Инджылызым нэхърэ нэхъ къэрал лъэрызехьэ щымыIэу къыщыпфIэщI къыпхуохуэ. Ауэ щыхъукIэ, Шотландием, Уэльсым, Ирландие Ищхъэрэм я унафIэщIхэм иджыблагъэ Великобританием къыгуэщхьэхукIыу, Европей союзым хыхьэну зэрамурадыр къагъэнэIуащ.
«Дэ дызэреплъымкIэ, ди щIыб къыдэт лъэпкъхэмрэ цIыхубэмрэ пщIэ нэхъыбэ яхуэфащэщ икIи я къэкIуэну махуэр яубзыхун, я экономикэм и Iэмалхэр къагъэщхьэпэн папщIэ, я макъыр нэхъ ину ягъэIуну хуитщ», - иратхащ меморандумым.
Дэфтэрым Iэ щIадзащ Шотландием и япэ министр, Лъэпкъ партым и унафэщI Суинни Джон, Уэльсым и пашэ Иорверт Рун Ап, Ирландие Ищхъэрэм и япэ министр О’Нил сымэ. ЩIыналъищым я лIыщхьэхэм иджы япэу зэгъусэу къагъэнэIуауэ аращ Инджылызым гуэтыну зэрыхуэмейр.
«Шотландием Iэ иIэтауэ щытащ, Европей союзым хэтыну зэрыхуеймкIэ, арщхьэкIэ, дэ къыдэмыупщIу, абы дыкъыхагъэкIыжащ», - жеIэ Суинни Джон.
Мы зэгурыIуэныгъэр къэралым и конституцэр щIихъуэжын щхьэусыгъуэ хъуну щогугъ унафэр къэзыщтахэр. Апхуэдэу зэгурыIуэу зэдэлэжьэфмэ, я плъапIэр къехъулIэным нэхъ пэгъунэгъу хъунухэщ.
Зи гугъу тщIа щIыналъищым я гукъыдэжым ещхьу пхужыIэнущ иджыблагъэ Великобританием щыщ Пиддингтон къалэм, Оксфордшир хьэблэм хыхьэм, къыщагъэлъэгъуа гукъыдэжри. Абыхэм референдум ирагъэкIуэкIащ къэрылым къэIэпхъуахэр я деж ирагъэтIысхьэну зэрыхуэмеймкIэ.
ФокIадэм и 15-м Iэ яIэтын щIадзэри, цIыху 285-р гуэкIыну арэзы хъуахэщ, 26-м ар ядакъым. Мы Iуэхум хабзэм и къару зэримыIэр гурыIуэгъуэщ, ауэ къалэдэсхэм я еплъыкIэр къагъэлъэгъуауэ аркъудейщ. ЩIыпIэ самоуправленэм и лэжьакIуэхэм емычэнджэщу хамэхэр къызэрыхагъэтIысхьэнкIи хъунум апхуэдэ щIыкIэкIэ пэувауэ аращ.
ЗэрыжаIэмкIэ, щхьэусыгъуэ дыдэ хъуар къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм Пиддингтон пэгъунэгъу дзэ хэщIапIэм цIыхухъу мин 1,2-рэ къагъэIэпхъуэну унафэ къызэращтарщ. Езы Пиддингтон дэсыр цIыху 400 къудейщ. ГурыIуэгъуэщ щIэуэ къэIэпхъуэнухэм ахэр зэрахэшыпсыхьынур.
Ауэ щыхъукIэ, езы къэралым и къулыкъущIэхэм хэхэсхэр дзэ хэщIапIэхэм бгъэIэпхъуэныр нэхъ яфIэзахуэщ, ахэр хьэщIэщхэм щэбгъэтIысхьэн нэхърэ.
Пиддингтон къалэдэсхэм ямыдэ Iуэхугъуэр нэхъ пасэу щыпхагъэкIащ Уэтерсфилд, Кроуборо щIыпIэхэм. Иужьрейхэм мызэ-мытIэу зыкъаIэтащ, къэIэпхъуахэм япэщIэувэу. ГъэщIэгъуэныр сыт жыпIэмэ, инджылызыбзэкIэ псалъэхэм зыхуей псори пхагъэкIыу къытфIощI. Ауэ щыхъукIэ, къэрал лъэрызехьэу къалъытэ Инджылызым гуэкIыну хуеи щыIэщ.