ПлIыми медаль къахь

Урысей Федерацэм ашихара-каратемкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Воронеж къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 20-м я спортсмену 600-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм цIыхуиплI щыIати, псоми медаль зэхуэмыдэхэр абы къыщахьащ. «Кумите», «фулл-контакт» лIэужьыгъуэхэмкIэ Бахъсэн Темырлан зыхэта гупым япэ увыпIэхэр щиубыдащ. Бетрожь Дамири «кумите»-мкIэ дыщэ медаль къихьащ. Мамаев Рэмэзан «кумите»-мкIэ етIуанэ, «фулл-контактымкIэ» - ещанэ хъуащ. Шахмурзаев Iэмин «кумите»-мкIэ япэ увыпIэр иубыдащ.
КъБР-м и командэм гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
 
                                       Мкртчян Маргаритэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ
Олимпиадэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ зэIуха Ставрополь крайм и ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. Ар и фэеплъу щытащ 27-нэ Олимп джэгухэм хэта, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Мкртчян Маргаритэ икIи абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 3-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м щIигъу.
 Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм щыIащ цIыху 49-рэ икIи медаль зэхуэмыдэу 33-рэ абы къыщахьащ. Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Ехэгуауэ Ясинэ, Унэжокъуэ Сабринэ, Жыгун Аишэ, Гъут Амир, Ерижокъуэ Алинэ, Купшын Саид, Хъурей Инал, Ало Ахьмэд, Абдуллаевэ Амалие, Хан Сергей сымэ.
Шортэн Сафийе, Ансокъуэ Самирэ, Унэжокъуэ Саид, Уэлджыр Мединэ, Барвинок Ланэ, Бозий Лие, Унэжокъуэ Самир, Бакъей Миленэ, Самедовэ Алинэ, Шаталов Марк сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Лашэ Ясминэ, Ащнокъуэ Сафинэ, КIуэкIуей Данизэ, ГъукIэлI Эллэ, Хьэжы Азалие, Жылэ Азнаур, КъуэщIысокъуэ Iэминэ, Щомахуэ Амырхъан, Асановэ Даринэ, Фоменкэ Викторие, Мосян Данил, Къумахуэ Идар, Цепа Арсений, Хан Артур сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Хъурей Беслъэн, Хан Станислав, Купшын Азэмэт, Гъут Рустам, Шафий Лианэ сымэ. 
 
ЛIыхъужьхэр ящыгъупщэрыкъым
Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъу Тырныауз къалэм щрагъэкIуэкIащ каратемкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Ставрополь крайм, Абхъаз республикэм, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м щIигъу. 
Ди республикэм и каратистхэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ зэхьэзэхуэм икIи медаль зэхуэмыдэу 44-рэ абы къыщахьащ. Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Джыназ Мансур, Чипчиков Магомед, Джатэгъэжь Инал, Григорян Ванник, Къэзанш Артур, Бежан Идар, Анаев Мурат, Аргъэщокъуэ Къантемыр, Марыщ Малика, Бичекуева Самия, Ныбэжь Эсмирэ, Этезовэ Аланэ, Килъчаевэ Аделинэ, Блий Изабеллэ, Эминовэ Самийя сымэ. 
Апхуэдэуи ди спортсменхэм къахьащ дыжьын медалу 11-рэ, домбеякъыу 18-рэ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ. 
МЭРШЭН Батыр.
Поделиться:

Читать также: