ЩIыналъэр зэщIигъэкIуэтынущ

Британ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, хуэм-хуэмурэ ЩIым иджыри зы хышхуэ къыщоунэху. ИкIи абы Африкэр тIу ирищIыкIыу а щIы Iыхьэр зэрызэкIэщIигъэкIуэтынум шэч къытрагъэжыркъым.

Къумымрэ уэгъумрэ хэщIапIэ яхуэхъуа щIыналъэм хиубыдэ къэралыгъуэхэу зэи тенджыз, хы, гуэл жыхуаIэхэр зымылъэгъуа Замбиемрэ Угандэмрэ псы Iуфэ хъунущ. Дауи, ар нобэ-ныжэбэ Iуэхукъым, абы зэманышхуэ ихьынущ. Хэт ищIэрэ, зэгуэр Гибралтар тIуащIэр къызэгуитхъыу хы ФIыцIэм зэрызыкъиIэтам, зэман кIэщ дыдэм къриубыдэу Iузэв къызэрыунэхуам хуэдэу хъунри хэлъщ.

Нубие, Самоли, Хьэрып тектоническэ плитэхэм я зэпылъыпIэхэр зэрызэгуэтхъыр къыщахута лъэхъэнэращ (2005 гъэм) хыщIэм и хъыбарыр къыщыIуари. Геофизикхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыр зэгуэкIыу хы къызэрыунэхум и щапхъэу нобэкIэ а щIыпIэм и закъуэщ дунейм тетыр. Апхуэдэ дыдэущ зэгуэр хы Плъыжьымрэ Аден тIуащIэмрэ къызэрыунэхуауэ щытари.

Мы Iуэху еплъыкIэу британ щIэныгъэлIхэм хагъэIуам США-м и геофизикхэри щыхьэт тохъуэ. Абыхэм къызэрахутамкIэ, Хьэрып плитар Африкэм пэщIокIуэт илъэсым сантиметри 2,5-кIэ. Иджыблагъэ Тыркум къыщыхъуа щIыхъей шынагъуэм иужькIэ, Хьэрып плитар зэуэ метри 3-кIэ Iэпхъуащ. Апхуэдэу щIыуэпс насыпыншагъэ зыбжанэ иджыри къэхъужмэ, илъэс мелуан бжыгъэ дэкIмэ къэунэхуну жыхуаIэ хыр ди щIэблэм я нэгу щIэкIынри хэлъщ.

Ауэ хьэкъыр зыщ – Африкэм и къуэкIыпIэр гуэкIынурэ, щIыналъэ щхьэхуэ къэунэхунущ. Ар зыкIи узыпэщIэмыувэфын Iуэхущ.

ТАМБИЙ Гуащэмахуэ.
Поделиться: