УэрэджыIакIуэхэм траухуэКъэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ятеухуа тхылъхэр къыдэкIащ. ЩIыналъэм и мащIэкъым макъамэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэр. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыгъэбейхэм я лэжьыгъэхэр, я цIэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Аращ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и лэжьакIуэхэу Къущхьэбий Иннэ, ХьэхъупащIэ Аннэ, Шэрий Марианнэ, Гуртуевэ Лейлэ, Жаппуевэ Лейлэ сымэ «Репертуар выдающихся вокалистов Кабардино-Балкарии» серием хыхьэ тхылъхэр гъэхьэзырынымрэ къыдэгъэкIынымрэ теухуа лэжьыгъэр щIрагъэжьар. Иджыпсту а Iуэхум гупсэхуу йолэжь, къыдэкIыгъуэхэм хагъэхьэну тхыгъэхэр зэхуэхьэсыным пащэ. Мы тхылъхэр псом япэу яхуэгъэзащ музыкантхэм, уэрэджыIакIуэхэм, гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ еджапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ. КъинэмыщIауэ, къыдэкIыгъуэхэр гъэщIэгъуэн ящыхъунущ республикэм и уэрэджыIакIуэ гъуазджэм и тхыдэм зыщызыгъэгъуэзэну хуей, абы хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа дэтхэнэми. УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэхэу Таукеновэ Галинэ, Бэгъуэтыж Светланэ, Шэрий Иринэ сымэ я гъащIэм, лэжьыгъэм, унагъуэм, IэщIагъэр къызэрыхахам, гъуазджэм япэ лъэбакъуэ зэрыхачам, я ехъулIэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа тхылъхэр къыдэкIагъэххэщ. Абыхэм итщ артистхэм я сурэтхэр, дэфтэрхэр, ягъэзащIэ уэрэдхэр, нотэхэр щIыгъужу.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




