Анэгур игъэзэгъащ

Къагупсыса хъыбархэм я пщIэр ин зыщI литературэм нэхърэ, пэж дыдэу гъащIэм къыщыхъухэр нэхъ гъэщIэгъуэну къыщыщIэкI щыIэщ. Иджыри къэс зи цIэр зэхэдмыха Лохов Владимир теухуа гукъэкIыжхэр апхуэдэщ.

Къэрал щIыб разведкэм и унафэщI Нарышкин Сергей къэралым тIасхъэщIэхыу хуэлэжьа цIыху зыбжанэм я цIэхэр къигъэнэIуауэ щытащ илъэс блэкIам. Абыхэм язт «зэи къамыубыда» осетинхэм я лъэпкъ лIыхъужь Лохов Владимир Иосиф и къуэр. «Полковник К.» - арат Лохов Владимир цIэуэ зэрихьэр, ауэ ар хэтми зэрамыщIэм щхьэкIэ къэмынэу, и лэжьэгъу-тIасхъэщIэххэм я деж пщIэшхуэ къыщилэжьат. «Полковник К.» - м и гугъу щащIкIэ, ар хамэ къэралыбзэхэм Iэзэ дыдэу яхуэшэрыуэу зэрыщытар дыщIагъу хабзэщ, - игу къегъэкIыж совет тIасхъэщIэххэм я гъащIэ гъуэгур зытхыжа Долгополов Владимир. - Си цIыхугъэ Дроздов Юрийщ япэу Лоховым и гугъу къысхуэзыщIар. Абы щIэх-щIэхыу игу къигъэкIыжырт а цIыху щэджащэр, ауэ и цIэ дыдэр зэи къриIуэртэкъым, сыту жыпIэмэ, шэч къытрихьэртэкъым Осетие Ипщэм щыщ щIалэм и цIэр игъащIэкIи бзыщIауэ къызэрагъэнэнум. Хьэрыпыбзэм ирилажьэ Лоховым а бзэр зэрищIам хуэдэу, езы хьэрыпхэм я анэдэлъхубзэр ящIауэ си фIэщ хъуркъым нобэхэми».

Еуэри Лоховыр НАТО-м хыхьэ къэралхэм я зым лэжьакIуэ ягъэкIуащ. ЦIэ нэпцI къыхуагупсысу, хузэхалъхьа «блэкIам» ипкъ иткIэ, ар хьэрып къуажэ пхыдза гуэрым къыдэкIа щIалэ къулейт. Зи цIэ кърагъэщтар дунейм зэрехыжар разведкэм къигъэсэбэпри, Лоховыр абы и пIэкIэ хаутIыпщхьауэ арат.

АрщхьэкIэ, Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм ямыщIэххэу, а щIалэм и анэр псэууэ къыщIокI, гува-щIэхами Лоховым цIэ нэпцI зэрызэрихьэр къызэрыщIэщынур гурыIуэгъуэу. ЗыкъызыщIэкъуэжи, къэгъэзэж, жраIащ. ИтIани, хэлъэт зиIэ езы щIалэм къыхихар нэгъуэщIщ. Зэрыхъу ирехъу жиIэри, абы мурад ищIащ зи къуэр зыфIэкIуэда анэм хуэзэну. Илъэс 30-кIэ зи къуэр зымылъэгъуа анэм осетин тIасхъэщIэхым пцIы зэриупсыр къищIэмэ, псэууэ къызэремылынум шэч къытрахьэртэкъым.

«Зи ужь сихьа Iуэхур пхузэфIэкIыну Iэмал зимыIэ жыхуаIэхэм яхуэдэт, - игу къегъэкIыж езы Лоховым. – Анэм сытым дежи хужыIэнущ, и пащхьэ итыр хэтми – и къуэра, хьэмэ нэгъуэщI?»

Арати, хьэрыпыбзэр фIы дыдэу зыщIэ Лоховыр зи цIэр зэрихьэ щIалэ кIуэдам и анэр зыдэс къуажэм макIуэ, а щIыпIэм зэрыщыпсалъэ хьэрыпыбзэм и щIыпIэбзэри фIы дыдэу зригъэщIауэ. И унафэщIхэр апхуэдизкIэ гузавэрти, Iэгъуэу машинэ щыхуагъэуват абдежым, къыщIагъэщ хъумэ, къыщIагъэпхъуэжу, кхъухьлъатэхэр зытекI аэропортым яшэн хуэдэу.

Къуажэм «кIуэжа» щIалэр и анэ хуэдэр щыпсэун хуей куэбжэпэм щыбгъэдыхьэм, цIыхубзищ щысу къыщIокI, щыми тепхъуэ фIыцIэ ятелъу. Дэтхэнэр и анэрауэ къыщIэкIын хуейми, зэрызэхихуфын дунейм теттэкъым. Асыхьэтым цIыхубзищым я зым жеIэ: «Си къуэм и къэкIуэ макъ зэхызох». Ар Лоховым къыгуроIуэри, зыбгъэдыхьэн хуейр дэтхэнэрами къещIэ. ЛъэгуажьэмыщхьэкIэ мэув, нанэм и Iэм ба хуещI. ЦIыхубзым щIалэр зрикъузылIэри, и нэкIум къепэщэщын щIидзащ. Абдежым Лоховым къыгурыIуащ цIыхубзыр зэрынэфыр.

Апхуэдэу, и унагъуэм хэсыж хуэдэу, тIасхъэщIэхыр махуэ зыбжанэкIэ щыIащ хьэрып къуажэм. Нэф хъуа цIыхубзым и унэр хуищIыжщ, нэгъуэщI ухуэныгъэ гуэрхэм папщIи ахъшэ иритри, и унащхьэр хузэригъэпэщыжащ. Зэман-зэманкIэ ахъшэ хуригъэхьынуи къигъэгугъэри, къигъэзэжащ.

«ЦIыхубзыр куэдрэ псэужащ абы иужькIэ. А илъэс псоми, совет разведкэм къыбгъэдэкIыу, ахъшэ хурагъэхьу щытащ, икIи къыхуэна гъащIэр зыхуей псори игъуэту ирихьэкIащ», - еух и хъыбарыр Долгополовым.

 ИпэжыпIэкIэ Лохов Владимир и къекIуэкIыкIар 2020 гъэм къагъэнэIуауэ щытащ. Езыр Осетие Ипщэм хыхьэ Пичигвины къуажэм 1924 гъэм къыщалъхуат, Грузинскэ ССР-м. И щIэныгъэкIэ юристщ, Азербайджан университетым и юридическэ факультетыр I953 гъэм къиухауэ щытащ. Тыгъэ лъапIэ куэд ССР-м къритауэ щытми, куэдым ягу къоуэ Лохов Владимир Совет Союзым и лIыхъужь цIэр зэрыхуамыгъэфэщар. Зи гъащIэр щэхурылажьэу зыхьа щIалэм и ехъулIэныгъэ куэд дяпэкIи къыкъуэкIыжыну къыщIэкIынщ, къэрал архивхэр къызэIуахмэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: