Сэфралыкъуэм и елъапIэ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным куэдрэ иужь ита, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» и тхылъым Ажьджэрыкъуэ Кушыкурэ Сэфралыкъуэ Мэтрэ ятеухуа хъыбархэм ящыщу къыщиIуэтэжам и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэщ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.   

Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ гъунэншэмрэ къызэрымыкIуэ и лIыгъэмрэ зыхуэдэр мызэ-мытIэу я нэгу щIэкIа пэтми, зэрагъусэ къудейр зэрахуэмыхьым къыхахыу, Ажьджэрыкъуэ Кушыку Сэфралыкъуэр егъэзыгъэкIэ зыхиша пщы-уэркъ гупым къалъыхъуэрт ар зэрагъэкIуэдын Iэмалхэр. Езыри бэлэрыгъыртэкъым, псэзэпылъхьэпIэ зэрырагъэхуэнумкIэ гурыщхъуэ ищI зэпытти.

Мэт а лъэхъэнэм зэрыщIыналъэу цIэрыIуэ щыхъуауэ куэдым къацIыхурт, дэнэкIэ зимыгъазэми нэIуасэхэр щикуэдт, Хэкум къебгъэрыкIуэ-къещэ бийм кIэлъыплъ бзэгуэгъухэри иIэт, зэпэщIэувэныгъэ хьэлъэм къуентхъыу къыхихыр бэм ятригуашэрт, а псом къыхэкIыуи езыри хъыбарыншэ ящIыртэкъым, пщы-уэркъхэм ящыщ гуэрхэми дапхуэдэ мыхъумыщIагъэ къыкIэлъызэрахьэну хущIэкъуми кърагъащIэу…

Махуэ гуэр шу гупым, Ажьджырыкъуэ Кушыку яхэмыту, Инжыдж ЦIыкIу и ныджэр къызэранэкIауэ, Инжыджышхуэ и псыхъуэмкIэ ягъэзат. Кушыку зэрахэмытыр къагъэщхьэпэу, а махуэм Сэфралыкъуэр яукIыну мурад ящIат. ПсыхъуитIым я зэхуаку дэт шытх гузэпыщIэм щхьэщылъэгыкI Iуащхьэшхуэм фоч гъэпкIа зыIыгъ лIыукI трагъэтIысхьат, «пщIэгъуалэм тесыр егъэпсых!» жраIэри, абы папщIэ уасэ гуэри иратат.

Ар зылъагъуу абыкIэ гурыщхъуэ зыщIа Iэщыхъуэм Сэфралыкъуэм щэхуу хъыбар кърегъащIэ.

Шулъагъуэ (щIыпIэцIэщ) нэкIубгъум щхьэдэхауэ, гупыр Шыщхьэжь и Iэхэлъахэм щихьэм, Мэт гу зылъримыгъатэурэ и шыныбэпхыр егъэлалэри ирегъэхуэх. Ар щхьэусыгъуэ ещI, къоувыIэри, гупым закъыкIэрегъэху.

И гъусэхэр къуагъым зэрыкъухьэу, езым Шыщхьэжь и лъапэм деж щилъэгъуа псы ятIэ куум и пщIэгъуалэжьыр хехуэри, хужьым щыщу зы IэпапIи къыхэмынэжыху, ятIэ фIыцIэкIэ зэщIецIалэри адрейхэм ялъэщIохьэж…

Гупым хэтхэм ар ялъэгъуа пэтми, пэтIыс ящIам хъыбар гуэри лъагъэIэсыжыфынутэкъым. Псори абы гъунэгъу щыхуэхъум, уэркъ щIалэ гуэр шы брулыфэ тести, пэтIысыр абы къоуэ...

Шухэр зэрынохьэс Инжыджышхуэ телъ мывэ лъэмыжым. Абы и лъабжьэм, лъэбакъуэ пщыкIутху хуэдиз нэхъ бгъуагъ имыIэжу, Инжыджышхуэ и псы уэрыр зэрыщыту щызэхуэсырт, ухыхьэн дэнэ къэна, ухэплъэнкIи къэщтэгъуэ дыдэу, архъуанэхэр икIэрэхъухьрэ гъуахъуэжу ехыу. Зи гугъу тщIы а лъэмыжыр псышхуэр бгым етIэхъуурэ зи щIагъыр щIилъэсыкIа мывэ зэфэзэщт, езы къэхъугъэм зэригъэпэщауэ.  Мис а щIыпIэ Iэлыр къагъэщхьэпэну ягу иралъхьат Сэфралыкъуэм хуэбампIэхэм, и зэфIэкIыр ягу темыхуэрэ япэ Iэмалри къащемыхъулIам.

Кушыку и пIэкIэ гупым я пашэр нэхъ къыхуэдзэлашхэ пщыр арати, абы Мэт зыкъыхуегъазэ:

- Сэфралыкъуэ, мыбдежым пщыи уэркъи щыплъагъур си щыхьэту, Тхьэ пхузоIуэ – мы лъэмыжым уепкIэрэ псэууэ укъыхэкIыжыфмэ, уэркъыцIэр пфIэтщыну! – жеIэри.

Мыдрейм зэуэ къыгуроIуэ фIеягъэрэ щIапхъаджэу ягу къыхуэкI псоми мыр зэрынэхъ шынагъуэ дыдэр. Егупсысыгъуейт зи щхьэм зыгуэр игъэв цIыху абдежым пхухэлъэну. Ауэ, мо дыхьэшхыпцIрэ щIэнэкIалъэрэ къэзыщIу зэхыхьэжа вакъэ плъыжь гупыр зыхуеиххэр арат – Мэт темыгушхуэу абы хэмылъэфынырт, армыхъуамэ уэркъ зэрыфIащын Iэмал къалъыхъуэу аратэкъым.

АтIэми, Сэфралыкъуэм и хакIуэ пщIэгъуалэ ятIэ фIыцIэкIэ иIар зэпрыууэ лъэмыжым тригъэувэщ, мо къыщыдыхьэшхыу зэхэувэжахэм захуигъазэри:

- «ЛъхукъуэлIщ мыр» дяпэкIи къысхужраIэ! Пщыми уэркъми, лIыгъэ зыхэлъыр си ужь къиувэнщ! – жиIэщ, щIакIуэр къызэкIуэцIихри, и кIапэхэр шым и щхьэм иришэкIыу, и жьэгъупсыр и пщэм ирищIащ. Асыхьэтым, пщIэгъуалэм лъэщу елъэдэкъауэщ, мывэ лъэмыжым иригъалъэри, нэри-пэри езыхьэх псым хэпкIащ. ТIуми я насыпти, зизысауэ пкIа хакIуэр апхуэдабзэу ехуэхри, кIэбдзхэр япэ ищу псым хэлъащ. Зэрынэсыуи псыр зэгуэзщ, шыри абы тесри «жьгъумпI» жаригъэIэу хэхуэри, тIури игъэбзэхащ…

Псыр ехыурэ, зэрызэбгрыжыр нэхъ бгъуфIэ щыхъужым зэрынэсу, псы щIагъкIэ есыхахэм зыкъыдрадзеижащ. АрщхьэкIэ, лъэныкъуитIри мывэ блыну екIуэлIапIэншэт, бгъуэнщIагъхэр псы Iэлым щIилъэсыкIарэ архъуанэхэр щIигъэкIэрэхъуэжу.

Инжыдж и щIыIу зэрыхъужу, щIакIуэ кIапэр шым и щхьэм къыфIехыж, и жьэгъупсыр етIатэри, джатэрыуэкIэ ящIа и щIакIуэ дэгъуэр псышхуэм «тыхь» хуещI. Шым ар зэрытемылъыжыр къотыншэкIри, тесри къемыхьэлъэкIыж мэхъу.

Iэ ижьымкIэ лъэрыгъыпсыр иIыгъыу, Мэт сэмэгумкIэ зрегъэзыхри, псыр дыщIитхъуурэ зэдосых. Ныджэм зыщиубгъум, и Iуфэхэри нэхъ екугъуафIэ мэхъу. Ауэрэ, жьэгъу екIуэкIыпIэрэ дэкIыжыпIэ мащIэрэ здиIэм деж йосылIэри, абдежым зыщетIэщI. Уанэр трех, шыр псым хишэ-къыхишыжурэ, и цым кIэрылъ ятIэ фIыцIэр, IэбгъукIэ кърилъэщIэхым псы трикIэжурэ, къэрелъэсыкIыж.

Сэфралыкъуэм шыр дзэл жыгым ирепхри, езым и щыгъынхэр, и щIагъщIэлъхэр дыгъафIэм иредз. Ахэр гъущыжыху езым зегъэпскI, и Iэщэхэр елъэщI, фочми фочкIэщIитIми гын щабэ ятрекIутэ, и джатэри зэрехри егъэгъущ. ЗыкъызэщIекъузэжри псыхъуэм къыдошэсыкIыж…

Мыдрейхэр, хэпкIар псым къыдэсеижауэ щамылъагъум, ямылейуэ гуфIат. Шыхэр шыщхьэзэфIэдзэу зэрапхауэ, шэджагъуашхэ ящIыну Iэнэ яухуэ пэт, шы къарэкIэ Инжыджышхуэ хэлъар къазым ещхьу хужьыбзэ пщIэгъуалэм тесу къыкъуокIыж. А далэм абы Iуплъахэм я нэхъыбэм я напэм дыд хэпIуами, лъы ткIуэпс къыщIэжыну къыщIэкIынтэкъым, апхуэдизу я фэр пыхуати.

Мэт къыIуохьэжри:

- Гу фIыцIагъкIэ лъэпкъым зэраныгъэу къыхуэфхьыр нэхъыбэщ, сэбэп фызэрыхуэхъум нэхърэ. ЦIыху зэхэгъэж зыщIхэр бий ерум и дэIэпыкъуэгъущи, апхуэдэм зэрыпыкъуэкIри зэрыхуэфащэущ! – жиIэщ, ядиублэри, нэхъ къэзылъагъу мыхъуу лъэпкъыр зэрызымыгъэубыд пщы-уэркъыу хы иупщIэтащ.

- Фэ хьэщхьэвылъэхэм сыфщIыгъу нэхърэ, Псыжь адрыщIкIэ сыкIуэу, къэзакъхэм кхъуэ ядэзгъэхъуми нэхъыфIщ, - яжриIэри ежьэжащ.

Ажьджырыкъуэ Кушыку тIэкIу гъейшейуэ хэлъти, Сэфралыкъуэр абы деж кIуэри, къэхъуа псори жриIэжащ, иущэху хэмыту. ЗдэкIуар зыкъомрэ гупсыса нэужь:

- ЗыкIи узгъэкъуаншэркъым. Хэку лъагъуныгъэмрэ цIыхухэм я фэм дэкI бэлыхьышхуэмрэ къаIэта цIыхухэм уащыщщ уэ, Сэфралыкъуэ. Уи къаруи уи пси уемыблэжу бийм уапэщIэтщ, зауэлI бжыгъэм яхуэмыщIэфын уи закъуэ блэжьу. Ар зэхэзыщIыкIыну хуэмейхэр «умыувыIэжмэ, къиувыкI уIущIэнщ!» жыхуаIэм IубгъэщIащ, уэри сэри яжетIам емыдаIуэу. Дауи, пэжщ - ахэр псэужатэмэ, нэгъуэщI мыхъуми бий зырыз хагъэщIынт, ари лейтэкъым. Ауэ, ирамыгъэзыхыф я пагагъэм ебэкъуэфатэкъыми, абы текIуэдэжащ. Уи пIэм ситатэмэ, Мэт, шэч хэлътэкъым сэри ар дыдэр зэрысщIэнум! Иджы, Сэфралыкъуэ, пIалъэ гуэркIэ уэрэ сэрэ ди закъуэ Псыжь и IуфитIыр щэтщыкIынщ. А гупыр дэ гъусэ тхуэхъужынкъым, - жеIэ.

Абы иужькIэ, а тIум я закъуэ куэдыщэ зэдагъэхъащ. Зауэ бзаджэм хэт лъэпкъым и лIы хахуэхэм дзэшхуэ зэхуашэсу теуэшхуэ щащIкIи, яхэтащ а тIур шупэхутэу, джатэпэрыкIуэу…

Сэфралыкъуэ Мэт и пщIэгъуалэр фIыцIэ-къарэ хъуху зыхигъэпскIыхьауэ щыта ятIэ сэрэшыр сэри (Шэрджэс Алий) слъагъужат. Мэт къызэлъауэ яIуатэ мывэ лъэмыжу нэмыцэхэм къагъэуауэ щытыгъар, мы зэманым лъэмыжышхуэ ящIыжауэ, цIыхухэм къагъэсэбэп. Мэт и шымрэ езымрэ щыхэпкIа щIыпIэри къыщыхэкIыжауэ щытари лIыжьхэм дагъэлъэгъуат. Ноби а тIум щхьэкIэ нэхъыжьхэм: «Сэфралыкъуэм и шы гъэпскIыпIэ», «Сэфралыкъуэм и елъапIэ» жаIэ…

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.  

Поделиться: