Музейр къагъэщIэрэщIэж

Котляревскэ станицэм, «Унагъуэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу, щызэрагъэпэщыжри къызэIуахыжащ хьэпшыш мин пщIы бжыгъэхэр щахъумэ лъахэхутэ музейр.
Тэрч къэзакъхэм я гъащIэм теухуа хьэпшып мин пщIы бжыгъэхэр щызэхуэхьэса IуэхущIапIэм къыщыбгъуэтынущ «Красная Нива» колхозым и тхыдэм теухуа тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ. 70 гъэхэм и кIэхэм станицэм музей зэрыщаухуар зи фIыгъэр а колхозращ. ИужькIэ IуэхущIапIэр къуажэм ей хъужащ. 
Котляревскэм нобэ цIыху минищым щIигъу щопсэу. Абы щыIэ тхыдэ-IуэрыIуатэ центрым щIэлъщ къэзакъхэм къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэр, дэфтэрхэр, нэгъуэщIхэри.
Музейм станицэдэсхэм я жэрдэмкIэ щагъэуващ фэилъхьэгъуэхэм папщIэ манекенхэр. КъинэмыщIауэ, зыхуеину Iэмэпсымэхэр, компьютерхэр, ноутбукхэр, лекцэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ къыщагъэсэбэпыну проектор, экран ин дэщыгъуу яIэщ. Музейм электрон киоски щагъэуващи, IуэхущIапIэм къакIуэхэм иджы Iэмал яIэщ абыкIэ архив, щэнхабзэ дэфтэрхэр яджыну. Гъэлъэгъуэныгъэр Iыхьищу гуэшащ. Япэр траухуащ станицэр къыщыунэхуа XIX лIэщIыгъуэм. ЕтIуанэ Iыхьэм хагъэхьащ станицэдэсхэм советхэм я зэманым яIа псэукIэм теухуа тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ. Зэхыхьэр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Зеушэ Iэуес, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ КъуэщIысокъуэ Роксанэ, къафэмкIэ щапхъэу къалъыта «Бахъсэн ауз», «Модис» ансамблхэм, «ДжэгуакIуэ», «Ридадэ» цIыхубэ ансамблхэм, «Кавказский микс» сабий пшынауэ ансамблым, «Камертон» студием и уэрэджыIакIуэ Къалмыкъ Ислъам, пшынауэ Къуэдз Залым, уэрэджыIакIуэ Гергоковэ Раминэ сымэ. 
Ещанэ Iыхьэр траухуащ «Красная нива» колхозым и тхыдэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ тхыдэм и иджырей напэкIуэцIхэри. КъагъэщIэрэщIэжа музейм и къалэн нэхъыщхьэр – лъахэм и тхыдэр хъумэныр, щIэблэм я деж ар нэхьэсыныр - егъэзащIэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: