырей гъуазджэмкIэ и гъэлъэгъуапIэм сурэтхэмрэ фильмымрэ къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ ирагъэлъагъунущ. Абы иужькIэ, дыгъэгъазэм, Iуащхьэмахуэ и «Иткол» санаторэм цIыхухэм я пащхьэм къыщралъхьэнущ.

 

ЩIыналъэхэр зэпащIэ

«Якутия» авиакомпанием и къухьлъатэхэм зэпащIащ Кавказ Ищхъэрэмрэ КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ. ЖыпIэнурамэ, жэпэугъуэм и 5-м абыхэм япэу ягъэзэщIащ Налшык – Мэзкуу (Внуковэ) – Якутск авиарейсыр. ГъуэгуанэщIэм техьэ кхъухьлъатэм цIыхухэр зэрыщыкуэдам къигъэлъэгъуащ а зэпыщIэныгъэм ахэр зэрыхуэныкъуэр икIи щIэупщIэ абы зэриIэнур, щыжаIащ Налшык и аэропортым и администрацэм.

Иджы къызэIуаха рейсым фIыуэ хэлъщ Налшык деж ущитIысхьэу Мэзкуу (Внуковэ аэропортым) нэс улъэтэну, адэкIэ, Iуэху гуэрхэр щыIэмэ, абы уиIэпхъукIыу Якутск къалэм укIуэну Iэмал уиIэ зэрыхъуар. Апхуэдэуи Якутск къилъэтыкIхэр УФ-м и къалащхьэм къыщыувыIэфынущ е гъуэгуанэм пащэу Налшыкрэ Кавказ Ищхъэрэм и адрей къалэхэмрэ къэкIуэфынущ.

Абы нэмыщI, гъуэгуанэщIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ УФ-м и щIыналъэхэм я хьэрычэт щIэн Iуэху зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуа, туризм IэнатIэм зегъэужьа хъунымкIэ.

  СЫЖАЖЭ Аскэр.

 

Поделиться: