Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIа «Си лъэпкъым и хабзэмрэ щэнхабзэмрэ» республикэпсо зэпеуэм щытекIуахэм ящыщщ Къулъкъужын Ипщэ дэт курыт еджапIэ №1-м и 11-нэ классым щIэс Борэн Русалинэ. АдыгэбзэкIэ нэхъыфIу тха сочиненэхэм ящыщу къалъыта мы тхыгъэр ди гуапэу ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ. 

Адыгэ хабзэр ар дахагъэщ, нэмысщ
Си лъэпкъ дыщэм пхэлъ уи нэмыс дахэм,
Уи хабзэфIхэм си щхьэр ныдоин.
Хьэл-щэн екIуу цIыхуагъкIи гъэнщIахэм
Я хахуагъэм хузощI щхьэщэу ин. 
Къанкъул ФIыцIэ.
 Хабзэ… Щэнхабзэ… Дуней псом гъащIэр щызезыгъакIуэщ мы псалъитIым я купщIэр. Адыгэ хабзэм утепсэлъыхьыну гугъущ, ар псэкIэ гукIэ зыхэпщIэу щытын хуейщ. ЗэрыжаIэщи, Iэпкъынэ-лъэпкъынэм хыхьэу щытыпхъэщ. 
Лъэпкъыр зыхуэдэр къэпцIыхуну ухуеймэ, и хабзэхэр зыхуэдэр зэгъащIэ, жаIэ. Ар пэжщ. Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым ди хабзэхэм хуэдэу гурыхьрэ екIурэ зиIэ. Адыгэ хабзэр къэрал хабзэ пэлъытэщ. Ди хабзэхэм щIэту дыпсэуамэ, зэзауи, зэрыукIи, зэмызэгъи щыIэнтэкъым. Ар си закъуэу къыщIэкIынкъым апхуэдэу къэзылъытэр. Ди щэнхабзэр, адыгагъэр, лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэщ. Ди хабзэр ар адыгагъэщ. Адыгагъэр ар пэжагъыр, укIытэр, гулъытэр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, гъэсэныгъэ хэлъхьэныр къызэщIэзыубыдэщ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIынукъым ди адыгэ хабзэм цIыхугъэрэ гупсысэ ину, куууэ хэлъыр. ЦIыхухэм яку дэлъ пщIэм, нэмысым, гулъытэм куэд елъытащ, гуапэу сэлам къозыхым, къыпщIэупщIэм, гулъытэ къыпхуэзыщIым къару къыпхелъхьэ, уегъэгушхуэ, гъащIэм ущегъэгуфIыкI, гуапагъэмрэ нэщхъыфIагъэмрэ адыгэ хабзэм лъабжьэ быдэ хуохъу. 
Нобэрей щIалэгъуалэр дызыщIапIыкIын, дызэрагъэсэн хуейри ди щэнхабзэ екIухэращ. ЖызыIэ щыIэщ: «ЩыIэжкъым апхуэдэ хабзэ! Хэт апхуэдэ хабзэ хуеижыр?» Сыт щIыщымыIэр. ЩыбгъэIэмэ, щыIэнущ. Къэбгъэсэбэпмэ, уигъэпудынукъым, сыт хуэдэ щытыкIэми екIуу укъришынущ. Унагъуэри, еджапIэри, лэжьапIэри, уэрамри хабзэм телажьэмэ, хабзэр зэрахьэрэ щапхъэ ягъэлъагъуэмэ, псэунущ ди хабзэ екIухэри. Абы и фIыпIэхэу цIыхугъэр, нэмысыр, адыгагъэр, гуапагъэр, гущIэгъур ноби зыкIи къэмылъэхъшауэ яхэлъщ «сэ сыадыгэщ», жызыIэхэм. Къэжэр Петр итхащ мыпхуэдэ сатырхэр:
 ЩIым цIыху цIыкIу щызодзэпыIэ,
 Я гъащIэ мащIэм
 ЯмыщIэжу пыIэ!
 Дэ дыкъалъхунукъым тIэуней,
 КъэсщIа къудейкъым ар дыгъуасэ!
 ЦIыху Iей темыту мы дунейм
 Ущыпсэуну сыт и уасэт!
Мы сатырхэм пысщэу сэри сотх:
 Ди щэнхабзэр, адыгэ хабзэр
 Адыгэ псоми я гум хэлъу дыпсэуатэм,
 ЦIыху Iей темыту мы дунейм
 Дыщыпсэунут щIы хъурейм!
 Ар куэд и уасэт, ар дахащэт!
 Гъуэгуанэ жыжьэ къикIуащ ди хабзэм. Ныбжьышхуи яIэщ, яIуатэри губзыгъагъэщ. Дунейр зылъэгъуа, гъащIэм и IэфIи и дыджи зыхэзыщIа ди нэхъыжьыфIхэм я Iуэху еплъыкIэр щIэблэм тхуахъумащ. Ди хабзэм уригъуазэмэ, Iэмал имыIэу гу лъыботэ пэжыгъэм, цIыхугъэм, нэхъыжьым, ныбжьэгъугъэм, захуагъэм пащI зэрыщымыIэр, щIэблэр апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэм щIапIыкI зэпытурэ къызэрыгъуэгурыкIуам. Хабзэр псом япэ ирагъэщырт икIи щIэблэр ягъэIущырт мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым», «ХабзэмыщIэр емыкIухьщ». 
Сэ сфIэхьэлэмэтщ ди хабзэхэр зэрызэхэухуэна щIыкIэр. Мыпхуэдэ хабзэ диIэщ жытIэу дэтхэнэми утепсэлъыхьыну щIэбдзэмэ, фIы и лъэныкъуэкIэ хужыпIэфынум кIэ иIэкъым. Ауэ зы-тIум и гугъу сщIынщ. Благъагъэм теухуа хабзэр къэсщтэнщи, ебланэ лIэужьым и щхьэкIэ къихуэ благъагъэкIэ зэувалIэ мыхъуну, зэрышэ мыхъуну диIэ хабзэм хуэдэ нэгъуэщI зы лъэпкъи яIэкъым. А хабзэм лъэпкъым и къабзагъэр ехъумэ. Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыIэщ адэ къуэш, анэ дэлъхухэм я бынхэр щызэрымыцIыху, «унэкъуэщ» псалъэм и мыхьэнэр къызыгурымыIуэхэми уарохьэлIэ. Мис апхуэдэ IуэхугъуэхэмкIэ зи гугъу сщIы хабзэр щхьэпэщ псоми ящIэну. 
Зыр адрейм сэбэп хуэхъуныр, зыщIигъэкъуэныр, дэIэпыкъуныр «ЩIыхьэху» хабзэм хуигъасэрт. Хьэтыр, гущIэгъу, псапэ, нэгъуэщI куэди къешэ мы хабзэм.
 Сыт хуэдэ щытыкIэ гъащIэм уригъэувэми укърешыф ди хабзэхэм. Iэнэ пэрысыкIэр мыхьэнэ зимыIэу къащыхъунущ, ауэ абыи хабзэ иIэщ. Шхын бжьэдэлъу упсэлъэну зэрыемыкIур, уи IэфракIэхэр Iэнэм телъу ущыс зэрымыхъунур, куэд пшхыну зэрыемыкIур, нэгъуэщIхэри. 
 Иджыри ди хабзэм щыщу зы: «ХьэщIэу къыпхуэкIуамэ, уи жагъуэгъури уи ныбжьэгъущ» жаIэ. Уи бий дыдэу щытми, хьэщIэу къыпхуэкIуар умыгъэхьэщIэныр емыкIушхуэт, икIагъэт, хабзэм къемызэгът. Ар бгъэзэщIэфыныр лIыгъэкъэ?! Гъуэгу тетыкIэ хабзэр-щэ, хьэлэмэтыщэщ. Я увыпIэкIэ, псалъэ хэмыту, нэхъыжьри нэхъыщIэри зэхэбгъэкIыфырт. 
 Хабзэу адыгэм къыдекIуэкIыу щытар тхакIуэхэм ятхыжауэ диIэщ, япэм ар еджапIэхэм щаджырти, псори щыгъуазэт. Иджы ди бзэм ирата сыхьэт бжыгъэр зэрымащIэм къыхэкIыу, псори тхузэщIэгъэхьэркъым, езыр-езыру хабзэм зыщызыгъэгъуазэри нэхъ мащIэ хъуащ. Сэ сфIэфIщ ди хабзэ екIухэр сщIэну.
Уемызэшу, узыIэпишэу утепсэлъыхьыфынущ ди адыгэ хабзэм. Ар къэтщтэжу екIуу зезыхьэн щIэблэ тхьэм дищI. Дыпсалъэмэ, псоми адыгэ хабзэр дощIэ. Ауэ, дызыкIэлъыплъыжмэ, хабзэр зыгъэзащIэр, зезыхьэр мащIэ дыдэщ. Насып диIэти, иджыпсту джэгуакIуэхэм ди хьэгъуэлIыгъуэ, сабийм ехьэлIа хабзэхэр ирахьэжьэжауэ екIуу, хабзэм тету ирагъэкIуэкI. Iэмал имыIэу хабзэу нобэрей ди зэманым епхьэлIэ хъуну диIа псори гъащIэм къыщыдгъэсэбэпын, ар ди хьэл-щэным къыхэщу щытын хуейщ.
Адыгэ тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий мыпхуэдэу итхыгъащ: «Адыгэ фIэхъусхэм, хабзэхэм уащыхэплъэкIэ, Iэмал имыIэу мыбы гу лъыботэ: фIэхъусхэм, хабзэхэм цIыхур ягъэлъапIэ, абы и щIыхьыр яIэт. Ахэр сыт щыгъуи хабзэм и лъэдийщ, ткIийщ, дэтхэнэ зыми ищIэни игъэзэщIэни хуейщ».
Аращи:
 Ди нэмысыр, хабзэ дахэр
 Тщымыгъупщэу дрепсэу!
 Лъагъуныгъэр, пэжыныгъэр
 Дяку дэмыкIыу дрепсэу!

Зыгъэхьэзырар Дарий Дахэнурщ.
Поделиться: