ЖьантIэр зыхуэфащэЦIыхубэм яIурылъ бзэм и дахагъри, и IэфIагъри, и къабзагъри мыгъэкIуэдауэ, зытетхыхь Iуэхум тэмэму тегъэпсыхьауэ къэгъэсэбэпыныр Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм я фащэщ. Аращ абы и тхыгъэхэм гъунэжу щIыхэбгъуатэр псалъэ купщIафIэхэр, гушыIэ дахэкIэ узэда псалъэ шэрыуэхэр. Аращ абы и IэдакъэщIэкIхэри щIэуахътыншэр. Абы и щыхьэтщ критикхэм, щIэныгъэлIхэм Налом и творчествэм теухуауэ жаIахэр.
Мусукаевэ Анжелэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор: Нало Ахьмэдхъан адыгэ литературэм къыхыхьащ зытетхыхьын иIэжрэ и тхыгъэхэм къыщиIэт Iуэхухэр IэкIуэлъакIуэу зэпкърихыу. Хэку зауэшхуэм хэта тхакIуэм и нэгу щIэкIар и тхыгъэхэм къыщигъэсэбэпырт, блэкIамрэ нобэмрэ езыр зэрыхущытыр къызэригъэлъагъуэ Iэмалу.
1960 - 1980 гъэхэм совет прозэм къызэрымыкIуэу зиужьащ. Ар зи фIыщIэхэм ящыщ Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щаубыдащ цIыхубэр къызыхэщыж рассказхэмрэ повестхэмрэ. И рассказхэр гуимыхуж зыщIыр къигъэлъэгъуэж зэманыр пэжу уи нэгу къыщIэзыгъэувэж образхэмкIэ зэрыдигъэлъагъурщ.
Лъэпкъым и цIыхухэм я хьэл-щэнхэм адрейхэм емыщхьу хэлъхэр къэгъэлъэгъуэныр тхакIуэм зэрыхузэфIэкIа щIыкIэм и щыхьэтщ «Къэрэгъул зэблэкIыгъуэ» (1967), «Лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ» (1969), «Рейхстагым адыгэбзи тетщ» (1972), нэгъуэщIхэри. Налом фIэгъэщIэгъуэнт адыгэ лъэпкъым и гупсысэкIэр зэрызэфIэувэр, дыгъуасэрей тхыдэмрэ нобэреймрэ хэлъ Iуэху зэIумыбзхэр.
Ахьмэдхъан гъащIэм и пэжыр щIиуфэркъым. Ар хущIокъу зытетхыхь зэманым адыгэ лъэпкъыр, зыхэхуа гугъуехьхэм пхыкIа нэужь, гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ еплъ зэрыхъуар къигъэлъэгъуэжыну.
Налом и прозэр нэгъуэщIхэм хэзымыгъэгъуащэщ зы цIыхум и образым, и гъащIэм, и хьэл-щэнхэмкIэ лъэпкъ псом, цIыхубэм яйр къызэ-рызэщIикъуэфыр. Зауэм теухуа и рассказхэмрэ повестхэмрэ къыхэщыж лIыхъужьхэм гъащIэ мамырыр я нэгу щIэт зэпытщ, я хъуэпсапIэхэрщ зэрыпсэур. Ахьмэдхъан и тхыгъэхэр тхылъеджэхэм гунэс щIащыхъур тхыдэри, гъащIэм къыхихари, къигупсысари зэрыщызэхэухуэнарщ.
Налом и прозэм философие куу щIэлъщ. ГъащIэм и пэжым щIыгъуу, абы цIыхухэм я хъуэпсапIэхэри къегъэлъагъуэ. Адыгэ къуажэ цIыкIум щыщIэдзауэ Берлин нэс пхыкI гъуэгуанэ гугъур икIури, рейхстагым адыгэбзэкIэ тхыгъэ тритхащ Хьэгъундокъуэ Барэ. НэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу абы лIыгъэшхуи зэрихьакъым, атIэ совет цIыхухэм ещхьу езыри зэуащ, ауэ къикIуа гъуэгуанэр зэрыщыту ехъулIэныгъэрэ текIуэныгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ.
Нало Ахьмэдхъан адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ, зригъэужьащ. Аращ ар цIыхухэм я гум щIилъынур, и фэеплъыр щIахъумэнур.
Къэрмокъуэ Хьэмид, тхакIуэ, критик: Нало Ахьмэдхъан и къалэмыпэм къыщIэкIа дэтхэнэ тхыгъэри зэрыкупщIафIэм, зэрыщIэщыгъуэм, гупсысэ куукIэ зэрыгъэнщIам шэч къытезыхьэн щыIэкъым. Си щхьэкIэ сэ ахэр къызолъытэ адыгэ прозэм и лъагапIэхэм ящыщ зыуэ.
Ди прозэр иужьрей илъэс щэ ныкъуэм гъуэгуанэщIэ техьамэ, ар псом япэ зи фIыщIэхэм хабжэ анэдэлъхубзэм и IэфIыпIэмрэ и дахапIэмрэ куу дыдэу къыщIэзыгъэлъэф тхакIуэ телъыджэ Нало Ахьмэдхъан.
ЦIыхум и гущIэлъапсэм нэплъыс, абы и гурыгъу-гурыщIэхэр къалэм жанкIэ къыщIэзыгъалъэ, дэтхэнэ цIыхуми цIыхугъэ лъагэрэ дуней хьэлэмэтрэ дэзылъагъуф тхакIуэщ Ахьмэдхъан - ар куэдым яхузэфIэкIыркъым, къызэхъулIэри гъащIэм и уэрыпIэм хэшасэ къалэм зыгъабзэ тхакIуэ набдзэгубдзаплъэрщ. Апхуэдэущ дэ псоми Нало Ахьмэдхъан зэрытцIыхур, аращ абы ди литературэм и жьантIэр щIыхуэфащэр.
Сокъур Мусэрбий, критик: Иджырей цIыхухэр дахагъэм хуэгъэушын, зэманым дэгъэбжьыфIэн, абыхэм я къарур къызэщIэIэтэн къалэным критикэр щIэгъэкъуэн пэж иджыри хуэхъуакъым. Литературэм и гъуэгуанэр къэзыпщытэж тхылъ закъуэтIакъуэхэр къэбгъанэмэ, ди критикэр куэдрэ щхьэдэхыркъым рецензэ цIыкIуфэкIухэмрэ «щытхъу» тхыгъэ мащIэхэмрэ; рецензэхэри «уэ къызэрыпщыхъу - сэ къызэрысщыхъум» щыфIэкIыр зэзэмызэщ. ТхьэкIумэ жан дыдэ ухуейщ, критикэм и макъ иджыри зэрымыубыдар, дзапэ уэрэдым хэкIуадэр зэхэпхын щхьэкIэ.
Къапщтэмэ, Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэр ягу зэрырихьыр тхылъеджэхэм IуэрыIуэтэжу зэпхыжаIыкI. АтIэ, критикэр егупсысыпхъэкъэ абы и щхьэусыгъуэхэр къэхутэным? Налор макъ Iэта егъэлеякIэ псалъэркъым, уеблэмэ языныкъуэхэм нобэрей гъащIэм шындэбзийкIэ хукъуэплъ хуэдэщ, ауэ егъэлеяуэ нэ жанрэ гупсысэ тэмэмрэ къегъэлъагъуэ. Ди литературэр мызэ-мытIэу зытхьэлэ «зыпэщIыж-зегъэщхь» псэлъэкIэр Налом и бийщ, и нэIэ нэхъыбэу зытригъэтыр езыр фIыуэ зыщыгъуазэ цIыхухэм я дуней тетыкIэрщ. ЖыпIэ хъунущ нобэрей прозэм цIыху псэудэу, хьэл щыз, характер нэтхыса къыхыхьэмэ, ар Налом куэдкIэ и фIы-щIэу: Iуэхугъуэ гуэрхэр, дунейм къыщыхъу цIыху Iэужьхэр къетхэкIыныр-къым ар дэзыхьэхыр, атIэ къигъэлъагъуэ цIыхум и цIыхугъэр, и напэр, и лIыгъэр здынэсыр къэхутэнырщ. Напэ-напэншагъэ - а еплъыкIитIырщ Налор цIыхум зэрыбгъэдыхьэр. Нэщхъеягъуэ мащIэм хэшыпсыхь лиризмырщ Ахьмэдхъан и тхыгъэхэр нэхъыбэу гурыхь зыщIыр. Абы къешэ «псэлъэкIэ гъэпщкIуакIэ» узэджэ хъун нэщэнэхэр: Налом и тхэкIэр, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, зыгуэрым ебгъэщхьын хъумэ, Чеховырщ япэу гур зыхуэжэр, ауэ къару, псэ а тхыгъэхэм нэхъыбэу хэзылъхьэр, дауи, пэжыфэ мащIэр пэж дыдэ къыпщигъэхъуну хущIэкъу литературщинэм Налор зэрыпэжыжьэрщ.
ЦIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ я зэхэгъэкIыпIэр, дауи, псэзэпылъхьэпIэм дежщ. Ахьмэдхъан апхуэдэми куэдрэ тотхыхь, ауэ Iуэху цIыкIуфэкIухэми къагъэлъагъуэ цIыхум и напэмрэ и лIыгъэмрэ здынэсыр.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




