Кудухов Бесик ягу къагъэкIыжКраснодар къалэм «Самбэм и уардэунэ» спорт комплексым жэпуэгъуэм и 8 - 10 махуэхэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Кудухов Бесик икIи абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 42-м я спортсмену 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи гупхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ. ЩхьэзакIуэ зэпеуэхэм щытекIуащ Бакъей Жэмал (кг 57-рэ), Мер Маирбэч (кг 74-рэ), Джыджий Къантемыр (кг 97-рэ), Къанщауэ Рауль (кг 92-рэ) сымэ. Япэ чемпионым и щIыхькIэ
Каспийск къалэм Олимп джэгухэм я чемпион Курамагомедов Курамагомед и цIэр зэрихьэу дэт спорт комплексым щекIуэкIащ Дагъыстэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ боксымкIэ я командэхэм я зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ. Ар зэхашащ Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ и япэ Олимп чемпион Гайдарбеков Гайдарбек къызэралъхурэ илъэс 50 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 17:59 →
Кубокым зэхуешэс
06.11.2026 - 15:54 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
02.11.2026 - 12:05 →
Спорт хъыбархэр
01.11.2026 - 12:26 →
Амырхъан и зэфIэкIхэр
27.10.2026 - 17:16 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
| ||




