ЛъагапIэщIэхэр зи плъапIэ

УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм (Рособрнадзор) и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди щIыналъэм щыцIэрыIуэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр яхохьэ зи къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэлъэщ IуэхущIапIэхэм. Абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу йозагъэ къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ егъэджэныгъэ мардэхэмрэ.

ЕджапIэ нэхъыщхьэм къэрал хуитыныгъэ иIэщ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр лъэпкъ экономикэм хуэгъэхьэзырынымкIэ. КъБКъМУ-м нэхъапэкIэ зыщыхурагъаджэ унэтIыныгъэхэмрэ щагъэхьэзыру щыта IэщIагъэлIхэмрэ мы зэманым къахэхъуащ «Экономикэмрэ управленэмрэ», «Юриспруденцие» IэщIагъэхэр. КъинэмыщIауэ, къэпщытэныгъэхэм къарита хуитыныгъэмкIэ университетым щагъэхьэзырынущ «Ветеринарие» IэщIагъэм хыхьэ унэтIыныгъэу 22-мкIэ бакалаврхэр. Магистратурэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэфынущ унэтIыныгъэу 17-мкIэ, аспирантурэм – унэтIыныгъи 6-мкIэ. Университетым Тэрч щиIэ къудамэм унэтIыныгъи 5-мкIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр.

Дауи, еджапIэм зыIэригъэхьэ апхуэдэ ехъулIэныгъэм я щIыбагъ къыдэлъщ абы  щылажьэ щIэныгъэлIхэм, профессорхэм, доцентхэмрэ аспирантхэмрэ я лэжьыгъэ хьэлэл. Нобэ КъБКъМУ-р Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. А еджапIэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэр дунейпсо мардэхэм, щIэныгъэ-инновацэ лъабжьэ зиIэхэм, хуокIуэ. ЛэжьыгъэкIэ ар япыщIащ ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, мэкъумэш-промышленнэ IуэхущIапIэхэм. Гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ еджапIэм кърагъэблагъэурэ студентхэм хуагъазэ, мастер-классхэр драгъэкIуэкI Урысей Федерацэм, апхуэдэу дуней псом къыщацIыху егъэджакIуэхэр, IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэ Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, студентхэм университет гъащIэр щIэщыгъуэ щащI, еджэным драгъэхьэх, иужькIэ къахуэщхьэпэжыну сертификатхэри ират.

IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ зыбжанэу зэщхьэщыха егъэджэныгъэ мардэр къагъэсэбэпу, КъБКъМУ-м гулъытэ хэха хуещI мэкъумэш щIэныгъэм адэкIи зегъэужьыным, ар бизнесымрэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ проектхэмрэ япыщIэным. Езым хуэдэ IуэхущIапIэхэм зэрапыщIам университетым и IэщIагъэлIхэми абы щеджэ студентхэми Iэмал къарет нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI егъэджэныгъэ мардэхэм, Iуэху зехьэкIэхэм щыгъуазэ зыхуащIыну, абыхэмкIэ зэдэгуэшэну. ЕджапIэм Iэмал псори иIэщ квалификацэ лъагэ зиIэ, XXI лIэщIыгъуэм къигъэув къалэнхэм пэлъэщыфын IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ. А Iуэхухэм къызыхуэтыншэу  полъэщ къэрал стандарт лъагэхэм хуэкIуэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэр, щIэныгъэ-къэхутэныгъэр ехъулIэныгъэ пылъу  щызэфIах еджапIэ нэхъыщхьэр.

Университетым нобэкIэ студент минхэр щоджэ. Курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэр я IуэхущIапIэм кърашэлIэн папщIэ лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкI. ЩIалэгъуалэм къищынэмыщIауэ, адэ-анэхэри хэту зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщ. Апхуэдэу еджапIэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ бжэ зэIухам и махуэм абы куэд къокIуалIэ. Ди жылэхэм дэт курыт еджапIэхэм къикIыурэ ныбжьыщIэхэм университетым и щыIэкIэ-псэукIэм, и къудамэхэм, егъэджакIуэхэм, уеблэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэр къаухмэ, лэжьыгъэ IэнатIэ яхуэхъунухэм щагъэгъуазэ.

ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа студентхэр езы университетым къызэрагъэнэжыным хущIокъу, ахэр аспирантурэм щIэтIысхьэнымкIи, иужькIэ я щIэныгъэ лэжьыгъэхэр пхагъэкIынымкIи дэIэпыкъуэгъу яхуохъу.  Университетым щолажьэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ центр. Абы щылажьэхэм я къалэнщ диплом зыIэрыхьахэм лэжьыгъэ къагъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну. Абы папщIэ КъБКъМУ-р ди республикэм ит IуэхущIапIэхэм жыджэру ядолажьэ, студентхэри абыхэм практикэ ягъакIуэ.

ЕджапIэ нэхъыщхьэм и фIагъыр къызэрахутэ Iэмалхэм ящыщщ абы и аспирантурэм къыщIигъэкIхэм я лэжьыгъэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу утыку зэрырахьэфыр. А лъэныкъуэмкIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьэ КъБКъМУ-м и аспирантхэм. ЕджапIэр къауха нэужь, илъэс нэхъ мыгувэу абыхэм я кандидат лэжьыгъэхэр зэрыпхагъэкIыр абы и щыхьэтщ. КъинэмыщIауэ, университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ягъэхьэзыр щIэныгъэ-инновацэ лэжьыгъэхэм гулъытэ лъагэ щагъуэт  ди къэралым и щыхьэр Москва и ВДНХ-м щекIуэкI хабзэ Урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэхэм.

ЖыпIэнурамэ, КIуэкIуэ Валерий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым зызыужь, ефакIуэ, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэ  еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. КъызэрызэIуахрэ илъэс 45-рэ ирикъуа еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэми, егъэджакIуэхэми, студентхэми дохъуэхъу ехъулIэныгъэщIэхэм, текIуэныгъэ инхэм, лъагапIэщIэхэм уахуэзышэ мурадыщIэхэр я гъуазэу узыншэу IэнатIэр ирахьэкIыну.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: