ЩIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ зэIэпэгъуу

Гъэ къэси хуэдэу, дунейпсо цIыхубэм хуэщхьэпэн ехъулIэныгъэ къэзыгъэлъэгъуахэм папщIэ ят саугъэт лъапIэм и чэзур къэсащ. Стокгольм щызэхэтащ «Нобель саугъэтым и тхьэмахуэр». 2026 гъэм ейм  зэхъуэкIыныгъэ мащIэ хэлъщ: ар 1 мелуанкIэ адрейхэм нэхърэ нэхъыбэщ.

Нобель саугъэтыр япэу щатар 1901 гъэрщ.  Дауэдапщэ нэхъыщхьэр дыгъэгъазэм и 10-м, Нобель Альфред дунейм щехыжа махуэм хуагъазэ хабзэщ, тыгъэр зыхуагъэфэщахэр Стокгольм ирагъэблагъэ. Саугъэтыр зыхуэфащэр къыхахыным зэманышхуэ ехь. Илъэсым зэрыщIидзэу, щIышылэм и 31-м пщIондэ, комиссэм жэрдэм ящIхэр зэхуехьэсри, цIэ 250-м щегъэжауэ 350-м нэс зэрыт къебжэкI кIыхь егъэхьэзыр. Мазаемрэ накъыгъэмрэ я зэхуакум ар ягъэкIэщIри, цIыху 15-20 нэхърэ нэхъыбэ къыханэркъым. ИужькIэ лэжьыгъэм пэрохьэ къэрал зыбжанэм щыщ IэщIагъэлIхэр.  Мэкъуауэгъуэмрэ фокIадэмрэ я зэхуакум Iэ щIаIэтынухэм я цIэхэр зэрыт дэфтэрхэр ягъэхьэзыр. Жэпуэгъуэм Iэ яIэтри, текIуар наIуэ мэхъу. Тыгъэр зыхуэфащэр къызэрыхахыр Iэ  нэхъыбэ зыхуаIэтам елъытауэщ. ТекIуэныгъэр къэзыхьам ар щыжраIэр къагъэнэIуэным дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа имыIэжущ.

 Физиологиемрэ медицинэмкIэ нэхъыфI дыдэу къалъыта щIэныгъэлIхэм  я къэхутэныгъэр  епхат «оптогенетикэ» медицинэ къудамэм.   Ахэр Америкэм щыщ  Дейссерот Карл, Германием щыщ Хегеман Петер, Нагель Георг сымэщ. ТекIуахэм я цIэхэр Стокгольм дэт Каролинэ институтым къыщраIуащ.

Оптогенетикэ хъужым и хъыбарыр кIыхь къыщIэкIынщ, ауэ мы дохутыр-щIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэр зэпхар щхьэ куцIыр зэрызэхэт хъуэмб (клеткэ) щхьэхуэхэм я къарур щIэбгъэхуабжьэ е хэбгъэщI зэрыхъу Iэмалхэрщ.  Абы и фIыгъэкIэ, цIыхум игу къинамрэ щыгъупщэмрэ хэIэбэфынущ дохутырхэр, къинэмыщIауэ, къэмэх узыр, цIыхур зыубыд нэрыгъхэр (фадэ-наркотикхэм, ахъшэджэгум яхуэдэхэр), Паркинсон и цIэр зезыхьэр, щхьэкуцIым и лэжьэкIэр зэтезыху нэгъуэщI узыфэхэр ягъэхъужыну Iэмал ягъуэтынущ.  Псалъэм папщIэ, мы щIэуэ къахута IэмалымкIэ зи нэм имылъагъуж гуэр яхуэгъэхъужмэ еплъати, къехъулIащ. Щхьэ куцIым и Iыхьэ щхьэхуэхэм нэху требгъадзэурэ, цIыхум и хьэлым унафэ хуэзыщI центрхэм  укIэлъоплъыф,  уеблэмэ ахэр пхъуэж мэхъу.  Аращ и лъабжьэр мыгъэрей медицинэмрэ физиологиемкIэ нобель саугъэтыр зрата лэжьыгъэм и мыхьэнэр. 

Дейсеротт Карл саугъэтыр зэрыхуагъэфэщар щыжраIа дакъикъэм и сабиищым щIакхъуэ яхузэтригъэжауэ, школым здахьыну гъуэмылэ яхуищIырт.  ПщэфIапIэм щIэс  сабийхэм я адэм гуфIэгъуэр зэрыдагуэш щIыкIэр щыплъагъукIэ, абы гуапагъэрэ гъэсэныгъэрэ зэрыщызекIуэр IупщI хъурт, езы  щIэныгъэлIыр икIи зэрыадэфIыр нэрылъагъу пщищIу. 

Дейсеротт биоинженериемкIэ, психиатриемкIэ, цIыхум и хьэлыр къэзыхутэ щIэныгъэхэмкIэ профессорщ, США-м щыщ Стэнфдорд университетым щолажьэ. Абы и гъуса нэмыцэ щIэныгъэлI Хегеман Петер нейробиологиемкIэ профессорщ, Гумбольдт и цIэр зезыхьэ Берлин дэт университетым и егъэджакIуэщ. Нагель Георг  щригъаджэр Германием щыIэ Вюрцбург къалэм дэт университетырщ. ЩIэныгъэбзэкIэ мы къэхутэныгъэхэм уатепсэлъыхьыну гугъу щхьэкIэ, Iэпкълъэпкъым теухуауэ щIэ гуэр къащIэху, ди псэукIэми, узыфэхэм зэреIэзэ щIыкIэми, уеблэмэ шхэкIэми, дуней тетыкIэми зехъуэж.

2025 гъэм медицинэмрэ физиологиемкIэ тыгъэр Бранков Мэри, Рамсделл Фред, Сакагути Симон сымэ къахьауэ щытащ, Iэпкълъэпкъым и зыхъумэжыкIэ къарум теухуа къэхутэныгъэм теухуауэ. 1901-1925 гъэхэм къриубыдэу, физиологиемрэ медицинэмкIэ тыгъэр 116-рэ ятащ. Ар цIыху 232-м яIэрыхьакIэщ.  ГъэщIэгъуэнщ  Нобель и къэпщытакIуэхэм бгъуэнейрэ а тыгъэр зыхуагъэфэщэн ямыгъуэту, зыми ирамыту къагъэнауэ зэрыщытар. ЛъэхъэнэкIэ ар зыхиубыдар Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэхэр щекIуэкIа илъэсхэрщ. 

Нобель и цIэр зезыхьэ саугъэтхэм ящыщу нэхъ Iэуэлъауэшхуэ зращIэкIхэм ящыщщ  литературэмкIэ тыгъэр. 2026 гъэм ар Канадэм щыщ усакIуэ, филолог, зэдзэкIакIуэ Карсон Энн хуагъэфэщащ.  Ар зратынкIи хъунухэм Японием щыщ Мураками Харуки, Америкэм щыщ Пинчон Томас, франджы тхакIуэ Уэльбек Мишель, инд щылъху,  США-м щыпсэу Рушди Салман сымэ яхэтащ.

Карсон Энн илъэс 76-рэ мэхъу, банкым щылажьэ и адэр здагъэкIуа Канадэм щыщ къалэ цIыкIухэм къыщыхъуащ. Торонто дэт университетыр къиуха нэужь, бзылъхугъэ зэчиифIэм Сафо алыдж усакIуэм теухуауэ диссертацэ пхигъэкIащ. Алыджыбзэ зэрищIэм абы Iэмал кърет пасэрей тхыгъэхэр зэридзэкIыну. Литературэри пасэрей бзэжьхэри ирегъэдж. Хэти фIэгъэщIэгъуэн псалъэхэм я къэхъукIэм йолэжь.  Карсон тхэкIэ IэмалыщIэхэр къигупсысащ, ипэжыпIэкIи усакуэ, тхакIуэ цIэрыIуэщ, цIыху хьэлэмэтщ. Псалъэм папщIэ, усэкIэ тха и романым и цIэм феплъыт:  «ЛIым и дахагъыр: танго 29-уэ зэхэт эссе къэгупсыса».  ЕгъэджакIуэу зэрыщытым и фIыгъэкIэ, Карсон классикэр фIы дыдэу ещIэ икIи пасэрей эпосхэм хэт лIыхъужьхэр иджырей и тхылъхэм хегъэхьэ.  

      Нобель саугъэтхэм къахощ мамырыгъэмкIэ тыгъэри. Адрей псори Стокгольм къыщагъэнаIуэмэ, мамырыгъэмкIэ тыгъэр къэзыхьам и цIэр щыжаIэ хабзэр Осло къалэрщ, ари Нобель и уэсятым ипкъ иткIэ. 

      2026 гъэм и МамырыгъэмкIэ нобель саугъэтыр ООН-м цIыхум и хьэкъыр хъумэнымкIэ и комиссар нэхъыщхьэу 2008-2014 гъэхэм лэжьа, Гаагэ щыIэ Дунейпсо уголовнэ хейщIапIэм и хеящIэ Пиллэй Наванетхем хуагъэфэщащ.

     «МамырыгъэмкIэ нобель саугъэтыр иратащ хахуагъэ къызэрымыкIуэ хэлърэ къэмыланджэу, хабзэкIэ захуагъэм гъуэгу игъуэтыным елIэлIа цIыхум, - жиIащ Нобель комиететым и унафэщI Фриднес Йорген. – Мы гъэм ар зыхуагъэфэщам къаруушхуэ хилъхьащ дунейпсо цIыхубэм иращIэ щIэпхъаджагъэри лъэпкъгъэкIуэдри тезырыншэу къамыгъэнэным, апхуэдэ зыщIэхэм судкIэ яхуэфащэр ялъысыжыным».

         ЦIыхубзыр Африкэ Ипщэм щыщщ, тамил инд лъэпкъым къыхэкIащ. Хужьхэмрэ фIыцIэхэмрэ щызэхуамыгъадэ зэманым щегъэжьауэ, юрист IэщIагъэ зиIэ бзылъхугъэр цIыхум и хьэкъым щIобэн. Нэхъ пасэу хъыбар зэбгратыкIауэ щытащ МамырыгъэмкIэ саугъэтым папщIэ цIыху 208-рэ, IуэхущIапIэ 79-рэ зэрызэпеуам теухуауэ.

 

Чэрим Марианнэ.

Поделиться: