НэхъыфIхэр къыхахКъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэр щытекIуащ школ музейхэм теухуауэ мы гъэм къызэрагъэпэща урысейпсо зэпеуэм. «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу, иригъэкIуэкIа зэпеуэр теухуат музей Iуэхум зегъэужьыным, егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ядэIэпыкъуным, щIэблэм я Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъуным. Зэхьэзэхуэм щытекIуа цIыхуи 150-м ящыщ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуитI. «Лучшая экспозиция, посвящённая памяти защитников Отечества» унэтIыныгъэм щытекIуащ Тэрч щIыналъэм и Курп Ипщэ къуажэм и курыт еджапIэм и егъэджакIуэ Шэрий Раметэ. «Лучшая краеведческая, этнографическая экспозиция» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ Бахъсэн щIыналъэм и Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и егъэджакIуэ Урыс Каринэ. Школ музейхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Память жива» урысейпсо зэпеуэм и иужьрей Iыхьэр мы махуэхэм зэхэтащ. КъэпщытакIуэхэм къагъэнэIуэнущ абы щытекIуа цIыху 70-м я цIэхэр. НэхъыфIу къалъытахэм тыгъэ хуащIынущ выставкэхэр щагъэувкIэ къахуэсэбэпыну иджырей Iэмэпсымэхэр. Зэпеуэр «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» къэрал Iуэхум щыщ Iыхьэщ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




