Адыгэ хабзэм и фIыгъэкIэАдыгэм иIащ зы хабзэ телъыджэ – бзылъхугъэм и IэлъэщIыр зэтрихыу зауэ губгъуэм къихьамэ, цIыхухъухэм я Iэщэр ирахьэхрэ зэхэуэр ягъэувыIэу. АпхуэдизкIэ цIыхубзым и пщIэр лъагэти! А хабзэм щыгъуазэт Посыпкин офицерым и щхьэгъусэри… Сочэ къалэ и Iэхэлъахэм итащ Нэвагъуэ быдапIэр (Александрие быдапIэ жыхуаIэр). 1839 гъэм ар яубыдыну адыгэ гуп теуат. БыдапIэм дэс урыс сэлэт 400-р къыдэнат абы, къадэIэпыкъуни ямыIэу. Бийр зыщыгугъыр хымкIэ къекIуэлIэн хуейуэ зэжьэ урысыдзэрат. Адыгэхэр я шэм щымысхьыжу быдапIэм трагъэщащэрт. Зыгуэр щIэн хуейт, урысхэм къару яIэжтэкъым, зэхэуэм куэд дыдэ хэкIуэдат. Бгырысхэр зыгуэрурэ къызэтрамыгъэувыIэмэ, хьэбэсабэр къыхрагъэхынут. А быдапIэм къулыкъу щызыщIэхэм ящыщт урысыдзэм и подполковник Посыпкиныр. Абы и щхьэгъусэ Марие щыгъуазэт адыгэ хабзэми, бзаджагъэ екIуащ урыс сэлэтхэр гузэвэгъуэм къришын мурадкIэ. Абы и фэилъхьэгъуэхэм нэхъ дахэ дыдэу хэт бостей хужьыр къыщитIагъэщ, жьауэ хъар цIыкIу къищтэри, щхьэпцIэу быдапIэм и щхьэм къытеуващ, дыгъэ зригъэу хуэдэу къикIухьу. Бзылъхугъэ щхьэпцIэ зэралъагъуу, адыгэхэм арыххэу я зэуэныр щагъэтащ. Урыс сэлэтхэр гужьеяуэ зэхэтт, адыгэхэми я напIэмрэ я Iэхэмрэ ехьэхауэ щытт… Дыгъэ жьэражьэм игъэмэхауэ сыхьэт бжыгъэкIэ быдапIэ блыным тетауэ жаIэ Марие, урысхэм я къарур къызэрыгъуэтыжу, бгырысхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэр зэтраублэху. А махуэм быдапIэм зитакъым. Марие къылъыкъуэкIа акъылымрэ хахуагъэмрэ папщIэ налкъут-налмэскIэ гъэщIэрэщIа пхъуантэ цIыкIу тыгъэ хуащIауэ щытащ, абы и щхьэгъусэ подполковникым полковник цIэ лъапIэри къыфIащащ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




