Адыгэ къуажэхэм лъабжьэшхуэ яIэщ, щэху куэди яхъумэ. ХъумэрэнкIэ еджэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм адыгэ къуажэ цIыкIу щыIэщ. ЛIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь жылэм и цIэр къызытекIам теухуауэ зэтемыхуэу Iуэхугъуэ зыбжанэ къахь. Тыркубзэм абы «щIэин» къокI, адыгэбзэкIэ «хъумэн» (быдапIэ) жиIэу аращ, абазэбзэм ар щылъэпкъыцIэщ.
Къуажэр Псыжь и ижьрабгъу Iуфэм Iусщ, Къэрэшей районым хохьэ. Хъумэрэным и тхыдэр епхащ адыгэ лъэпкъымрэ пасэрей IэщIагъэхэмрэ. Мыбы щыIащ блын лъэщкIэ къэщIыхьа къалэжьыр, иджы «Хъумэрэн къалэжькIэ» зэджэр. Ар къуажэм и быдапIэщ икIи и хъумакIуэщ. ЖыпIэнурамэ, Хъумэрэн быдапIэр Курыт лIэщIыгъуэм и фэеплъщ (VIII–X лIэщIыгъуэхэм щыIауэ). Абы щыгъуэми тафэм къытена къутахуэхэм ящыщ гуэрхэр зэманкIэ ди эрэм и пэкIэ VII–VI лIэщIыгъуэхэм хуэзэу къагъэлъагъуэ.
БыдапIэм и инагъыр гектар 25-м нэблагъэрт, зыхъумэ блынхэм я кIыхьагъыр километри 2-м щIигъурт. Абдеж чэщанэхэр, быдапIэ куэбжэхэр, щIытIхэр иIащ. Къалэжьыр бгы хэIэтыкIам зэрытетым ар бгъэдыхьэгъуей ищIырт. Ауэ щыхъукIэ, «Хъумэрэн къалэжьыр» быдапIэм и мызакъуэу, сату щIыпIэуи щытащ.
1960 гъэм абдеж фIамыщIхэр къыщыщIахым, къалэжьыр зэрызэтелъа мывэхэм дамыгъэ хьэлэмэтхэр тещIыхьауэ къыхагъуэтат. Абыхэм я къежьапIэр нобэр къыздэсым къахутэфакъым - ари Хъумэрэн къуажэм и щэхухэм щыщщ.
Къуажэм и щIэдзапIэмкIэ къэдгъэзэжынщи, Хъумэрэн къалэжьым и жьауэм щIэту ар яухуауэ щытащ. ЯпэщIыкIэ Абыкъухьэблэ цIэр зэрихьэу къекIуэкIащ. Абы и фIэщыгъэм къегъэлъагъуэ къуажэм и тхыдэр Абыкъу адыгэ уэркъ лъэпкъым зэрепхар. Абыкъупщым и унагъуэмрэ и цIыхухэмрэ а щIыпIэм XVIII–XIX лIэщIыгъуэхэм зэрыIэпхъуар жылагъуэм и тхыдэщIэм и Iыхьэ хъуат. Ахэр нэхъ ипэкIэ Псыхуабэ и Iэхэлъахэхэм щыпсэуащ. Iэпхъуэным щхьэусыгъуэ хуэхъуат пащтыхьыдзэхэм къращIэкI зауэ Iуэхухэм зэрыдакъузэр.
Тхыдэм зэрыщыжыIащи, Абыкъу зэкъуэшхэм я мылъкур щагуэшым зэдауэ къыхэкIат. Арати, Абыкъу Алий Псыжь и ижьырабгъу Iуфэм - Марэ псыхъуэм щетIысэхын хуей хъуащ. Ауэ псыр щIэх-щIэхыурэ къызэриум къуажэдэсхэм я псэупIэхэр зэтрикъутэрт, Iэщыр хэкIуадэрт. Апхуэдэу 1825 гъэм Абыкъу Алий унафэ ищIащ Хъумэрэн къуэладжэмкIэ Iэпхъуэну.
1862 гъэм къуажэм цIыхуи 120-рэ дэст. 1884 гъэм, къэхутакIуэ Филицин Е. Д. зэритхыжамкIэ, къуажэдэсым я бжыгъэр 268-рэ хъуат. Абыхэм ящыщу 201-р къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэт, 67-р - абазэт. Къуажэм дэтIысхьауэ щытащ Къэбэрдейм икIа Астэжьхэ, Дзэмыхьхэ, Куэблэхэ, Темырхэ, нэгъуэщIхэри.
1925 гъэм Абыкъухьэблэм, адрей адыгэ къуажэхэми хуэдэу, и цIэр зэрахъуэкIащ, пщы, уэркъ лъэпкъхэм я цIэхэр зэрыхэтым къыхэкIыу. Апхуэдэу къуажэм и нобэрей фIэщыгъэр - Хъумэрэныр - игъуэтащ.
Къуажэм теухуа тхыдэ тхыгъэхэм къыхощ Абыкъу Кушыку и жэрдэмкIэ мэжджыт яухуауэ зэрыщытари. Абы ирагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ефэнды Апхуд Алий. А Iуэхугъуэр щыхьэт тохъуэ Хъумэрэным нэгъуэщI адыгэ жылэхэм, къэбэрдейхэри яхэту, щэнхабзэ, жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэр яхуиIэу къызэрекIуэкIам. Мэжджытыр тхьэелъэIупIэ къудейтэкъым, атIэ жылагъуэм и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щигъэзащIэрт.
Хъумэрэн къуажэм зэфIэкI хъарзынэхэр иIэт, шы гъэхъунри яхэту. Абы щыхьэт техъуэу, ди зэманым къэсащ «Зы абыкъушрэ зы аркъэнрэ уиIэмэ - уунагъуэщ» адыгэ псалъэжьыр. ЦIыхухэм хурэ нартыхурэ трасэрт, Iэщ гъэхъуным, гъущIымрэ фэмрэ елэжьырт. Адыгэхэм я псэукIэр зыхуэдар, я Iэзагъыр жьым щIэм бгъэдилъхьэжу къызэрыгъуэгурыкIуар уи фIэщ ирихъуну ар урикъункъэ!
Мыбы къыщалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, япэ адыгэ бзылъхугъэ шахтёр Дыгъужь Мэржан. Ари къуажэм и тхыдэ напэкIуэцI щхьэхуэщ. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Хъумэрэн къуажэм пэгъунэгъуу фIамыщI къыщIэхыпIэхэр щылажьэу щытащ, жылагъуэм и гъащIэм хуабжьу зригъэхъуэжауэ. Жылэдэсри нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIахэри абы щылажьэрт. Апхуэдэу шахтёр унагъуэхэр, инженер техникэ лэжьакIуэ пажэхэр къэунэхурт, къуажэм и псэукIэр ефIакIуэрт. Ауэ Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм къылъамыгъэсын щхьэкIэ, шахтищым щыщу тIур къагъэуауэ щытащ. ЩIыналъэр хуит къащIыжа нэужь, ахэри зэфIагъэувэжри, Хъумэрэн щыпсэухэр я лэжьыгъэм пэрыувэжат.
Абыкъухьэблэ, Хъумэрэн цIэхэр зэрихьэу къэгъуэгурыкIуа жылэ мыиным цIыху цIэрыIуэ куэд къыдэкIащ. Абыхэм ящыщщ къэрал, политикэ лэжьакIуэшхуэ, КПСС-м и Къэрэшей Шэрджэс щIыналъэ комитетым и етIуанэ секретару щыта (1965 - 1991 гъэхэм), иужькIэ Къэрал Думэм и Аппаратым щылэжьа, Правительствэм и дамыгъэ 23-рэ зыхуагъэфэща Темыр Умар 1932 гъэм Хъумэрэн къыщалъхуащ), зи щIалэгъуэр Хъумэрэн щезыхьэкIа, революцэм щIэбэна Фроленкэ Михаил, журналист икIи тхакIуэ, томих хъу литературэ щIэиныр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, щIыналъэм и щэнхабзэмрэ литературэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Дыгъужь Къурмэн, Хэку зауэшхуэм хэта, 1941 гъэм Берлин япэу лагъым щезыдзыха совет кхъухьлъатэзехуэхэм ящыщ Беслъэней Хьэзджэрий сымэ.