Лъэпкъ узэщIакIуэхэм я иужьрей щIэблэ

Елбэрд Хьэсэн (1886–1967) ящыщщ лъэпкъым и щIэблэр егъэджэным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ щхьэпэ езыгъэкIуэкIа узэщIакIуэхэм. Абы и лъэныкъуэкIэ щIэныгъэлIым зэфIигъэкIахэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ и къалэмыпэм къыщIэкIа «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» тхыгъэм.

«Елбэрд Хьэсэн къуажэ мыдрисэр къиуха нэужь  и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Дагъыстэным. ИужькIэ езым Бахъсэн мыдрисэм хьэрыпыбзэр щригъэджу лэжьащ. Апхуэдэу ар щылэжьащ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым адыгэбзэмкIэ и секторым и унафэщIу. 30–50 гъэхэм адыгэбзэр ди школхэм зэрыщаджа учебникхэм я нэхъыбэр зэхэзылъхьар Елбэрдырщ. Апхуэдэу бзэм зегъэузэщIыным, абы и хабзэхэр джыным ехьэлIауэ Хьэсэн къыдигъэкIащ ноби зи мыхьэнэр нэхъ лъахъшэ мыхъуа щIэныгъэ лэжьыгъэ зыбжанэ: «Адыгэ тхыбзэр къызэрежьар», «Къэбэрдей тхыбзэм и  тхыдэм щыщ», «ЦIыхубэм я бзэр литературэбзэм и лъабжьэщ, и къыхэкIыпIэщ», «ЛитературэбзэкIэ зэджэр сыт?», «Тэмэму псэлъэн», нэгъуэщIхэри.

 ЩIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэщ зыхуэгъэпсар абы и художественнэ тхыгъэ кIэщIхэр. Абыхэм нэхъыбэу ущрихьэлIэри сабийхэм яхуитха буквархэмрэ ахэр зэреджэ тхылъхэмрэщ. Елбэрдым и сабий рассказхэмрэ адыгэ усэ гъэпсыкIэм (тоникэ) тету зэхилъхьа усэ кIэщI цIыкIухэмрэ я сюжетхэр лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхихащ е езым къигупсысащ, псалъэжь гуэрхэм ящIэлъ Iущыгъэр лъабжьэ яхуищIурэ. Мыпхуэдэ Iэмалыр ХьэтIохъущокъуэ Къазии къигъэсэбэпу щытащ. IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абы и фIыгъэкIэ сабийхэм псынщIэу зэхагъэкIыф хъурт Iеймрэ фIымрэ, езы цIыкIухэр зыхэпсэукI дунейм щызекIуэ мыхъумыщIагъэхэм зыпыIуадзыфу хуигъасэрт.

Елбэрдым и сабий усэхэмрэ рассказхэмрэ зэгъэуIуауэ ихуащ I960 гъэм къыдэкIа «Таурыхъхэр» тхылъым. Балигъхэм папщIэ итха тхыгъэхэр («ТхылъымпIэ лъэгущIыхь», «ИстамбылакIуэ», «Къущхьэ Жамбот», н.) дунейм къыщытехьар 1993 гъэрщ. Ахэр ихуащ егъэджакIуэ-гъэсакIуэ цIэрыIуэм, тхакIуэм и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа «Елбэрд Хьэсэн. Гукъинэж» тхылъым (1993). Елбэрдыр икIи зэдзэкIакIуэ Iэзэт, абы и фIыгъэкIэ лъэпкъ тхылъеджэ ныбжьыщIэхэм адыгэбзэкIэ яIэрыхьащ  Шишков В. и «ГушыIэ рассказхэр»,  Свифт Дж. и «Гулливер лилипутхэм я деж»,  Пушкин А. и «Борис Годунов» тхыгъэ цIэрыIуэхэр.

Лъэпкъ узэщIакIуэхэм я иужьрей щIэблэщ Елбэрд Хьэсэн. Япэ итахэм зыIэрамыгъэхьэфа хъуэпсапIэр – адыгэр щIэныгъэ гъуэгум техьауэ ялъагъуныр – къызэхъулIари, и лэжьыгъэшхуэхэм папщIэ хэкум и гулъытэ къызылъысари аращ. Абы къыхуагъэфэщащ «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ», «КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр».

Тхьэхущынэ Ланэ.

        

Поделиться: