Тонн мин 11-м щIигъу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэIум Къэбэрдей-Балъкъэрым какаоу, шоколаду, IэфIыкIэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъыр тонн мин 11,28-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 128,6-кIэ нэхъыбэщ ар. КъищынэмыщIауэ, шыщхьэIу мазэм къриубыдэу къыщIагъэкIа продукцэм и куэдагъыр проценти 114,5-кIэ нэхъыбэщ 2025 гъэм и шыщхьэIум яхузэфIэкIам нэхърэ.

Республикэм ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмрэ елэжь и IуэхущIапIэхэм нэкулъ лIэужьыгъуэу тонн 573,5-м нэблагъэ къалэжьащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 32,2-кIэ нэхъыбэ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу лыхэкIыу къыщIагъэкIам и куэдагъым процент 45,4-кIэ хагъэхъуащ е тонн мини 145,4-рэ ар хъуащ. ШыщхьэIу мазэм къриубыдэу къалэжьар проценти 160-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхъри.

2026 гъэм и мазийм республикэм шэ зэфэу къыщыщIагъэкIащ тонн 32,12-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 110,8-кIэ хуокIуэ ар. Кхъуейрэ кхъуейлъалъэу къалэжьар тонн мини 3,53-рэ хъуащ е нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10,2-кIэ нэхъыбэ. Шхууэ ягъэпцIащ тонн мин 18,86-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 113,4-кIэ нэхъыбэ.

КъищынэмыщIауэ, Iэщым ирагъэшх Iусыпхъэу къалэжьам хуэдэ 1,5-кIэ хагъэхъуащ е тонн мин 90,8-рэ ар хъуащ.

Нарзаныпсрэ псыIэфIу къыщIагъэкIар, литр ныкъуэ зэрыхуэ птулъкIэхэм игъэхъуауэ, мелуан 74,1-рэ хъуащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 22,8-кIэ нэхъыбэщ. Фадэу щымыт нэгъуэщI псыхэкIыу птулъкIэхэм ирагъэхъуар мелуани 6,89-рэ хъуащ е нэгъабэрей бжыгъэхэм елъытауэ проценти 2,5-кIэ нэхъыбэщ.

Апхуэдэу щыхъукIи языныкъуэ ерыскъыхэкIхэмкIэ щыIа бжыгъэхэр нэхъ мащIэщ 2025 гъэм и щIышылэм – шыщхьэIум яхузэфIэкIам елъытауэ. ЖыпIэнурамэ, тхъуцIынэу, тхъу гъэвэжауэ, шэ дагъэу къыщIагъэкIар зэрыхъуар тонн мин 1,18-рэщ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм къалэжьам и процент 85,5-рэ.

ХадэхэкIрэ Iэгъэбэгуу траIуэнтIащ банкI мелуан 52-м нэблагъэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам и процент 52,2-рэщ ари зэрыхъур.

2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэIум къриубыдэу щэкIым елэжь IуэхущIапIэхэм продукцэ зэхуэмыдэу мелуан 15,06-рэ къыщIагъэкIащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 114,5-кIэ нэхъыбэ. Абы щыщу мелуан 14,29-р тепIэнщIэлъынрэ щIагъэщIэлърэщ. Ари процент 114,5-кIэ нэхъыбэщ 2025 гъэм и мазийм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ.

Ухуэныгъэхэм къыщагъэсэбэпу цементу, бетону, IэрыщI мывэм къыхэщIыкIа продукцэу къыщIагъэкIар кубометр мин 38,9-рэ хъуащ е нэгъабэ яхузэфIэкIам нэхърэ процент 29,3-кIэ нэхъыбэ. Асфальтрэ бетону зэхэщIащ тонн мини 109,2-рэ е нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ проценти 115,3-кIэ нэхъыбэ.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу электрокъарууэ къалэжьащ киловатту мелуан 440,9-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 6,5-кIэ нэхъыбэ. Псы хуабау къалэжьащ гигакалориеу мелуан 1,17-рэ е нэгъабэрейм нэхърэ процент 23, 3-кIэ нэхъыбэ.

АРХЭСТ Аслъэнбэч.
Поделиться: