ЦIыхум гукIэ зригъэщIэнIа хуей хъумэ, ар нэхъ тыншу и гум иреубыдэ Iуэхум е гупсысэм зэгуэр зыщыгъуазэу щытамэ. Ауэ щыхъукIи, уи щхьэм нэхъыбэ къинэным зыхуэбгъаси мэхъу, ерыщу абы зыхуэзыгъасэхэм ехъулIэныгъи къагъэлъагъуэ. Уеблэмэ хъыбарыр нэхъыфIу я щхьэм ираубыдэнымкIэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIыуи къаублащ. Апхуэдэ зэпеуэхэр XX лIэщIыгъуэм и кIэухым куэдрэ ирагъэкIуэкIырт. Щхьэм хъыбарыр е гупсысэр нэхъ щIэхыу иубыдэнымкIэ япэ чемпионатыр 1991 гъэм екIуэкIауэ щытащ, абы лъандэри илъэс къэс ирагъэкIуэкI. Зэпеуэм хэтхэм нэхъри хагъахъуэ я зэфIэкIхэм. Псалъэм папщIэ, яхэтщ дакъикъэ 15-м къриубыдэу бжыгъэ 1168-рэ зи гум изыубыдэфа. «Пи» бжыгъэм и дамыгъэ нэхъыбэ зэпыгъэувэнымкIэ мы зэманым бжьыпэр иIыгъщ япон Харагучи Акире. Абы и гум ириубыдащ дамыгъэ 111 700–рэ.
Дунейм тетщ я щхьэм егъэлеяуэ куэд ираубыдэфын зэфIэкIыр зыхэлъу къалъхуахэри. Апхуэдэхэм «саванткIэ» йоджэ. Савантт «Человек дождя» фильмыр зытращIыкIауэ щыта Пик Ким. Тхылхым ит псалъэ мин 12 зыри димыгъэхуу гукIэ жиIэжыфырт абы. Апхуэдизу зэфIэкI лъагэ къигъэлъагъуэрт тхылъым ит псалъэхэр ищIэнымкIэ, ауэ щыхъукIи IQ тестым къигъэлъагъуэр балл 87-рэт.
Куэдрэ къохъу егъэлеяуэ куэд зи щхьэм изыубыдэхэр гъащIэм гугъу щехьу. Псалъэм и хьэтыркIэ, я гъащIэм щыщ махуэ щхьэхуэ гуэр зэтещыпыкIауэ я нэгу къыщIагъэхьэжыфынущ. Апхуэдэу я щхьэм къридзэж махуэр бгъэвыну мытыншмэ-щэ…
Махуэ къэс ди нэгум щIокI Iуэхугъуэ гуэрхэр. Ауэ щхьэм идубыдэнумрэ тщыгъупщэнумрэ акъылым зэхегъэщхьэхукIыж. Языныкъуэхэм деж блэкI мыхъуну Iуэхугъуэхэр дигу къокIыж, къохъу дызыхуэмыныкъуэ гупсысэ мыфэмыц гуэрхэр ди щхьэм къинэурэ щыкIэрахъуи. Е хъыбарыпцI гуэрхэр ткIыщтэн хуейуэ къыщытхуихуи къохъу. ГъэщIэгъуэнщ акъылым и зыщIыкIэр, дигу идубыдэ-идмыубыдэхэм тепщIыхьмэ. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм къахутащ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщхэри къэдгъэлъэгъуэнщ.
ЦIыхум и акъылым зы хъыбар е гупсысэ гуэр игъащIэ псокIэ щиIыгъыфынущ, абы щыгъуэми а щхьэм илъ хъыбарыр нэсу хузэмыгъэзахуэу. Абы и щхьэусыгъуэщ Iуэхугъуэ гуэрыр уигу къэбгъэкIыжыху гупсысэм деж зыгуэрхэм зэрызыщихъуэжым – е кIэрохуIа е къыхохъуэ.
ЦIыхум и акъылым хъыбар щхьэхуэр зэрирыубыдэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI: пIалъэ кIэщIкIэ, пIалъэ кIыхькIэ, махуэ къэс къигъэсэбэпурэ.
ЦIыхум зэхиха хъыбарыр е илъэгъуар егъэлеяуэ игъэщIэгъуамэ, дауи, ар нэхъ иреубыдэ игуми и щхьэми. Мыри гъэщIэгъуэнщ: пщIыхьэпIэм мыхьэнэ хэха иIэщ цIыхум нэхъыбэ и щхьэм ириубыдэу есэнымкIэ.
ЦIыхум зыгуэр игу къэкIыжыным куэду холIыфIыхь макъамэр. Уеблэмэ хъыбар щхьэхуэхэр тыншу зи гум изымыубыдэфхэми макъамэр сэбэп яхуохъу абы теухуауэ. Сыту жыпIэмэ, макъамэм зэуIуу къызэIуех цIыху акъылым и Iэмал зыбжанэ.
ПIалъэ кIыхькIэ я щхьэм къинэн хуей гупсысэм сабийхэм я акъылыр елэжьу щIедзэ илъэситI-щым щегъэжьауэ. ИлъэситI иримыкъуа сабийм илъэгъуар е зэхихар зэман кIыхькIэ хуэхъумэркъым.
ЦIыху акъылыр япэкIи маплъэ икIи зоплъэкIыжыф. ТIум щыгъуэми лажьэр щхьэ куцIым и нейрон зэхуэдэхэрщ.
Фадэр, афианыр, наркотикхэр зэран хуохъу акъылыр нэсу лэжьэным, щхьэ куцIым ириубыдэнIам. Абыхэм щхьэ куцIым и нейронхэр зэщхьэщаху.
Щхьэ куцIым и узыншагъэр гулъытэ хуэныкъуэщ, зыхуэсакъыпхъэщ. Жейр, шхын узыншэр, Iэпкълъэпкъыр зэщIэгъэкIыныр абыкIэ щхьэпэщ.