Пасэрейхэм геометрием хащIыкIырт

Пасэрей Мысырым геометрием щыхащIыкIырт илъэс мини 4-5 япэкIэ. Ар къыщысэбэпырт ухуэныгъэм. Иджырей геометрием и лъабжьэгъэтIылъу къалъытэ пасэрей алыдж щIэныгъэлI Евклид. Ар ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм псэуащ. Абы ейм «евклид геометрие»-кIэ йоджэ. ЩыIэщ абы къыщхьэщыкI геометрие, европей щIэныгъэлIхэм зэхагъэувауэ. Геометрие щIэныгъэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэу Къалъытэ Евклид и «ЩIэдзапIэ»-р («Начало»). Евклид игъэбелджылащ геометрием и теоремэ 465-рэ. Абы и геометриемкIэ убжэмэ, щимэм и къуапэхэр градус 180-рэ мэхъу. Риман и геометрием градусыр щынэхъыбэщ, Лобачевскэм ейм – щынэхъмащIэщ. Евклид и постулатхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтакъым илъэс 2200-м и кIуэцIкIэ.

Пасэрей алыджым «геометрие», «математикэ» псалъэхэр щызэхуагъадэрт. Пасэрей алыдж гупсысакIуэ, щIэныгъэлI Платон и еджапIэм ущыщIыхьэкIэ, блыным тритхат: «Геометрием хэзымыщIыкI къыщIремыхьэ».

Франджы пащтыхь Бонапарт Наполеон а щIэныгъэм фIыуэ хищIыкIырти, дзэ Iуэхухэр абы ирипхырт. Уеблэмэ а щIэныгъэр и лъабжьэу лэжьыгъэ зыбжанэ итхащ. Геометрием хэтщ «Наполеон и теоремэкIэ» зэджэ. Абы и цIэр фIащащ зы задачэм, щимэм и точкэ щхьэхуэу тIум.

Пасэрей алыдж щIэныгъэлI цIэрыIуэ Архимед жиIэрт дунейм и къэхъукIэри и щыIэкIэри геометрие щIэныгъэр и лъабжьэу бгъэнаIуэфыну. Архимед и къэпщытэныгъэхэм, и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я нэхъыщхьэу къилъытэрт цилиндр кIуэцIым ит конусымрэ шарымрэ къызэрыппщ геометрие формулэр.

Пасэрей алыдж философ Пифагор зэпкърихащ абы и цIэр зыфIащыжа теоремэ гугъур. Абы папщIэ зэбгъузэнатIэхэр зи кIыхьагъхэр зэхуэдиз щимэм гъусэ яхуищIурэ. Пифагор и теоремэр куэдым къагурыIуэртэкъым, уеблэмэ иужьым «шыд лъэмыж» фIащыжауэ щытащ. Езы щIэныгъэлIыр шыдкIэ еджэрт теоремэм и купщIэр къызыгурымыIуэу, гукIэ зэзыгъащIэхэм.

Геометрием и формулэхэр къигъэсэбэпурэ, пасэрей алыдж щIэныгъэлI Эратосфен ди эрэм ипэкIэ III лIэщIыгъуэм щIыр къипщауэ щытащ. Иджырей щIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэжамкIэ, Эратосфен и бжыгъэхэр зы мащIэкIэ фIэкIа къыщхьэщыкIыркъым езыхэм къагъэлъэгъуам.

Геометрие щIэныгъэм и цIэр фIащащ 1893 гъэм астрономхэм къызэIуаха астеройдым.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: