Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуаКъэбэрдей усыгъэр зыгъэбжьыфIэ бзылъхугъэ телъыджэхэм ящыщ зыщ ХьэIупщы Лолэ. 1929 гъэм Сэрмакъ къыщалъхуа Лолэ школ нэужьым колхозым щылэжьащ. Псэемыблэжу абы хилъхьа и гуащIэм къыпэкIуэу 1946 гъэм ХьэIупщым къратащ «За трудовую доблесть» медалыр. ИужькIэ Лолэ зэрихъуэкIащ лэжьыгъэ IэнатIэ зыбжанэ. Ауэ дэнэ щымылэжьами, абы усэ тхыныр зэи IэщIыб ищIакъым. И усэхэр куэдрэ къытехуащ газетхэм, журналхэм. ХьэIупщым и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжани къыдэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Жэналъкъы псынэ», «ЦIыхубз насып», «Анэм и гуащIэ», нэгъуэщIхэри. Мис а лэжьыгъэфIхэм папщIэ ХьэIупщы Лолэ 1984 гъэм къыфIащащ «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, къыхуагъэфэщащ ЩIыхь тхылъхэр, дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Зэман зэтемыхуэхэм ХьэIупщым хужаIащ щытхъу, псалъэ гуапэ куэд. Абыхэм ящыщ зыщ Мысачэ Пётр абы хужиIауэ щытахэри. «ХьэIупщы Лолэ и поэтическэ макъым зыкъомкIэ нэхъ зэрызилъэщIам, хэпщIыкIыу и тхыбзэр зэрефIэкIуам щыхьэт тохъуэ «Анэм и гуащIэ» усэ тхылъыщIэр. УсакIуэм и образнэ гупсысэхэр нэхъ Iэрыхуэ, и тхыгъэхэм яхэлъ гурыщIэр нэхъ куу, и бзэр нэхъ къабзэ зэрыхъуам гу лъыботэ тхылъым ущеджэкIэ. УсакIуэм и тематикэм нэхъ зиубгъуащ, Iуэхугъуэ нэхъыбэм нэплъысыф, а Iуэхугъуэхэр нэхъ тэмэму, нэхъ шэрыуэу зэпкърихыф хъуащ. УсакIуэр гуапэу тотхыхь нобэрей гъащIэм и IэфIыгъэ-дахагъэм, ди щIэблэ насыпыфIэм хэлъ жыджэрагъым, и быным папщIэ анэм иIэ гумащIагъэ-пцIанагъэм, Хэку зауэшхуэм ди лIыхъужьхэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ. Абыхэм къадэкIуэу, «Анэм и гуащIэ» тхылъым итщ усакIуэм и гъащIэ еплъыкIэр къэзыIуатэ усэ зыбжанэ: ЩIымахуэжьыр мыл жьгъырукIэ блауэ, Уей борэным сыхыхьэну сфIэфIщ. КъуакIи тафи уэсым исеяуэ, Япэу лъагъуэ сэ пхысшыну сфIэфIщ… Си Хэку-анэм лъэбакъуэщIэу ичым Iуэху зырыз сэ дэщIызгъуну сфIэфIщ. Си уэрэду гущIэм къитэджыкIыр Хэкум тыгъэу IэщIэслъхьэну сфIэфIщ… Авторым къызэригъэнаIуэщи, цIыхухэм я мурадыр, «Хэку-анэм лъэбакъуэщIэу ичым езым и Iуэху зырыз ядищIыгъуну зэрыфIэфIыр», зэригуращэр икъукIэ дэгъуэщ, цIыхуфIым, цIыху хьэлэлым дэплъагъу хьэл-щэнщ. Хэкум къиIэт IуэхугъуэщIэхэм, Iуэхугъуэ угъурлыхэм уи зэфIэкIым къитIасэмкIэ уи гуащIэ хэплъхьэн, бэм къызэдаIэт лэжьыгъэм уэри жыджэру, хьэлэлу ухэтын нэхъыфI сыт щыIэ! Апхуэдэ гурыщIэ гъуэзэджэр лъабжьэ, къежьапIэ зыхуэхъуа тхыгъэхэм уагъэпIейтей, гукъыдэж уагъэщI. ИгъащIэм жаIэ анэ быдзышэм нэхъ IэфI, нэхъ гуащIэ зэрыщымыIэр. Захуагъэмрэ угъурлыгъэмрэ и телъхьэу зи гъащIэр езыхьэкI цIыхум «нэсауэ шэ хьэлэл ефащ, и анэм зригъэфа быдзышэр и хьэлэлщ» хужаIэ. Анэм и гулъытэм ухуэфащэу ущытыныр насыпышхуэщ, езы анэм дежкIи гухэхъуэгъуэщ ар. А гулъытэм къыпкърилъхьа зэхэщIыкIыныгъэрауэ къыщIэкIынщ усакIуэм и тхылъым «Анэм и гуащIэ» щIыфIищари. Мы тхылъым ит усэ нэхъыфIхэм ящыщщ анэм папщIэ итхар: Соплъыр щхьэц чэсейхэм, Уи нэ схуэнэхъуейхэм. Къызэптащ уэ гъащIэ, Сипсыхьащ уи гуащIэм. Мы усэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр нэхъри наIуэ щещI, ар ипэкIэ «егъэкIуатэ» Лолэ «Сэлэтым деж» тхыгъэмкIэ: Сунж псы щхъуантIэр хуэму йокIуэсэхыр. Хэку къулыкъу зыщыпщIэр уэ мыбдейщ. Къэрэгъулу уи напIэр къемыхым, Си къуэ, уэ бгъэпэжыр Къэбэрдейщ… Узэфа анэбгъэм къыгуумыхыу, Си къуэ, уи Хэку-анэми хуэпэж! «Анэбгъэм къыгуумыхыу, Си къуэ, уи Хэку-анэми хуэпэж!» Хэкумрэ анэмрэ зэгуэхыпIэ имыIэу, а тIум нэхърэ нэхъ лъапIэ быным дежкIэ зэрыщымыIэм къыпкърыкI гупсысэр гуащIафIэу усэм къызэрыщиIуэтэфырщ «Сэлэтым деж» тхыгъэм къару къезытыр. «Гъатхэ макъамэ», фIищауэ усэ итщ «Анэм и гуащIэ» тхылъым. Мы усэр щыхьэт тохъуэ Лолэ зэманым, илъэсым нэхъ и дахэгъуэ дыдэ лъэхъэнэм, гъатхэм и дахагъэ псори ауэ сытми илъагъу къудейм къыщымынэу, атIэ псори гурэ псэкIэ усакIуэм зэрызыхищIэр. Гъатхэм темытхыхьа, гъатхэм и щIэращIагъэм димыхьэха усакIуэ къэгъуэтыгъуейщ. Абы къыхэкIкIэ гугъущ а темэм щIэуэ, щIэщыгъуэу зыгуэр щыжыпIэну. Ауэ «Гъатхэ макъамэ» усэм щIэуэ, уи гум ехуэбылIэу сатыр куэд ущрохьэлIэ. Лолэ и IэдакъэщIэкIхэр и щыхьэтщ ар поэзиер зищIысыр, абы и къалэн нэхъыщхьэр, ар зыхуэунэтIар фIыуэ къызыгурыIуэ усакIуэу зэрыщытым». Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




