Ди лъэпкъэгъу щэджащэхэрЩIэныгъэлI Фэтджэрий Мухьэмэд зэритхымкIэ, 1846 гъэм къыщыщIэдзауэ 1914 гъэм нэсыху Тыркум и къэрал къулыкъу нэхъыщхьэхэр яIыгъащ хамэ щIыналъэ къикIа цIыху минищым. Абы щыщу щиплIыр Кавказым иIэпхъукIа бгырысхэм я бынщ. Абыхэм яхэтащ IэщIагъэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыху цIэрыIуэ куэд. Ахьмэд Джэвит-пэщэр (1840 – 1916), илъэс пщIыкIуплIым иту, Псыжь икIри и адэ-анэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуащ. Абы и унэцIэ дыдэр Тхьэрхэтщ. Ахьмэд куэдрэ къулыкъуфIхэр иIыгъыу лэжьащ. 1908 гъэм ар Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iэтащхьэу хахри, дунейм ехыжыху а Iуэхум псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтащ. АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным Ахьмэд илъэс зыбжанэкIэ яужь итащ. Абы хьэрып хъэтIыр и лъабжьэу зэхелъхьэ адыгэ алыфбей икIи ар 1897 гъэм Истамбыл къыщыдегъэкI. Илъэс пщыкIуплI докIри, Тхьэрхэтым и етIуанэ тхыгъэр дунейм къытохьэ. «Адыгэ макъхэм я къэпсэлъыкIэмрэ я тхыкIэмрэ» - аращ абы зэреджэр. А лэжьыгъэр Ахьмэд адыгэбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, тыркубзэкIи къыдигъэкIащ. Джэвит-пэщэм и ныбжьэгъу пэжу, илэжь IуэхухэмкIи дэIэпыкъуэгъуфIу щытащ щIэныгъэхэм я доктор Пщыхьэлыкъуэ Мухьэмэд-Алий. Ар 1864 гъэм бжьэдыгъу хэкум икIыжу хамэщIым кIуэжа лIым и унагъуэм къыщалъхуащ. Тхьэрхэтымрэ Пщыхьэлыкъуэмрэ зэгъусэу «Адыгэбзэм и псалъалъэ» ягъэхьэзырри, абы щыщ зыкъом «Гъуазэм» къытрырагъэдзащ. Езы Мухьэмэд-Алий тхылъитху къыдигъэкIащ: «Адыгэ алыфбей», «Хьудрэ Сэмудрэ», «Кавказым и тхыдэ» (томищу). Шунэтыкъуэ Мэти (1875 – 1922) Тыркум щыцIэрыIуэщ. Абы куэдрэ дзэм къулыкъу щищIащ. Ататюрк и дзэзешэхэм ящыщт, иужькIэ тырку меджлисым хэтащ, генерали хъуащ. Шунэтыкъуэм бзэ куэд ищIэрт, дунейпсо тхыдэм фIыуэ хищIыкIырт. Истамбыл абы тхылъ зыбжанэ къыщыдигъэкIащ адыгэхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ: «Кавказым и тхыдэ» (1914), «Хьеттхэр» (1915), «Адыгэхэмрэ пасэрей алыджхэмрэ» (1915), «Сэракъэ Адыгэ зи цIэ адыгэр» (1918), «Боспор къэралыгъуэмрэ Кавказым ис абхъазхэмрэ» (1918). ФIыщIэ Хасэм куэдрэ щылэжьащ IэкIыфI Тыгъуэни. Ар езыр егъэджакIуэт, тхакIуэт. 1916 гъэм Тыгъуэн Истамбыл къыщыдигъэкIащ «Адыгэбзэм и зэхэлъыкIэ» зыфIища тхылъыр. ТхакIуэ Сейн Ахъмэт (1859 – 1920) урыс гимназием щIэныгъэ щызригъэгъуэтат, ауэ езым хуэдэ куэдым ещхьу, гъэпцIагъэкIэ адэ Хэкужьыр ирагъэбгынат. Тыркум Ахъмэт щыегъэджакIуэт, абы адыгэ, тырку сабийхэм урысыбзэ яригъащIэрт. Тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIауэ лэжьыгъэ зыбжанэ иIэщ Сейным: «СулътIан Абдул-Хьэзиз и хъыбархэр», «Дэнэ дыкIуэрэ?», «СулътIан Мурат Етхуанэм теухуауэ», «Иужьрей Урыс-Тырку зауэр», нэгъуэщIхэри. Адыгэ ФIыщIэ Хасэм жыджэру хуэлэжьащ Тумэ Хъусени. Ар 1875 гъэм Дамыр-Гисар тырку жылагъуэм къыщалъхуащ. Хъусен адыгэбзэкIэ тхэрт, зыхуэусэри Кавказ щIыналъэрат. Тумэм и усыгъэ тхылъ 1919 гъэм Истамбыл къыщыдэкIащ. Адыгэбзэм и хабзэхэм ятриухуащ абы и етIуанэ тхылъыр. КIэщIу зи гугъу тщIа лIы хъыжьэхэми, нэгъуэщI куэдми Iуэху нэхъыщхьэу зэрахуэр зыт: хэхэс хъуа, хэку анэбгъэм щIача я лъэпкъэгъухэр щIэныгъэншагъэм, кIыфIыгъэм къыхэшынырт. Ауэ ахэр зыбгъэдэт гъащIэм и хабзэ-бзыпхъэхэр ткIийт, щыпсэу къэралым лъэпкъ цIыкIухэр дикъузэрт, зэхуигъадэртэкъым. Иджыри къыздэсым тыркухэр я ныбжь щышынэжу мэпсэу, залымыгъэкIэ, унафэ мыхъумыщIэхэмкIэ мухьэжырхэр тырку ящIыну яужь итщ. Абыхэм щIэх дыдэ ящыгъупщэжащ Антантэм хэт къэралхэм Тыркур щызэпкърачми, лъэпкъ-зэщIэхъееныгъэ зауэми, сулътIаныр щытрахуми Кавказым къикIа лIы хъыжьэхэр япэ итхэм яхэту зэрызэуар. Езы Мустэфа Кемал (Ататюрк) и гукъэкIыжхэм зэрыщитхымкIэ, тырку революцэм нэхъ гуащIэу хэтахэм ящыщщ адыгэхэу Адхьэм-пэщэр, Алий ФуIэд-пэщэр, Исуф Изэт-пэщэр, Фозий-пэщэр, РэIуф-бей, нэгъуэщI куэди. Адыгэ псори Ататюрк хиша гъуэгум и кIэм нэс ирикIуакъым. Дауэ мыхъуми, Тыркум и япэ президентыр абыхэм «лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм и псыпэкIэ» еджэрт, мухьэжырхэм я бынхэм къэралым и тхыдэм щIыпIэшхуэ зэрыщаубыдыр къыхигъэщу. Алий ФуIэд-пэщэр 1882 гъэм къалъхуащ, и адэри и адэшхуэри дзэм хэтащ: зыр генералу, адрейр маршалу. Анатолием и дыгъэ къухьэпIэмкIэ ФуIэд-пэщэр зи унафэщI дзэр алыдж зэрыпхъуакIуэхэм ехъулIэныгъэ яIэу езэуащ. Абы и ныбжьэгъу пэжт Адхьэм-пэщэр, «шууей зелъатэхэм» я Iэтащхьэр. Адхьэм и лIыгъэр, ар зэрыпхъуакIуэхэм я нэвагъуэр яригъэлъагъужу зэрыщытар КIыщокъуэ Алим и роман «Эмирым и сэшхуэ» жыхуиIэм къыщыгъэлъэгъуащ. А тIури Ататюрк игъэлъапIэрт икIи, пщIэ зэрахуищIым и щыхьэту, ФуIэд-пэщэм, Адхьэм-пэщэм, абыхэм я дзэм хэт псоми ящхьэрыгъ адыгэ пыIэ хъурейм хуэдэ зэрихьэрт. 1920 гъэм и кIэм Алий ФуIэд-пэщэр дипломат IуэхукIэ Мэзкуу ягъакIуэ. Ар Совет унафэщIхэм йопсалъэ, Ленин Владимир хуозэ икIи сэбэпышхуэ мэхъу ди къэралитIым я зэпыщIэныгъэхэр гъэтIылъынымкIэ. 1921 гъэм и гъатхэпэ мазэм ФуIэд-пэщэм аргуэру Мэзкуу трегъэзэж. Иджы ар тырку лIыкIуэт. Илъэсрэ мазищкIэ Мэзкуу щылэжьа нэужь, абы Анкара къегъэзэж икIи куэд дэмыкIыу ФуIэд-пэщэр меджлисым и тхьэмадэ къуэдзэу хах. Ди къэралым щилъэгъуахэр абы етхыж икIи «Мэзкуу гукъэкIыжхэр» зыфIища Iэрытхыр тхылъищу Истамбыл къыщыдегъэкI. НэгъуэщI адыгэлI хахуэм и шыфэлIыфэри къыщегъэлъагъуэ КIыщокъуэ Алим и роман зи гугъу тщIам. Абы и цIэр Хъусен РэIуф-бейщ (КIыкIыхэ яйщ, убыхщ). Абы тырку щIалэщIэхэм я революцэм, Балкан, Япэрей дунейпсо зауэхэм лIыгъэ щызэрихьащ. 1918 гъэм РэIуф-бей тенджыз министру ягъэув. Истамбыл щыдэс зэманым абы Мустэфа Кемал ажалым кърегъэл. ИужькIэ РэIуф-бей Анатолием къокIуэри, революцэр текIуэнымкIэ Ататюрк доIэпыкъу. АдыгэлIыр япэ щIыкIэ жылагъуэ лэжьыгъэхэмкIэ министр ящI, мазэ бжыгъэ докIри – ар премьер-министрщ. ЕтIуанэрей дунейпсо зауэм и зэманым Хъусен РэIуф-бей тырку лIыкIуэу Инджылызым щылэжьащ. Ататюрк и акъылэгъу нэхъ пэж дыдэхэм ящыщ зыт маршал Чокъмакъ Фозий. Илъэс куэдкIэ штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, дзэзешэ министру къулыкъу ищIащ. ИужькIэ ар меджлисым и депутату хах, премьер-министр мэхъу. Ихьсан Сабри Чаглаянгил абэзэхэ лъэпкъым къыхэкIащ. 1908 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ. А къалэм дэт университетым и юридическэ факультетыр къиухащ. ИужькIэ ар Тыркум и вилайет зыбжанэм я губернатору лэжьащ, мызэ-мытIэу къэралым и меджлисым (парламентым) хахащ. 1965 гъэм Ихьсан Сабри Тыркум лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Абы куэдрэ иримылэжьауэ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министр къулыкъур къыхуагъэфащэ икIи 1971 гъэ пщIондэ а къалэныр егъэзащIэ. ИлъэсиплI докIри, аргуэру зэ а къулыкъур Чаглаянгил къыхуагъэфащэ. 1979 гъэм Ихьсан Сабри меджлисым и унафэщIу щытащ. 1980 гъэм мазэ зыбжанэкIэ, дзэ къулыкъущIэхэм тетыгъуэр яубыдыху, абы Тырку Республикэм и Президентым и къалэнхэр игъэзэщIащ. И.С. Чаглаянгил мызэ-мытIэу Совет Союзым къэкIуэгъащ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министру щыту, 1968 гъэм къэрал Iуэху и пщэ илъу ар Москва щыIащ. Къулыкъушхуэхэр зэрахьэу, меджлисым хэтхэу, генералхэу, артист, сурэтыщI, тхакIуэ цIэрыIуэхэу ди лъэпкъэгъу куэд ноби Тыркум исщ. Ауэ ахэр тыркуущ зэратхыр, тыркубзэ фIэкIа зи анэдэлъхубзэр зымыщIэжри куэдщ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 16:56 →
Зэрызехьэм и щIэдзапIэт
06.11.2026 - 12:38 →
И кIуэдыкIар къахуэщIакъым
02.11.2026 - 13:08 →
ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр
30.10.2026 - 12:18 →
Тхьэшхуэгухьэж
27.10.2026 - 13:44 →
Адыгэхэм я щIэныгъэр
| ||




