Налшык дэт Лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ куэдым я гум дыхьа Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэм щытепсэлъыхьа, езы тхакIуэр и щIэджыкIакIуэхэм щыIуагъэщIа зэIущIэ. АбонементымкIэ библиотекэм и къудамэм къыщызэрагъэпэща Iуэхум хэтащ библиотекэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, филологием, режиссурэм, журналистикэм хуеджэ студентхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
- Ди къудамэм щыдублащ литературэр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ «Рассказ дыкъоджэ» зыфIэтща Iуэхур - Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я прозэ тхыгъэхэм дыкъоджэ, дытопсэлъыхь, тхакIуэхэм даIуощIэ, я IэдакъэщIэкIхэм ятеухуа упщIэхэр ядот, езыхэри я гущIагъщIэлъхэмкIэ къыддогуашэ. Нобэ къедгъэблэгъащ Мэкъуауэ Амир. Абы и рассказхэм, и тхыгъэ нэхъ инхэм дыкъеджащ, ди гум дыхьащ. УпщIэ куэдкIи тхакIуэм зыхуэдгъэзэну дыхуейщ. Нобэ апхуэдэ Iэмал диIэщ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым библиотекэм абонементымкIэ и къудамэм и унафэщI ПащIэ Тамарэ.
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ тепсэлъыхьащ Мэкъуауэ Амир и IэдакъэщIэкIхэм, абыхэм я мыхьэнэм.
- Амир и тхыгъэхэм уагъэпIейтейуэ уоджэ. Уеджа нэужьи, хьэлъэщ бгъэвыну. «Возвращённое небо» тхыгъэм сыщеджам сигъэжеятэкъым жэщым, гупсысэ хьэлъэу щыпхышам сигъэпIейтейри. Апхуэдэщ адрей тхыгъэхэри, - жиIащ Ларисэ.
Абы къыхигъэщащ Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэр цIыкIуфэкIухэмкIэ (деталь) зэрыкъулейр, абыхэм рассказхэр егъэлеяуэ щIэщыгъуэ икIи еджэгъуафIэ зэращIыр. ЩIалэгъуалэр тхылъым зэрыпыщIам теухуауи и гупсысэр жиIащ:
- Куэдрэ зэхыдох щIалэгъуалэр тхылъ емыджэу. Ауэ сэ къысфIощI художественнэ тхыгъэ еджэ абыхэм куэду яхэту икIи си гугъэщ щIалэгъуалэм езыхэм я зыхэщIэкIэ яIэжу. НыбжьыщIэхэр рассказым е повестым зыхуишэ гупсысэхэр сщIэну сфIэгъэщIэгъуэнщ, - жиIащ Ларисэ.
ТхакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Мадинэ тепсэлъыхьащ «Остров гнома» тхыгъэр телъыджэу къыщIилъытэм. Абы къыхигъэщащ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ зэрыщызэхэшыпсыхьам тхыгъэр егъэлеяуэ щIэщыгъуэ зэращIым.
- Мэкъуауэ Амир тхакIуэ-гупсысакIуэщ. ТхакIуэфIыр сыт нэхъыбэу зыхуэныкъуэр жыпIэмэ, псалъэр зыхэзыщIэ щIэджыкIакIуэфIщ. ЩIэджыкIакIуэ куэд дыдэ уимыIэми хъунущ, птхым еджэр мащIэми, а мащIэм я гупсысэм ухэпщIэмэ, - жиIащ Мадинэ, щIэджыкIакIуэхэм ятеухуауэ.
Лъэпкъ библиотекэм гъуазджэмкIэ и къудамэм и унафэщI КIуж Заремэ тепсэлъыхьащ я къудамэм и лэжьакIуэхэм зэIэпахыу Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэр зэраджам, зэрытепсэлъыхьыжам, дэтхэнэми и гум гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрыщигъэушам.
- Сэ рассказхэмкIэ къыщIэздзащ Амир и IэдакъэщIэкIхэр зджыныр. Рассказхэр зэрыкуум, къыщыIэта гупсысэхэр Iэпкълъэпкъым къыщыхъуэпскI нэхъей, укъызэрыхагъэщтыкIым хьэщыкъ сищIащ. «Ловушка», «Золотые апельсины», «Остров гнома» рассказхэр зыгъэбея философиер апхуэдизкIэ си гупсысэм хэтщи, Iэмал имыIэу адэкIи щIэзджыкIынущ тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр. Рассказхэм сыкъеджэри, сегупсысащ абыхэм фильм гъэщIэгъуэныщэхэр къазэрыпхухэщIыкIыфынум, - жиIащ Заремэ.
ЩIалэгъуалэм тхакIуэм упщIэхэр иратащ. Абыхэм ящыщт тхакIуэ ухъун папщIэ уи хьэл-щэнкIэ узыхуэдэн хуейр. Мэкъуауэр тхэным зэрытегушхуами трагъэпсэлъыхьащ.
- Ухуей-ухуэмейкIэ тхакIуэ ухъуфыну къыщIэкIынукъым. УтхакIуэр пэжмэ, абы укъыхуэзыгъэуш зы Iуэхугъуэ гуэр къыщыхъуу къыщIэкIынущ гъащIэм.
Спортым тегушхуауэ сыхэтт, СССР-м и турнирым пашэ сыщыхъуат. Зы зэпеуэ гуэрым си узыншагъэм зэран хуэхъуа удын щызгъуэтати, спортым зестыпэ хъунутэкъым. Тренировкэхэм сыщымыкIуэкIэ, зэмани сиIэ хъуати, мис абы щыгъуэщ тхэн щыщIэздзар - балигъ сыхъуауэщ. НэхъапэIуэкIэ, литературэм щыщ тхыгъэ кIыхь сыкъеджагъэххэтэкъым, курыт еджапIэм щыдджаIа мыхъумэ. Пэжщ, усэ гъэхуауэ сыкъеджэрт, Налшык сыкъашэурэ пшыхьхэм сыкъыщрагъэджаи къысхуихуат. Сытми, ди еджапIэм, дызыхэс гупым зэгуэр къэкIуащ библиотекэм и лэжьакIуэ бзылъхугъэ. Шукшин и рассказитI къытхуеджащ ар. Егъэлеяуэ сызыIэпишат, и псэр хилъхьэу къызэреджам, рассказхэм я мыхьэнэм, художественнэ тхыгъэм и къарум сригъэгупсысауэ щытащ. ЗэIущIэр иуха нэужь, бзылъхугъэм и ужьым сиувэри, библиотекэм сыкIуащ, абы щIэджыкIакIуэм и билет щезгъэтхащ асыхьэту. Этикэм, эстетикэм, психологием, философием теухуа къудамэм щIэлъ тхылъхэр щIэзджыкIащ тезгъазэурэ. АдэкIэ, художественнэ литературэм сыдихьэхащ. «Спаси меня, мой ангел» япэ рассказыр а зэманым стхащ.
«Рассказ щыптхкIэ, ар икIэм зэрынэсар дауэ къапщIэрэ, къыпыпщэнIа хуейуэ къыпщыхъуу зэи бгъэтIылъыжакъэ?» - щIэупщIащ зыгуэр.
- Рассказыр тхын суха нэужь, сэ абы къыпысщэнIауэ сыхуеинкIэ зы Iэмали иIэкъым, сыту жыпIэмэ, сэ икIэмкIэ къыщыщIызодзэри сотхэ. Си рассказу хъуам къыхощ а «хьэлыр» - зэриухынумкIэ къыщIызодзэри, адэкIэ сызыхуейр къызоIуатэ. Апхуэдэм деж, ухуеипэми, къыпхупыщэжынукъым, - жиIащ тхакIуэм.
ЩIалэгъуалэр тепсэлъыхьащ езыхэр зэджа рассказхэм, ахэр къазэрыгурыIуам, къагурымыIуауэ хэтым. «Сады Масират» рассказым зэреджар жиIащ, зыхуиша гупсысэхэми тепсэлъыхьащ КъБКъУ-м филологиер щызыдж Мэсей Даянэ.
- Бзылъхугъэм и дунейр къегъэлъагъуэ тхыгъэм. И гъащIэр бын къыщIэхъуэн-къыщIэмыхъуэным епхыпауэ къэлъытэным абы насыпыншагъэ къызэрыхуихьым и зы щапхъэщ мыбы къыщыIуэтар. Сэ егъэлеяуэ сигу щIэузащ Масирэт. Ауэ щыхъукIи, икIэм бзылъхугъэр гъащIэм арэзы зэрыхуэхъужами сыщыгуфIыкIыурэ сыкъеджащ, - жиIащ абы икIи къыхигъэщащ езым и дежкIэ мыгурыIуэгъуэ философие тхыгъэм зэрыщыIущIами.
- А рассказыр нэхъ гугъу сызыдехьарщ. КъыбгурыIуэну гугъущ, зыхэпщIэ пэтми, жыхуэсIэщ. «И купщIэр къыбгурыIуэн папщIэ зыбжанэрэ укъеджэн хуейщ», - къызжаIащ си щIэджыкIакIуэ зыбжанэми. БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ я зэхуакум дэлъ зэманыр лъэныкъуэ егъэзащ - бзэхащ. Абы гугъу ещI гупсысэр тхыгъэм къыхэбубыдыкIыныр. Илъэс 200 ипэкIэ, зэгуэр псэуа лIыр Масирэт и гъащIэм къыхохьэ, псэгъу хуохъу. Кавказ зауэм хэкIуэдауэ щыта цIыхухъурщ рассказым къыхэщ бзылъхугъэр насыпыфIэ зыщIыфыну щыIэр. Я зэманыр зэтехуакъым цIыхуитIым - зэблэкIын хуей хъуащ, ауэ я псэхэр зэпыщIауэ къыщIэкIащ. Иджы девгъэгупсыс: блэкIамрэ къэкIуэнумрэ дэ - цIыхухэм - зэпыдогъэщхьэхукI. Ауэ Тхьэшхуэм зэпигъэщхьэхукIыну пIэрэ? ФIэщхъуныгъэ лъэщ зи гум илъым блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпишэчыщэркъым - гъадэщIыдэщ абы и дежкIэ гъащIэр. Сыт иджыри рассказыр гугъу зыщIыр жыпIэмэ, дуней нэпцIымрэ дуней пэжымрэ теухуа гупсысэхэр къызэрыщыхьам. Ещанэуи хэлъщ мыбы куууэ узыпхыплъын хуей гупсысэ: ар ипэжыпIэкIэ узыщыпсэу дунеймрэ уи нэгум къыщIэбгъэхьэмрэ я зэпылъыпIэрщ, - жиIащ Амир рассказым теухуауэ.
Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и студент Къып Темболэт жиIащ ди зэманым интернетыр тхылъхэм хьэрхуэрэгъу къазэрыхуэхъуар. Нэхъапэхэм тхылъхэмрэ фильмхэмрэт щIалэгъуалэм я дунейр, иджы я Iэм IэщIэлъ телефоныр я гъащIэм щыщ Iыхьэщ. Ауэ щIэныгъэм, гупсысэ узыншэм хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэм зэджэни зэплъыни къагъуэт.
Темболэт и гупсысэм пищащ а институтым щеджэ Золоевэ Тамарэ.
- Адэ-анэхэм я сабийхэм телефоныр къыIэщIахыфу зрамыгъасэмэ, тхылъ еджэхэм я бжыгъэм адэкIи хэщIынущ. Сэ сфIэфIщ художественнэ тхыгъэхэм седжэн, ауэ езыр-езыру зыхэслъхьа хьэлкъым ар. Си анэрщ тхылъ седжэу сезыгъэсар, щапхъэ сэзыгъэлъэгъуар. Си сабиигъуэм телефоныр къэунэхуагъэххэти, си ныбжь итхэм абыкIэ зытрагъэурт. Ауэ ди унагъуэм и хабзэр нэгъуэщIт: пщыхьэщхьэ къэс таурыхъхэм, шыпсэхэм дыкъеджэрт. Сыт мыр щапхъэу къыщIэзгъэлъагъуэр?! Анэхэм я деж къыщежьэ щыуагъэщ телефоныр сабийм хуит хуэщIыныр, жыхуэсIэщ. «Телефоныр къащти, узыхуейм еплъ, си гугъу къыумыщI», жраIэ куэдым я быным.
Къэрал макъамэ театрым и солисткэ Къущхьэ Камилэ жиIащ Мэкъуауэ Амир и гъащIэм, и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ зэIущIэм щыжаIам зэригъэпIейтеяр, куэдым зэрыригъэгупсысар, и тхыгъэхэр Iэмал имыIэу зэрыщIиджыкIынур.
Мэкъуауэ Амир жиIащ и тыгъэхэр ихъуреягъкIэ щилъагъум къызэрыхэкIыр, абыхэм къаIуатэ Iуэхугъуэхэр, нэщэнэхэр, лIыхъужьхэр гъащIэм щигъэунэхуурэ къызэрекIуэкIар. Iуэхугъуэу узыкIэлъыплъхэм философие хэбгъэхьэныр, художественнэ къарукIэ упсыхьыныр, щIагъыбзэ щIэплъхьэныр щхьэхуэщ.
ЗэIущIэм щIэсахэм къыхагъэщащ, щэнхабзэм и щэхухэм ущыгъуазэмэ, психологиемрэ философиемрэ теухуа литературэ уеджэмэ, гъащIэр зищIысым уегупсысмэ, Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэр тыншу къызэрыбгурыIуэр.