ДыкъызыхэкIа лъэпкъыр дымыгъэгъуащэу

Адыгэм и хабзэмрэ щэнхабзэмрэ я къэщIэрэщIэжыгъуэм дыхэту жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ, нобэрей щIэблэм уахэплъэмэ. Лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщIаджыкIыр, IэпщIэлъапщIагъэр къызэращтэжыр абы и щыхьэтщ. Дэнэ дежу пIэрэ тIэ къыщежьэр лъэпкъ зэхэщIыкIыр? Абы и жэуап хыдолъагъуэ адыгэм и щэнхабзэм и курыхым хэт щIалэхэм я гупсысэм.
Сатибал Казбек («Дуней» сабий къэфакIуэ гупыр егъасэ): «Лъэпкъ къафэм и мыхьэнэр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, япэрауэ, уи хабзэр зэрыуигъэхъумэрщ. Ди лъэпкъ къэфэкIэхэр гъуазджэм и лъагапIэу къалъытэ. Ахэр дгъэкIуэдмэ, апхуэдиз илъэскIэ къыддэгъуэгурыкIуа щэнхабзэри бзэхынущ. Нобэрей зэманми декIуу ар зепхьэфынущ. 
Сэ езыр гъэсапIэм щегъэжьауэ къафэм сыт щыгъуи сыпыщIауэ щытауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ 5-нэ классым щегъэжьауэ нэхъ куууэ абы зыхуэзгъэсэн щыщIэздзащ Быкъыш Казбек деж. Абы щыгъуэм къызгурыIуат къафэм си гъащIэр епхауэ щытыну сызэрыхуейр. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ. «Терчанка» цIыхубэ ансамблым илъэсипщIым щIигъукIэ сыхэтащ, ГуэныкIэ Лиуан дигъасэу. Абы и деж си IэщIагъэм теухуауэ куэд къыщысщIащ, си зэфIэкIым щыхэзгъэхъуащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Унагъуэм, си адэ-анэм си Iуэхур къызэрыздаIыгъри зыщызгъэгъупщэркъым. 
 «Кабардинка» къэрал ансамблым зэман кIэщIкIэ сыхэтащ. Абы ирихьэлIэу, Дей къуажэм сабий гуп згъэсэну къэсщтати, наIуэт а лэжьыгъэр нэхъ къызэхъулIэну сыхуеймэ, а тIум я зыр къызэрыхэсхыпхъэр. Ансамблым сыхэтмэ, мыдрей лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл хъурт. Арати, си гур зыхуэгъэтIылъауэ къыщIэкIар сабийхэр гъэсэнырщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэрызухыу, 2019 гъэм иужь сихьащ абы.
Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, иджыпсту икIи гугъущ цIыхур къыдэпхьэхыну, къэфэным хэпшэну. Абы и щхьэусыгъуэр зэманым зэрызихъуэжар арауэ къысщохъу: гур, нэр зыхьэхуу куэд къежьащ, телефоным, Интернетым хущIигъэхьэркъым. ГукIи псэкIи къыхэзыхауэ къафэм зыхуагъэсэну си деж къакIуэхэм нэхъыбэ зэрезгъэщIэным сыхуопабгъэ. 
Узыншагъэм ехьэлIауи къафэм мыхьэнэ пыухыкIа егъэзащIэ: сабийм и Iэпкълъэпкъым, макъхэр зэрызэхих-зэрызыхищIэ щIыкIэм зрегъэужь. ЩIалэ цIыкIухэм я хьэлри абы епсыхь жытIэ хъунущ - къафэм зэрызыщагъазэ Iэмалхэр нэхъ гугъущи, бэшэч ещI. Гуп щIыжаIэжыр цIыху хыхьэкIэ, хэтыкIэ пщIэн хуейуэ аращи, абы ехьэлIауи къафэм мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. Нэхъ пасэм ди лъэпкъэгъухэм фащэр зэрызэрахьэу щытар нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъурт, ар щыптIэгъамэ, уи хьэл-щэнкIи удекIупхъэт. Ар, дауи, си гъэсэнхэм зэхащIыкIри, я дуней тетыкIэкIи абы зэрыхуэфэщэным хуопабгъэ. Фащэр щыптIэгъэн щхьэкIэ, уи гупсысэкIэри абы техуэу щытын хуейщ. 
Шагъырбей Елдар (уэрэджыIакIуэ): «СызэрыцIыкIурэ си адэ-анэм адыгэ хабзэм тету сыкъагъэхъуащ. Адыгагъэ схэлъын зэрыхуейм, сыкъызыхэкIа лъэпкъыр зыщызгъэгъупщэ зэрымыхъунум зэпымыууэ сыщIагъэдэIуащ. Лъэпкъ щэнхабзэ къыддэгъуэгурыкIуам, ди тхыдэмрэ ди адэжьхэм яхэлъа лIыгъэмрэ, дуней псом «Шэрджэс»-кIэ дыкъызэрыщацIыхум япэ дыдэу щыгъуазэ сыхъуауэ щытащ курыт школым и етхуанэ классым сыщIэсу. Абыхэм сыщIигъэдэIуат географиемкIэ дезыгъэджа Шэрхъ Арсен. Абы лъандэрэ си гум ислъхьауэ щытащ адыгэ лъэпкъым си зэфIэкI къихькIэ сытелэжьэну, сэбэп сыхуэхъуну. Зэман дэкIами, си мурадхэм захъуэжакъым. Адыгэм и тхыдэм зыщызгъэгъуазэу, тхылъхэмрэ архивхэмрэ сыщрихьэлIауэ щытащ адыгэпщ Инал Нэху иухуауэ щыта къэралым и къалащхьэм Шэнджыр фIащауэ зэрыщытам (XV лIэщIыгъуэм). Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, «Сэ Шэнджыр сыщалъхуауэ сыадыгэщ» зыфIэсща усэр стхащ. Ар зытезухуар Кавказ зауэм ди лъэпкъым къыхуихьа гуауэрщ, я хэкум зэрырагъэкIарщ. Мы усэм къыщызоIэт тенджыз ФIыцIэм адыгэ куэд зэрыщыщIэтIысыкIар, ди хабзэр, псалъэжьхэр, ди лъэпкъыр хьэтххэм, зиххэм дыкъызэрытехъукIар.
Адыгагъэм теухуауэ схужыIэнур мыращ. Ар сэ хъым изогъэщхь. Абы зэпещIэ адыгэбзэр, хабзэр, цIыхугъэр, тхыдэр, Хэкур, дуней тетыкIэр, псэр, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр, нэмысыр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, нэхъыщIэр гъэгушхуэныр. Мыбыхэм щыщ гуэр хэпхмэ, адыгагъэр цIыхум хэмылъыжу собж. Псалъэм папщIэ, дэнэкIэ дыщымыIэми, ди анэдэлъхубзэр тщIэжын хуейщ. Ар псори зы дызыщI Iэмалщ. Адыгэбзэр бзэ нэхъыжьхэм ящыщщ, абы и купщIэри куущ. Е лъэпкъыр дызэкъуэмытмэ, адыгэр дыкIуэдауэ убж хъунущ. Пасэрейм жаIэгъащ: «Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ!» ДызэгурыIуэ-дызэрылъытэу дымыпсэумэ, зи гугъу сщIа хъыр зэпычыну аращ. Апхуэдэущ адыгагъэр сэ къызэрызгурыIуэр.
Багъэтыр Елдар («Черкес» ансамблым къыщофэ): «Иджыри сыцIыкIуу ди унагъуэм диск щIэлъащ, къэфакIуэ гуп гуэрым и пшыхь тету. Абы къытезгъэзэжурэ сеплъырт. Ди лъэпкъ къэфэкIэхэм сызэрыдихьэхым си анэм гу щылъитэм, БжьыхьэлI Замир ныбжьыщIэхэр зэригъасэр ищIэрти, абы и гупжьейм сишауэ щытащ. Илъэсих сыхъурт абы щыгъуэ. Зы илъэс дэкIауэ, Замир ансамблым сыхэту утыку сыкъригъэхьащ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ ди гъэсакIуэр. Абы и къафэ гъэувыкIэхэр зым ейми ещхькъым, адыгэ хабзэм и Iыхьэхэри лъэпкъ дауэдапщэхэри купщIэу щIелъхьэ и лэжьыгъэхэм. Дауи, лъэпкъ хабзэхэм унэми дыщыхуагъасэ, ауэ нэхъ куууэ, ди щэнхабзэр зыхуэдэм сыщыхэгъуэзар мы ансамблырщ. Псалъэм папщIэ, ди хабзэхэмрэ джэгукIэхэмрэ я лъабжьэу, Хьэнцэгуащэр (уэшх къегъэшхыным пыщIа пасэрей хабзэр), Гуащэгъасэр, Хъуромэр БжьыхьэлIым къыддигъэуващ. ЛэжьыгъэщIэ гуэрым иужь дыщихьэкIэ, Замир псом япэу абы и щIагъыбзэр, и тхыдэр е хъыбарыр къытхуеIуатэ. Гупыр деущий сыт и лъэныкъуэкIи. Гуащэгъасэр япэу утыку къизыхьауэ щытар Думэныщ Iэулэдинщ, «Кабардинка» ансамблым игъэзащIэу. Дыщэидэм, дэнлъэчым, зыIыгъыкIэм гуащэр зэрыхуагъасэ Iуэхут ар. Апхуэдэуи «ТIурытI къафэ» «Лъапэрисэ», «Удж-хъурей» къафэхэр тфIэфIу дгъэзащIэхэм ящыщщ. Ансамблыр адрейхэм сыт къазэрыщхьэщыкIыр жыпIэмэ, ди къафэхэм пасэреймрэ иджыреймрэ зэрыщызэпыщIарауэ къызолъытэ, апхуэдэуи утыку дыкъызэрихьэ фащэр нобэрей зэманым декIуу гъэпсащ. СызэреплъымкIэ, ар утыкум йокIу.
Гупыр хунэсащ урысейпсо утыкухэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэну. Ансамблыр Кавказ къафэхэмкIэ Урысейм и чемпион хъуащ, Дункан Айседорэ и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыIэригъэхьащ, 2023 гъэм Москва, НТВ-м, щекIуэкIа «Зэчийхэм я хэку» телевизионнэ шоум и кIэух Iыхьэм дыхэтащ, ещанэ увыпIэр къыщытхьащ абы. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы щыгъуэщ нэхъыбэм дыкъыщацIыхуар. 2025 гъэми Лъэпкъ къафэхэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм дыхэтащ, япэ увыпIэр къыщытхьащ. Абы къафэ теплъэгъуиплI тшащ: Азгъэкъафэр, Хъуромэр, Лъапэрисэр, Хьэнцэгуащэр. Мы гъэм «Шардан» къэфакIуэ гупыр ди гъусэу, Налшык къалэм и Театр ЩхъуантIэм концерт щыттащ. 
 Лъэпкъ къафэм и мыхьэнэр псалъэкIэ нэгъэсауэ къыпхуэIуэтэну си фIэщ хъуркъым. Ауэ къафэхэм ящыщу япэу ебгъэлъэгъунум ухэдэмэ, пасэрей къафэхэрауэ къысщохъу къыхэхыпхъэр. «Уэркъ къафэ», «ЗэхуэкIуэ», «Удж» хуэдэхэрщ зи гугъу сщIыр. Абыхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри димыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым.
Адыгэхэм я щэнхабзэр тхъумэн хуейщ. Ди лъэпкъым гъащIэ зэриIэнум сэ шэч къытесхьэркъым. Хабзэ жыпIэми, щэнхабзэ, IэпщIэлъапщIагъэ хъуми, апхуэдиз къулеягъэ зыбгъэдэлъ лъэпкъым сэри зыгуэр хуэсщIэмэ сфIэфIщ. А гъуэгум сытезыгъэува си ущиякIуэхэм фIыщIэ яхузощI.
Нэхъ жыжьэ дыплъэмэ, сызыщIэхъуэпсыр курыт школ нэужьым гъуазджэм епха щIэныгъэ зэзгъэгъуэтынырщ. Иджыпсту бжьамий щIыным иужь сихьащи, лъэпкъым и нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэми зезгъэсэну си гугъэщ».

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: