Атаман щхьэщытхъум зэрыпежьар

Тхыдэм и зы Iыхьэщ лIэщIыгъуэм щIигъукIэ ди лъахэм щекIуэкIа Кавказ зауэжьыр. Зыщыщ лъэпкъым къыщыщхьэщыжу, абы лIыгъэшхуэ щызезыхьа Ажьджэр и къуэ Кушыкупщым (Ажджэрий Кушыку), дызэрыщыгъуазэщи, уэрэдхэр хуаусащ, хъыбархэри тражыIыхьащ. 

АрщхьэкIэ, къилэжьами, и цIэр ущэхуауэ къэнащ зи лIыгъэкIи, къару зэрымыщIэжкIи, гуеигъэкIи, адыгагъэкIи Кушыкупщ зыкъыкIэрызымыгъэхуа, языныкъуэхэм дежи ипэ иувауэ щыта, и псэр пытыху Ажьджырыкъуэм дэщIыгъуа зауэлI къэмыланджэж Сэфралыкъуэ Мэт. АтIэми, езыр лъхукъуэлIти, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ закъыкъуигъэщатэкъым.
А псоми я гугъу щещI ди япэ итахэм ятеухуа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжа, бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжа, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыфIищу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьа и тхылъым. 
… Кушыкурэ Мэтрэ, апхуэдизу я пщIэр лъагэт, я цIэр Iуати, къахуэхашэу, бзэгуэгъу дэнэ щIыналъи щаIэт. Зэгуэр зэхах къалмыкъхэр «ЩIы ФIыцIэкIэ» зэджэ, Маныч и Iэхэлъахэм зыщызыуфэбгъуа хъупIэ абрагъуэм шыр куэду щызыIыгъ къэзакъ атаман гуэрым мыр жиIэгъауэ: 
- Еу-уей, Ажьджырыкъуэ Сэфралыкъуэ жыхуаIэ мацыхухэр къысщымышынэу сэ къыслъэIэсын?!
Пащтыхьыдзэм хэт пашэхэм къагурыIуэртэкъым адыгэ шухэм жэщ-махуэм къриубыдэу зэпач жыжьагъэр зэрахуэгъэгуэщI щIыкIэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, гуп зэрыгъэхъуахэр Бжьэдыгъум е Беслъэнейм икIырти, Псыхуабэ къалэ е Тэрчыпс щежэх Iэгъуэблагъэм къыщыхутэрт, мыхъэр щагъахъэрт, зэрынэсам хуэдэуи, а зы жэщ-махуэм къитIасэу къыздикIам нэсыжхэрт. АтIэми, бгырысхэм а IуэхумкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къахуэхъурт яш езэшахэр щызэрахъуэкI щIыпIэ гъэпщкIуахэр зэраIэр. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр а зы жэщ-махуэм къриубыдэу, къепсых жыхуаIэр зымыщIэу, зэпымыууэ шыбгым ис зауэлIхэм я бэшэчагъырт. Шыхэр зэрахъуэкIыурэ, бийм я щхьэм къахуимыгъэтIасэ жыжьагъыр зэпачырти, гъуэгу зэрытехьа а шы дыдэхэмкIэ я деж къэсыжырт. 
Арати, мо зэхахар зыгъэунэхуну мурад зыщIа Кушыкурэ Мэтрэ траухуэ атаман щхьэщытхъум и Iэхэлъахэм я лъэр нахусыну. Мыиныщэу гуп зэрагъэпэщ. Щынэсым, губгъуэ мэзыншэ-жыгыншэм нэху къащытещхьэу щыщIидзэм, Маныч деж куэду щыIэ бгъэн абрагъуэхэм зыхагъапщкIуэ. УвыIэпIэншэу къатебанэ аргъуейхэр зыщхьэщахуу абы махуэр щагъакIуэ, пщыхьэщхьэм гувауэ къыхокIыжри, емыпIэщIэкIыурэ хуаунэтI атаман щхьэщытхъум и шыбз гуартэхэр здагъэхъум. 
Шыхэр зыхъумэ шыхъуэхэр Iэуэлъауэншэу аркъэнкIэ яубыдмэ, упщIэ жьэдалъхьэм япхыурэ ягъэтIылъ, зы укIыгъи лъы къикIыгъи къыхамыгъэкIыу. Жэщ ныкъуэм нэблэгъэпауэ шыбз гуартэ зэщIэубыдаифI кърахужьэри, къожьэж зекIуэ гупыр. Пщэдджыжь нэхутхьэхум иджырей Черкесск и ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ къедза Iуащхьэ Iэрамэу мы зэманым «Сычовые горы» цIэр зытеIукIам и ищхъэрэкIэ-къуэкIыпIэмкIэ къыщылъ тафэшхуэм къэблэгъэжыным щIагъуэ имыIэжу, гу лъатэ я шыкIэ мафIэ егъэуауэ пхъэрыр къазэрыкIэлъеIэм.
Шу гупышхуэ къакIэлъыжэу къыщалъагъум, Мэт сымэ гъусэ зыхуащIа Алъхъэс и къуэ Беслъэныжьым и гуп мащIэр мащтэри, «шы щхьэкIэ дыхэкIуэдэнущ!» жаIэри щIопхъуэж. Аращ, къызэраIуэтэжымкIэ, Кушыку и уэрэдым щIыхагъэхьар:
Ей жыпIэркъэ, шу бзаджэ шухэр
Псыхъуэ банэм къызэдыхохьэ.
БэчбийкIэ кIэрыхьэжари 
Алъхъэс и къуэкIэ фи Беслъэныжьт! - жиIэу.
- ЛIо иджы, Ажьджырыкъуэ, мо къыткIэлъыжэхэм дазэрыпежьэнур? Сахыхьэну хуит сыпщIрэ? – жеIэри, Мэт пщым зыхуегъазэ.
- Абыхэм нэхъ къагурыIуэн пфIэщ бзэмкIэ уэ епсалъэ, Сэфралыкъуэ! – хуит къещI Ажьджырыкъуэм. 
- АтIэ, арамэ, Кушыку, уэ ди хакIуэр здэкIуэмкIэ гъакIуэ, зыми къомыгъэгъэувыIэу! Сэ мы къыткIэлъыжэхэм тIэкIу сакъыдэджэгунщ! – жеIэри, Сэфралыкъуэм зимыгъэлъэгъуащэурэ къуэ-уэх мащIэ здиIэмкIэ зедзри, пхъэрым япэщIопхъуэ.
Кушыкуи бгы лъапэм хуэжэ шы гуартэ кърахужьам къакIэлъоIэ. ЗэныбжьэгъуитIым зекIуэ IуэхукIэ дэнэ ежьэми здрашажьэу хакIуэ гъэса яIэт, адрей шыхэм япэ ирагъэувэмэ, зэрыкIуа лъагъуэр къигъуэтыжрэ жэщ нэхъ кIыфI дыдэми къыпхыкIыжыфу, а щIалитIым нэхъ зы цIыхупси зыбгъэдимыгъэхьэу. 
Мэт жыжьэу къэлъагъуэ пхъэрым япежьэщ, лъэныкъуэкIэ щапэтIысщ, пхъэ гъур мащIэ къищыпри мафIэ тIэкIу ищIауэ, лыр иригъэууэ щысу къэзакъхэр къэсащ, хьэжьажьэр къызыIурих атаманыр я пашэу. Мо Iэхъуэ теплъэ зиIэу лы тIэкIу зыгъэлынцIым къыбгъэдэлъадэри:
- Хьэм къилъхуа Iей! Сэфралыкъуэм си шыбзыр ирихужьауэ жаIэри, гу лъыптакъэ? – жеIэри къоупщI, щIопщкIэ зэ фIыуэ къыхэуа нэужь. Мэти урысыбзэ мащIэу ищIэрти:
- МодэкIэ мо уэсэпс лъэужьышхуэр плъагъурэ? ЛIыгъэ уиIэмэ, абы ирикIуэ! – педзыж.
- Дауэрэ укъызэпсалъэрэ? – жиIэщ, атаманыр зэ къыхэуэжри, уэсэпс лъагъуэм тету щIэпхъуащ.
Сэфралыкъуэр, зэрыгузавэ щымыIэу, лы тIэкIум пыгъукIщ, нэгъуэджэ ищIу игъэтIылъа и Iэщэхэр и цеикIэр дэупщIауэ зыпщIэхилъхьэжри, къуэ цIыкIум щигъэзэгъа и пщIэгъуалэжьыр къызэщIикъузэжри, шэсыжащ.
Зэрахабзэщи, пхъэру щIэпхъуахэр щхьэж иш зэрихькIэ макIуэ, зэрыубыдаи зэпIэзэрыти ядомылъагъуу. Мэт абы щыгъуазэт. Арат щIапежьар, я кIэм къиувэну. КъызылъэщIыхьэр иригъэпсыхмэ-иригъэпсыхыурэ, уанэгу куэд нэщI ищIауэ, атаманыжьыр къызоплъэкIри, щIалэр къелъагъу.
- А-а, хьэм къилъхуа! Уэращ атIэ Сэфралыкъуэр! – жеIэ, къегъэкIэрахъуэри, Мэт къытобанэр.
Атаманри лIышхуэт, Iэщэм хуэIэрыхуэти, сэшхуэкIэ къеуэрт, увыIэгъуэ имыIэу къебгъэрыкIуэу. Сэфралыкъуэм и джатэр пэщIигъэувэрт, езыр емыуэу. Ауэрэ здекIуэкIым, Iуащхьэ лъагэм къытеувауэ нэрыплъэкIэ къаплъэ Ажьджырыкъуэм къелъагъу Мэт уанэгум зриIэтыкIыу зэ закъуэ и джатэмкIэ зэрыуар. КъебгъэрыкIуам и сэшхуэри шхуэмылакIэри къыIэпохури, и щхьэри и бгъэм къытощIэж, зытеса пщIэгъуалэри хъуакIуэу мэувыж. Абы гу лъызыта къэзакъхэм:
- Сэфралыкъуэрщ! Сэфралыкъуэрщ! Щхьэж зэрылъэкIкIэ лъэныкъуэ зевгъэз! - жаIэу, гуоуэ зэрохьэжьэж. Сэфралыкъуэри Кушыку къыбгъэдолъэдэж. 
- Уа, Мэт, нобэрей уи уэкIэр схуэмыгъэщIэгъуа! Джаурыжьым сабэ мащIэ къыхебгъэхуа къудейщ! – къыжреIэр абы. 
- Кушыку, сэри а атаманыжьым сыщеуам, си джатэр зыгуэрым тIэкIу къигъэувыIэ хуэдэу гурыщхъуэ сщIащи, накIуи дегъэплъыт!- жеIэ Мэти.
ТIури Iуащхьэм къожэхри, атаманым и пщIэгъуалэм бгъэдохьэ. Мэт и джатэ Iэпщэр атаманым и дамэм ирегъэкъури, йоIунщI. ЛIышхуэр тIууэ зэтоху, и блэгущIэм къыщегъэжьауэ и бгырыпх пхапIэм нэсыху зэгуэгъэзати. Щыгъ щIыIутелъым и щIагъым афэ джанэ щIэлъу къыщIокI. Ари зэрыщыгъыу лIышхуэр зэпиупщIати арат, «си джатэр тIэкIу зыгуэрым къигъэувыIат!» - щIыжиIар Мэт. Атаманым и хьэдэр зэращтэжыным хуэдэу ягъэтIылъщ, и пщIэгъуалэжьыр адрей уанэгу нэщI хъуахэм къыдыщIагъури гуартэм къыхаутIыпщхьэ…

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: