ЩIымахуэм дыхуэхьэзырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм ­зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ щIыналъэхэр 2026 - 2027 гъэхэм я бжьыхьэмрэ щIымахуэмрэ зэрыхуэхьэзыр щIы­кIэм, псэупIэ ухуэнымрэ инфраструктурэм и зыужьыкIэмрэ я гугъу ящIащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр гъэплъыгъуэ пIалъэм жэпуэгъуэм зэрыщIидзэрэ хуэхьэзырщ, мазэм и 15-м муниципалитетхэм я нэхъыбэм унэхэр гъэплъын щыщIадзащ. 
Унафэр зезыгъакIуэ, хуабэр зэбгрызытыкI IуэхущIапIэхэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я хьэкухэр зыхуэныкъуэ псыр ира­гъахъуэ. 
Зэпыу ямыIэу, сыхьэт 24-м районхэм щолажьэ зыхуэ­мы­хьэзыр къэхъукъащIэхэм хуэмыбэлэрыгъын хуэдэу, къы­зэрагъэпэща аварие-диспетчер IуэхущIапIэхэр. 
Зыхуэныкъуэ лэжьыгъэ псори ирахьэлIащ электрокъарумрэ гъуэзымрэ зэбгрызыгъэкI Iэмэпсымэхэми. 

Поделиться: