КъБР-м и Парламентым УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
Абы щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ХэхакIуэ комиссэм хагъэхьэну УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм къигъэлъагъуэм теухуа унафэм.
КъБР-м и Парламентым Хабзэубзыхухэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэным епха IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и лэжьэгъуэ пIалъэр 2026 гъэм и дыгъэгъазэм зэрикIым къыхэкIыу, жэпуэгъуэм и 10-м гупыщIэ къызэрагъэпэщын щIадзащ. «УФ-м и хабзэм тету, комиссэм хэтынухэм я зэхуэдитIыр хэтхын хуейщ, Урысейм и ЦИК-м къигъэлъагъуэ зы цIыхуи яхэту. Апхуэдэу ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм зыхудогъазэ Сундиевэ Ксение къигъэлъэгъуэну. ЗэрыфщIэщи, ар мы зэманым КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и секретарщ», - жиIащ къэпсэлъам. Депутатхэм унафэр даIыгъащ.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ «Балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъыным, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэным, ахэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэхэм я пщэрылъ щхьэхуэхэр ямыгъэзэщIэжынымрэ «Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ я IэнатIэхэм балигъ мыхъуахэм якIэлъыплъынымкIэ къэрал пщэрылъ щхьэхуэхэр ягъэзэщIэным теухуауэ» КъБР-м и Законым къару имыIэжу къэлъытэнымрэ теухуа хабзэм и проектым.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор зэрыжиIамкIэ, балигъ мыхъуахэм я нэIэ тригъэтыну икIи кIэлъыплъыну КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэр къагъэлъагъуэ. Нэхъ ипэкIэ а пщэрылъхэр муниципалитетхэм ягъэзащIэу щытащ. КъызэралъытэмкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм Iэмал къаритынущ лэжьыгъэр зы мардэм тету яубзыхуну, хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъыну.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Волонтёрхэм я Iуэхур зэкIэлъыгъэкIуэным теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «Хэхыныгъэхэмрэ референдумхэмрэ ехьэлIа республикэ законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и хабзэхэм я проектхэр.
Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ епха Iуэхухэр щызэкIэлъыгъэкIуэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и 6-нэ, 7-нэ Iыхьэхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир тепсэлъыхьащ хамэ къэралхэм щыщу Урысейм визэншэу къакIуэхэм лэжьэну хуитыныгъэ щраткIэ (патент) хуагъэув налог коэффициентыр 2027 гъэм зыхуэдэнум. Абы елъытауэ щытынущ хамэ къэралхэм къикIхэм лэжьэн папщIэ къыдах патентым щIатынур. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, коэффициентыр зэрыщытауэ - 3,3-уэ - къагъэнэж. Къэбгъэлъагъуэмэ, аращ Кавказ Ищхъэрэм щынэхъыбэ дыдэр. Министрым жиIащ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм республикэм щылэжьэну хуитыныгъэ къеIызыххэм я бжыгъэм зэрыхимыгъэхъуэнур, республикэм щыпсэухэм IэнатIэ яIэным лъэпощхьэпо зэрыхуэмыхъунур.
- КъБР-м щыIэ МВД-м къызэритымкIэ, 2026 гъэм и мазибгъум хамэ къэрал къикIахэм лэжьэну хуит зыщI дэфтэру 4241-рэ иратащ. Ар нэгъабэ елъытауэ процент 19-кIэ нэхъ мащIэщ. Абы щыгъуэми мазибгъум къриубыдэу республикэм и бюджетым къыхэхъуащ сом мелуан 344-рэ (сом мелуан 13,2-кIэ нэхъыбэщ, 2025 гъэм елъытауэ), - къыхигъэщащ Тогузаевым.
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ къызэщIикъуэжащ 2026 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм и бюджетыр зэрагъэзэщIар. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 35,9-рэ хъуащ (илъэсым тращIыхьым и процент 49,7-рэ), къигъэсэбэпар – сом мелард 35,2-рэ (процент 46-рэ). Бюджетым къыдэхуащ сом мелуан 697,7-рэ.
Министрым жиIащ налог хэхъуэхэмкIэ республикэм ехъулIэныгъэхэр зэриIэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, бюджетым къыIэрыхьащ IуэхущIапIэхэм я хэхъуэм щхьэщатыкIа сом меларди 2,2-рэ, цIыхухэм къатауэ сом меларди 3,2-рэ. Зымыгъэзэж хэхъуэу щIыналъэм къыIэрыхьащ сом мелард 23-рэ. «Социальнэ мыхьэнэ зиIэ, ипэ игъэщыпхъэ Iуэхухэм хуэдутIыпщащ сом мелард 25,5-рэ. Абы щыщу сом меларди 3,7-р цIыхухэм зэрызащIэдгъакъуэ Iуэхухэм текIуэдащ (сом меларди 2-м нэблагъэр дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным ехьэлIауэ). Бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэр етыным - сом меларди 6,2-рэ, мылажьэхэм Iэмал имыIэу хуащI медицинэ страхованэм - сом меларди 2,8-рэ хуэзащ. Сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным сом мелуан 438-рэ хухэтхащ», - къыхигъэщащ Лисун Еленэ.
Министрым дыщIигъуащ 2026 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм и кIэм республикэм и къэрал щIыхуэр сом меларди 4,6-рэ зэрыхъур. Илъэсым и пэм елъытауэ, щIыхуэр сом мелуан 604-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Лисун Еленэ жиIащ социальнэ IуэхущIапIэхэм я ухуэныгъэм, апхуэдэхэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщынымрэ мы гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм зэрыпащэнур.
БАГЪЭТЫР Луизэ.