КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм цIыхухэм

Зэрызахуигъазэ

Ди лъахэгъу лъапIэхэ!
Хабзэхъумэ IэнатIэ­хэм я лэжьакIуэхэу зи къулы­къу зыгъэгъэзащIэу хэ­кIуэ­да­хэм нобэ я фэеплъ махуэщ - ди республикэм и тхыдэм нэхъ гуауэшхуэу къыхэна махуэхэм ящыщ зыр къызэры­хъу­рэ илъэс 21-рэ ирокъу. Абы щыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык террористхэр къы-         теуат. 
IэщэкIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм къебгъэрыкIуэныр пщэд­­джыжьым яублат, къа­лэдэсхэр пIащIэу лэ­жьа­пIэ щыкIуэм, сабийхэр еджа­пIэм­рэ сабий гъэсапIэхэм щы­зэбграш дакъикъэхэм. Махуэ къызэрыгуэкIт ар, цIыхухэм я щхьэ Iуэху зэрахуэрт, дауи, ап­хуэдэ удын зыри пэплъэртэ­къым.
Террористхэм ялэжьа щIэп­хъаджагъэхэм цIыху мамыр 14-рэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу 35-рэ хэкIуэдащ. А къэхъугъэр сыт щыгъуи гур ихузу дигу илъынущ. А гузэвэгъуэм лажьэ имыIэу хэкIуэдахэм я фэ­еплъым ди щхьэр худо­гъэщхъ. ЩIыхь пылъу и кIэм нэс зи къулыкъур зыгъэ­зэ­щIа щIалэхэм я цIэр зэи тщы­гъупщэнукъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми и фэеплъыр игъащIэкIэ ди гум къи­нэнущ.
ЛIыгъэ яхэлъу биишэм пэ­щIэува, зи лъэпкъыр зыхъу­ма хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм зэрахьа хахуа­гъэм щIыхь яхудощI, абыхэм дыщахъумащ щIэпхъэджагъэм и Iэужь нэхъ шына­гъуэж­-хэм. 
Къэхъуа бзаджэнаджагъэм ди нэгу щIигъэкIащ тер­роризмэм къихь на­сы­пын­шагъэр, ар зыкIи пхуэ­гъэ­зэхуэнукъым. Апхуэ­дэ дыдэу ди къэралыр тер­ро­ризмэмрэ экстремизмэм­рэ аргуэру япэщIэтын хуей  щыхъу лъэхъэнэм псори дызэкъуэту ткIийуэ дыпэ­щIэу­вапхъэщ щIэпхъаджагъэм.
Шэч къытесхьэркъым уна­­фэщIхэм, хабзэхъумэ Iэна­тIэ­­хэм, жылагъуэ псом я ­къарур зэдгъэуIумэ, дыкъыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым ­шынагъуэншагъэр къы­­­зэ­ры­щызэд­гъэпэ­щы­фынум.

Поделиться: