КуэдкIэ щыгугъыу

Курыт щIэныгъэ щрагъэ­гъуэт IуэхущIапIэхэм ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх Iуэху­гъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщрагъэузэщI, «Зыу­жьы­пIэ» («Точка роста») фIэщыгъэр зиIэ центрхэр къызэIуа­хыу зэрыхуежьэрэ илъэс зыбжанэ хъуащ. Жэрдэм дахэр къыхэзылъхьахэр зыхущIэ­къур зыт: сабийхэм Iэмалыншэу зрагъэгъуэтын хуей щIэныгъэм къыдэкIуэу, дэзы­хьэх IуэхухэмкIи есэныгъэхэр ягъэгъуэтынырт. Егъэджэ­ныгъэ IэнатIэм блэкIа илъэс зыбжанэм щекIуэкIа зэхъуэ­кIыныгъэхэм уащыхэплъэкIэ, мы гукъэкIыр нэхъ щIагъуэ­хэм зэращыщыр, сабийхэр «ЗыужьыпIэхэм» яфIэфIу зэ­рекIуалIэр наIуэ хъуащ. Ап­хуэдэу Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIищым гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу къы­щызэIуахащ естественно-­щIэ­ныгъэ унэтIыныгъэ зиIэ центр­хэр.

«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ щIы­налъэхэм щылажьэ «Иджы­рей еджапIэ» къэрал пэхуэ­щIэм тету апхуэдэ центрхэр къы­щызэIуахащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №9-м, курыт еджапIэ №11-м. Центрхэр къыщызэIуаха IуэхущIапIэхэм илъэс Iэджэ лъандэрэ химиер, биологиер, физикэр щрагъэдж къэрал программэхэм къызэрагъэувым нэхърэ нэхъ куууэ. Апхуэдэ лэжьэкIэм хуэгъэпсащ еджа­пIэхэм я техникэ Iэмалхэри - псори къэралым егъэ­джэ­ныгъэмкIэ къищта мардэхэм хуокIуэ, лъэщапIэхэмрэ лабораториехэмрэ зыхуей-зы­хуэныкъуэ технологиещIэхэмкIи къызэгъэпэщащ.
«ЗыужьыпIэ» центрхэр бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр тегъэ­щIапIэ зыщI егъэджэныгъэм и дэIэпыкъуэгъущ. Естественнэ-щIэныгъэ, техникэ, гуманитар унэтIыныгъэхэр къыхэзыхыу ахэр нэхъ убгъуауэ езыгъэ­джыну жэрдэм зыщI еджапIэхэр зэрылажьэ программэхэм къызэщIаубыдэ Iуэху­гъуэхэр къызэрырахьэлIэ, ­сабийхэм я зэфIэкIхэм хэзы­гъахъуэ, я щIэныгъэр зыгъэкуу зэхуэсыпIэщ, жыпIэнурамэ, щIэныгъэ къигъэхъуапIэщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэм­рэ ехьэлIауэ Iуэхугъуэ зэмы­лIэужьыгъуэ куэд зэрыще­кIуэ­кIыр щэхукъым. ЩIыналъэм къыщыхалъхьэ жэрдэмхэм ­Бахъсэн къалэри жыджэру хэтщ. Апхуэдэщ «ЗыужьыпIэ­кIэ» зэджэ центрхэри. Абдеж щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэ­пэщ щIэнIуатэхэр, Iэнэ хъурейхэр, дерс дамэдазэхэр. Утыкум къралъхьэ щIэныгъэр нэхъ нэрылъагъу ящIын папщIэ, егъэджакIуэхэми сабийхэми центрхэм я Iэмалхэр шэщIауэ къагъэсэбэп. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ программэм и фIыгъэкIэ «ЗыужьыпIэ» центрхэм хуэдэ ди еджапIищым къы­щы­зэIутхыну Iэмал дгъуэтащи, ­дыщогуфIыкI. ДыщIэпсэури дыщIэлажьэри ди щIэблэращ. Абыхэм нобэ етт зэхэщIыкIырщ я дуней лъагъукIэм зе­зыгъэужьынур, абыхэм еджапIэм щIах щIэныгъэрщ ди псэукIэмрэ щыIэныгъэмрэ зэIу­зэпэщ зыщIынур. ДяпэкIи тлъэкI къэдгъэнэнукъым ди ныб­жьыщIэхэм яфI зыхэлъ пэхуэщIэхэр еджапIэхэм хэп­ща хъун папщIэ», - жиIащ ­Бахъсэн къалэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и уна­фэщI Борэн Маринэ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: