ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ

Урысей-Абхъаз зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, хабзэ лъапIэныгъэхэмрэ хэкупсагъэмрэ зи лъабжьэ зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэныр, узыншагъэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ зэдэлэжьэныр я мураду, жэпуэгъуэм и 16 - 18-хэм Сыхъум щекIуэкIащ Абхъаз-Урысей щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэм и етIуанэ Iыхьэр.
Абхъаз къэрал университетым къыщызэIуаха Iуэхур къызэрагъэпэщащ Абхъазым спортымкIэ и къэрал комитетым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм, ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым и къулыкъущIапIэм, Урысейм и МИД-мрэ Абхъазым и МИД-мрэ я дэIэпыкъуэгъуу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Абхъаз-Урысей щIалэгъуалэ зэхуэсым хэтхэм фIэхъус тхыгъэ яхуигъэхьащ. Абы къеджащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым. КъБР-м и Iэтащхьэм Урысейм и Президент Путин Владимиррэ Абхъазым и Президент Гунбэ Бадрэрэ фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэ егъэкIуэкIыныр зи жэрдэмхэм зэрыдаIыгъым папщIэ, апхуэдэуи къыхигъэщащ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм, «Росмолодежь» агентствэм, Абхъаз Республикэм ЩIалэгъуалэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым зэIущIэр къызэрагъэпэщыным я гуащIэ мымащIэ зэрырахьэлIар. «Ди къэралхэр зэрапх ди зэхуэдэ лъапIэныгъэхэмрэ тхыдэмрэ. Ауэ нэхъыщхьэжыр - нобэ къэкIуэнум зэгъусэу дызэрелэжьырщ. Мы зэхыхьэр абы и щыхьэт нэрылъагъущ. Иджыблагъэ ди гуапэу Налшык къалэм щIалэгъуалэр къыщедгъэблэгъауэ щытащ. Иджы мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум щыпытщащ Сыхъум, - къыщыхигъэщащ КIуэкIуэм зэIущIэм хэтхэм зэрызахуигъазэм. КъБР-м и Iэтащхьэм шэч къытрихьэркъым зэхыхьэм республикэхэм я зэдэлэжьэныгъэм зэрызригъэужьынум, щIалэгъуалэм я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ зэрищIынум.
Зэхыхьэшхуэм и япэ Iыхьэр мы гъэм накъыгъэм и 4-м къыщыщIэдзауэ и 8 пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щекIуэкIауэ щытащ икIи Урысеймрэ Абхъазымрэ щыщу цIыху 300-м щIигъу хэту. Налшык щыIащ ди къуэш республикэм и щIалэгъуалэ 150-рэ. Апхуэдэуи Урысейм и щIыналъэ 27-м къикIат щIалэгъуалэ жыджэрхэр, дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр, волонтёрхэр, хьэрычэтыщIэхэр, щэнхабзэмрэ спортымрэ я лэжьакIуэхэр. 
Иджырей зэхуэсыр къызэIуахыным ипэ къихуэу, абы хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Сыхъум дэт ЩIыхьым и фэеплъым. Абхъазым и Президент Гунбэ Бадрэ хьэщIэхэм я гъусэу зыщигъэгъуэзащ Абхъаз къэрал университетым къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм. Абдеж зэгъусэу щеплъащ IT-компаниехэм ди гъащIэм щIэуэ къыхалъхьэм.
ХьэщIэхэм фIэхъус щарихым, Президентым къыхигъэщащ къэралитIым я ныбжьыщIэ пашэхэр зэкъуэзыгъэувэ зэхыхьэр Абхъазым зэригъэлъапIэр. «Ди дежкIэ пщIэшхуэщ Абхъазымрэ Урысей Федерацэмрэ я щIалэгъуалэр зэкъуэзыгъэувэ мыпхуэдэ зэхуэсыр зэредгъэкIуэкIыр. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэ хэха яIэщ: абыхэм щIалэгъуалэм Iэмал ират нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуну, я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэну. Абы ди лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэм зегъэужьыным лъабжьэ хуещI», - жиIащ Гунбэ Бадрэ. Мы гъэм и накъыгъэ мазэм Налшык зэхыхьэм и япэ Iыхьэр зэрыщекIуэкIар игу къигъэкIыжри, абы фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Президентым жиIащ Абхъазымрэ Урысеймрэ илъэс куэд лъандэрэ тхыдэ зэпыщIэныгъэхэр яIэу, пщIэ зэхуэщIу, зэдэIэпыкъужу къызэрызэдекIуэкIыр. «Ди зэхущытыкIэр зыгъэбыдэр къэрал IуэхукIэ зэдэдлэжьхэм я мызакъуэу, ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэми, дзыхьми, зэгурыIуэныгъэми яубзыху. Аращи, мыхьэнэшхуэ иIэщ ди щIалэгъуалэр зэхэгъэхьэным, зэгъусэу егъэджэным», - дыщIигъуащ абы.
Махуищым къриубыдэу зэхыхьэм хэтахэм папщIэ екIуэкIащ дерс, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, къищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэм зыщрагъэплъыхьащ промышленнэ, социальнэ IуэхущIапIэхэм. Зэхыхьэм ипкъ иту Сыхъум щекIуэкIа дунейпсо хъыбарегъащIэ-технологие зэхуэсым зэхуишэсат Урысейм и щIыналъэхэмрэ, Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэри яхэту, Абхъазымрэ я IT-компаниехэм я лIыкIуэу 300-м щIигъу. Зэхыхьэм утыку къыщрахьащ Абхъазым и IT-компание пажэхэмрэ интернет-провайдерхэмрэ я зыужьыныгъэхэри. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр IуагъэщIащ 1992 - 1993 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа Хэку зауэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ я ветеранхэм.
«Мы Iуэхур технологие зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIу къэплъытэ хъунущ. Ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ дэ езым къыщIэдгъэкIхэр дгъэкIуэтэным, цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI тщIыным», - къыхигъэщащ Абхъазым и Парламентым и депутат Садзбэ Инар. 
 «Росмолодежь» агентствэм и унафэщI Гуров Григорий зэхуэсахэм зэрызахуигъазэм къеджащ ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым и къулыкъущIапIэм и лIыкIуэу Абхъазым щыIэ Красцовэ Юлие. Абы къыхощ Абхъазымрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэхэр къыдэкIуэтей щIэблэм я фIыгъэкIэ нэхъ быдэ хъуным, зэгъусэу къыхалъхьа жэрдэмхэр гъэзэщIэным фIы къыдэкIуэну зэрыщыгугъыр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: