Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Шэджэм къалэм и къуажапщэм спорт утыкущIэ щаухуэ. Къэралым цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ 2025 гъэм ирагъэкIуэкIа урысейпсо интернет IэIэтым ар щытекIуауэ щытащ.

ПэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа, топджэгу губгъуэ щаухуэну щIыпIэр иджыпсту зэтес щащI, иужькIэ тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ. ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу къэухьхэмкIэ ихъуреягъкIэ кърагъэбыдэкIыжынущ, тренировкэхэр пщыхьэщхьэкIэ щрагъэкIуэкIыфын хуэдэу уэздыгъэхэри щыпадзэнущ.

Лэжьыгъэхэр мы гъэм икIэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.

«Къуажэ щIыпIэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Бахъсэненкэ къуажэм сабий сад щаухуэ, сабийуэ 140-рэ щIэхуэну.

Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мини 2-м нэблагъэ зыубыдыну ухуэныгъэм и блыджабэхэр яIэтакIэщ, унащхьэри тралъхьащ. Иджыпсту унэ щIыбымрэ пэш кIуэцIхэмрэ щолэжь. Абыхэм къадэкIуэу, инженер коммуникацэхэр, бжьамийхэр щIашэ.

 КъатитIу зэтет сабий садыр IыхьитIу гуэшащ икIи абы хэтщ сабийхэр щаIыгъыну, щагъэджэгуну, щагъэжеину пэшхэр, макъамэмрэ физкультурэмкIэ залхэр, нэгъуэщIхэри. Садым къедза щIыпIэм спорт утыкухэмрэ сабий джэгупIэхэмрэ щаухуэнущ, ахэр зыхуей хуагъэзэнущ.

Мыбдежми, лэжьыгъэхэр мы гъэм зэфIагъэкIынущ.

 Налшык къалэм Iэбыдэм и цIэкIэ щыIэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIхэм хиубыдэу пкъохэр щагъэуващ, ток кIапсэхэр щыпадзэжащ, зэ ирикIуэгъуэу уэрамым асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Иджыпсту псы жапIэхэр хуащI, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъазэ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкI. ИужькIэ, автобус къэувыIэпIэхэ ирикIуэу павильонхэр щагъэувынущ.

 «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфрастуктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, республикэм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм хиубыдэу, Шэрэдж щIыналъэм и автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ къагъэщIэрэщIэж. Иджыпсту Октябрьскэ уэрамыр зыхуей хуагъазэ икIи япэ ирикIуэгъуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Ауэ, абы ипэ къихуэу, метр 220-рэ зи кыхьагъ а уэрамым и лъабжьэр ягъэбыдащ, бордюрхэр щагъэуващ, псы жапIэхэр щыхуащIащ, псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр щагъэтIылъащ.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкI метр 240-м щIигъу зи кIыхьагъ Чеченовым и цIэкIэ щыIэ уэрамми.

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Приречнэ къуажэм и жыг хадэ цIыкIур къагъэщIэрэщIэжащ икIи зыгъэпсэхупIэ балъхь къуажэдэсхэм хуащIащ. Мыбдежым лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиящ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэуващ, лъакъуэрыгъажэкIэ къыщажыхьын щIыпIэхэр щыхухахащ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ.

 Приречнэ къуажэм иджыпсту цIыху 1200-м нэблагъэ щопсэу икIи иджырей жыг хадэ цIыкIу зэпэщ ящIар ахэм тыгъэ яхуэхъуащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

 Шэрэдж районым и Джэрпэджэж къуажэм щежэх Хъеу псым лъэмыжыщIэ тралъхьэ. Ар хохьэ «Вольный Аул – Хьэсэней – Джэрпэджэж – Къэщкъэтау» автомобиль гъуэгум. Мыбы ипэкIэ псым телъа лъэмыжыр 2026 гъэм гъатхэм щыIа псыкъиум трихауэ щытащ. Иджыпсту лъэмыжым щIэгъэкъуэнхэр хуащIащ, абы и лъабжьэр ягъэбыдащ, псы жапIэхэр къыхагъэщхьэхукIащ, псы Iуфэри зыхуей хуагъэзащ. Мыгувэу лъэмыжыщхьэр тралъхьэнущ. Лъэмыжым езым метр 20-м щIигъу и кIыхьащ, Холамскэ уэрамым и IыхьитI зэпещIэ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм зэфIагъэкIынущ.

 Республикэм и сымаджэщ зыбжанэм ухуэзышэ Малая уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын щIадзащ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм гъуэгущхьэр тратхъунщIыкI, мывэхэр кърагъэтIылъэкI, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъазэ, пэгъунэгъуу яухуэ лышхым щеIэзэ центрым деж мэшинэ гъэувыпIэ щащI.

 Ахэр зэрызэфIэкIыу гъуэгущхьэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, уздыгъэщIэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ.

ИщхьэIуэкIэ зэрыщыжытIащи, Малая улицэм ухуешэ сабийхэм щеIэзэ республикэ сымаджэщым, Сабийхэм я унэм, жьэн узымкIэ диспансерым, кардиологием, нэгъуэщIхэми.

 Тырныауз къалэм и Iуащхьэмахуэ уэрамым, Отаровым и цIэр зезыхьэ лицей №1-м деж къыщыщIэдзауэ «Геолог» спорт комплексым нэсыху, и лъэс лъагъуэр зэIузэпэщ ящIащ: тротуар плиткэ иралъхьащ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

СЫЖАЖЭ Аскэр.

 

 

 

Поделиться: