Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм дежДетективым и гуащэ Кристи Агатэ дунейм зэрехыжрэ илъэс 50 ирикъуащ мы гъэм. Абы зыгуэркIэ епхауэ къэплъытэ хъунущ тхакIуэм и лIыхъужь цIэрыIуэ Пуаро Эркюль и ролыр нэхъ Iэзэу зыгъэзэщIа Суше Дэвид илъэс 80 зэрырикъуари. Куэдым ятх детектив. Зыгуэр яукIащ, ядыгъуащ е ягъэпщкIуащ, аращи, ар Iэгъуэблагъэм ит хабзэхъумэ лъэрызехьэ гуэрым къегъуэтыж. Адыгэ литературэм мыбыхэм япебгъэуэфыну яхэтыр КIыщокъуэ Рашид и тхылъищырщ: «Къэрэбэир и лъэужьым иту», «Щихъыжьым и Iэлъыныр», «Пароль тIуащIэ» жыхуиIэхэр. Абыхэм лIыхъужь нэхъыщхьэу къахэщ Шыкъуэ Жунид и образыр Пуаро ещхьу «зэхэIуэнтIакъым», итIани, адыгэ литературэм детектив хэткъым жыдигъэIэркъым. Кристи Агатэ дунейм тетыху роман 66-рэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ, Iуэтэжхэри пьесэхэри иIэщ. Роман 33-м, Iуэтэж 54-м Бельгием иIэпхъукIауэ Инджылызым щыхэхэс Пуаро Эркюль ущрохьэлIэ. Езым хуэдэ дунейм зэрытемытым шэч къытезымыхьэ щэхурылажьэр дагъуэ зимыIэххэ цIыхуу къигъэлъагъуэркъым Кристи, ИпэжыпIэкIэ фIырэ Iейуэ псори дызэхэлъщ. ЦIыхур зэрыщыт дыдэ зыщIыр дагъуэ зэримыIэра, хьэмэ гъащIэм къыщылъыс увыпIэм екIуу зэритыфра? ТхакIуэм и автобиографием щыжеIэ ди къалэну къилъытэр: «Тхьэшхуэм зэфIэкI нэхъыфI дыдэу къытхилъхьар зыгурыдгъаIуэу, а лъэныкъуэм зедгъэузэщIынырщ». Суше Дэвид зэфIигъэува Пуаро и образыр щыплъагъукIэ, а къалэныр тIуми нэсу зэрагъэзэщIам уемыгупсысыпIэ иIэкъым. А артистым ипэкIи ягъэуват Кристи Агатэ и детективхэр. Ауэ лIэщIыгъуэ псокIэ узэIэбэкIыжмэ дунейм ехыжа тхакIуэм и нэгум щIэта цIыхур мелуанхэм я фIэщ зыщIар Сушещ. 2013 гъэм Пуаро дунейм зэрехыжам теухуа иужьрей сериер трахыу, лэжьыгъэр и кIэм нагъэса нэужь, артистым, «Пуарорэ сэрэ» фIищри, тхылъ итхыжащ. Джэгуну къыщыжраIа махуэм щегъэжьауэ и кIэм нэс къеIуэтэж Суше Iуэхур къызэрекIуэкIар. Жэрдэмыр къыхэзылъхьа Инджылызым и ИТВ каналым езы Суше и къуэш нэхъыжьыр щылажьэрт. Кристи и лIыхъужьым и ролыр къыщыхуагъэлъэгъуам: «Умыдэ, уэ пхуэгъэзэщIэнукъым ар», - занщIэу къыжриIащ и къуэшым. Дэвид Кристи и зы тхылъи емыджауэ къыщIэкIащ а махуэм ирихьэлIэу. Ахэр щIиджыкIмэ, Пуаро къызэрызыфIигъэщIыр къыхитхыкIыурэ, и лIыхъужьым нэщэнэ 93-рэ дилъэгъуауэ къыщIэкIащ, а псори зэрызыхилъхьэным елIэлIащ. И бгыр сантиметр 22-кIэ нэхъ пшэр зэращIари, тхышэу, къыущхьэ зыфIэт баш цIыкIу зыщIигъакъуэу, лэрыпс зэрылъ жып сыхьэт зэрихьэу, Пуаро и бабыщ зекIуэкIэм техуэн папщIэ, и лъакъуэ зэхуакум ахъшэ жьгъей диубыдэу зэрыщытахэм ятеухуа хъыбархэм кIэ яIэкъым. 13-рэ ягъэуват Суше ипэкIэ Пуаро зыхэт фильмхэр. Ауэ, Кристи и пхъум зэрыжиIэжамкIэ, Агатэ абыхэм ящыщу зыри игу ирихьатэкъым. СериалыщIэм лIыхъужь нэхъыщхьэу щыджэгунур къыхэзыхари Розалиндэщ. И анэм и зэчийм щыщ хэлъа къыщIэкIынщ абы, апхуэдизкIэ зэщхьэщокI ипэкIэ щыIахэмрэ иджыреймри. Чэнджэщхэм я нэхъыфIыр Розалиндэ и лIым къыжриIауэ игу къегъэкIыж Суше: «Зыщывмыгъэгъупщэ! Пуаро и гъусэу дыдыхьэшх хъунущ, ауэ езым зэи дыщывмыгъэдыхьэшх». А гупсысэм и фIыгъэкIэ, «жылэм емыщхьу» къыпфIэщI персонажыр егъэлеяуэ гурыхь хъуащ. Пщэдджыжьым хутрагъэува джэдыкIэ гъэваитIыр зэрызэхуэмыдизым щхьэкIэ зэрыхуэмышхри, и джанэ пщампIэхэр быдэу зэфIэтын хуэдэу крахмал зэрыщIамыгъэжри Пуаро нэхъ гумащIэ ухуэзыщI и нэщэнэущ Суше къызэригъэлъагъуэр, ар уэ нэхърэ нэхъыкIэ зыщI хьэл мыгъуэукъым. Езы Сушеи абыхэм ящыщ гуэрхэр зыдилъагъужу е далъагъуу къыщIэкIащ. Щапхъэм и хьэтыркIэ, цIыхубзхэм пщIэ егъэлея яхуэзыщI Пуаро ещхьу, артистри бзылъхугъэ щыту емытIысэхыфу жаIэ. Кристи и тхылъхэмрэ мы фильмымрэ узэхуеплъмэ, уигу къэмыкIыу къанэркъым абы и лIыхъужь нэхъыщхьэр цIыхухъуу щытми, ар езы тхакIуэм зыгуэркIэ зэрещхьыр. Кристи тхылъ зыбжанэ иIэщ и щхьэм щытепсэлъыхьыжу. Детективхэр псори цIыхухэр зэраукIым теухуа хуэдэу къыпфIэщI щхьэкIэ, а псоми гъащIэм и IэфIыр щытепщэщ. Пэжымрэ пцIымрэ зэхэбгъэкIмэ, адрейхэм лей иумыхмэ, ар уигу хэхъуэу къыпхуэгъэщIынущ, Кристи зэреплъымкIэ. Детективхэр ахъшэ къилэжьын папщIэ итха хуэдэу, кууагъ яхэмылъу жаIэ щхьэкIэ, абыкIи акъылэгъу ухъуну гугъущ. Кристи и сюжет ухуэкIэр къызэрымыкIуэу удэзыхьэхщ, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, щIыпIэ куэдым къыщызыкIухьа, гъащIэшхуэ къэзыгъэщIа цIыхубзым абы хэтхэми фIы дыдэу зэрахищIыкIыр нэрылъагъущ. ЩIэпхъаджащIэхэр мащIэ дыдэщ. Абыхэм ящыщ куэдым мыхъумыщIагъэр къыдалъху, бгъасэу щытми, пхуэмыхъуэжыну. Ауэ цIыхухэм я нэхъыбэр фIыр я гум илъу мэпсэу. Апхуэдэ хьэл дахэ зиIэщ Кристи и щэхурылажьэ цIэрыIуэри. Пуаро Бельгием къиIэпхъукIа, псоми франджыуэ къафIэщI хэхэсщ. Абы и фIыгъэкIэ, Кристи инджылызхэм ятепсэлъыхьыну Iэмал егъуэт. Фильмым пасэрей Европэри, сериехэр щытраха къуэкIыпIэ къэралхэри дахащэу къызэрыщыгъэлъэгъуам нэмыщI, тхакIуэм и лъэпкъэгъухэм я лIэужьыгъуэ псори утыку къришэну зэрыхузэфIэкIам укъегъэуIэбжь. Иджы нэхъ хьэлэмэтым дыкъэсащ. Суше Дэвид къызытехъукIа и адэжьхэр Урыс империем иIэпхъукIа журтхэщ, лъэпкъ дэкъузэныгъэм къыхэкIыу, япэщIыкIэ Литвам, иужькIэ Африкэ Ипщэм къыщыхутауэ. И анэм и лъэныкъуэхэр Витебск иIэпхъукIри, Париж щетIысэхауэ щытащ. Журтхэр гугъу щрагъэхь зэманти, захигъэгъуэщэн папщIэ, Дэвид и адэшхуэ Сушедович Исидор унэцIэр игъэкIэщIри, Сушет, иужькIэ Суше хъуауэ аращ. И адэмрэ и анэмрэ щызэрыцIыхуар Лондонщ: и адэр дохутырт, и анэр – актрисэт. Фильмым елэжьын щыщIадза I988 гъэм Суше зэрыхъур илъэс 42-рэт. Сезон 13 трахащ, цIыхухэр къэлъаIуэм къыщIадзэжурэ. Ипэм деж жьыфэ къытрагъэуэн хуей хъуами, зэрыжаIэжымкIэ, зи щхьэцыр икIа артистыр хуэмурэ парик хуэмеиж хъуащ. «Дауэ апхуэдэу жьыфэ зытебгъэуэфа?» - жаIэурэ къызоупщI. «Зытезгъэуакъым, - яжызоIэ, - сэ езыр Пуаро и гъусэу жьы сыхъуащ». Илъэс 80-р зыгъэлъэпIа артистыр псэущ, узыншэщ. 2020 гъэм пащтыхь гуащэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, абы «рыцарь-бакалавр» цIэ лъапIэр къыфIащащ, драматургиемрэ псапэ IуэхукIэ илэжьахэмрэ папщIэ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




