Адыгэхэм я щIэныгъэрФэрэкI узыфэм и хущхъуэгъуэр япэу къэзыгъуэтауэ жыхуаIэр инджылыз дохутыр Дженнер Эдвардщ - 1796 гъэм. Ауэ языныкъуэ тхыдэ дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Шэрджэсым а Iэмалым иджыри XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыхащIыкIыу щытащ. Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием ЦIыхум и зыужьыныгъэмрэ щIыналъэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и лэжьакIуэ нэхъыжь, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэфлъашэ Наимэ абы теухуауэ жеIэ: «ФэрэкIыр узыфэ хьэлъэщ. Абы Европэмрэ Америкэмрэ я цIыху мелуанхэр ихьауэ щытащ. Узыфэм зэрыпэщIэт Iэмалыр къэзыгупсысауэ къалъытэри Дженнер Эдвардщ. Арат япэу гу лъызытар нэхъ ипэкIэ апхуэдэ уз зимыIа жэмышхэм я Iэхэм псыбыб зы тIу тету. Ахэр Iэщхэм къацIэлауэ арат». ЩIэныгъэ лэжьакIуэм зи гугъу ищIыж Iуэхугъуэм теухуауэ интернет къыдэкIыгъуэхэм ятхыр мыращ: «Зэгуэрым фэрэкI зиIэ зы цIыхубзым и Iэм псыбыб зыбжанэ къытехутащ. 1796 гъэм накъыгъэм и 14-м Дженнер Эдвард абы ит шыныр илъэсий зи ныбжь Фиппс Джеймс и Iэпкълъэпкъым иIэ къитхъам щихуащ - узыфэр IэрыщIу къигъэхъуу, Iэпкълъэпкъыр абы пэщIэтыфу иригъэсэн мурадыр иIэу. ЩIалэ цIыкIур гукъыдэмыж мащIэу хъуащ, ауэ махуэ зыбжанэкIэ щхьэщыкIащ. Мазэрэ ныкъуэрэ дэкIри, Фиппс Джеймс цIыхум ей фэрэкI хилъхьащ, узым зиужьакъым. Мазэ зыбжанэ дигъэкIри, дохутырым етIуанэу прививкэр ищIащ, илъэситху нэужьым - ещанэр. Дэтхэнэм щыгъуи ехъулIэныгъэхэр иIащ». Дженнер и лэжьыгъэр I798 гъэм газетхэм къытрыригъэдзащ. Ауэ нэгъуэщI тхыдэ дэфтэрхэри щыIэщ а Iуэхугъуэм ипэжкIэ, I7II гъэм, швед пащтыхьым и франджы агент Карл XII Абри де ла Мотре Кавказым къэкIуауэ зэрыщытар къыхэщу. Абы и тхыгъэхэм щитхыжащ адыгэ жылэм сымаджэ щыхъуа зы хъыджэбз цIыкIум фэрэкIым зэрыпэщIэт хущхъуэгъуэр зэрырахьэлIэм и щыхьэт хъуауэ зэрыщытар. «Къурш зэхуакухэм дыдэкIыху, дызыIущIэ адыгэхэр зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэж сщыхъуу саIуплъэу дыкIуэцIрыкIырт, - етх Мотре. - ФэрэкI напэ зыри срихьэлIатэкъыми, апхуэдиз лъэпкъхэм я деж лъапсэрыхыр къыщызыгъэхъу узыфэм и щэху гуэр ящIэрэ ямыщIэрэ сеупщIыну си щхьэм къэкIащ…» «И пэжыпIэр жыпIэмэ, фэрэкIыр адыгэхэм ямыIауэ аракъым, - етх адэкIэ Нэфлъашэм. - Абы и щыхьэтщ бзэм къыхэна «фэрэкI напэ» жыIэкIэр - фэрэкIым и лъэужь къызытена къикIыу аращ. Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ ящIэрт Европэм зыхимыщIыкI Iуэхур. Франджы хьэщIэми щабзыщIакъым ар. Мотре етхыж: «Шэрджэсхэм къызжаIащ фэрэкIым и хущхъуэгъуэр ар зыхегъэлъхьэныр зэрыарар: уз зэрыцIалэр зыпкърытым и шыныр къащтэу, мастэкIэ лъым хагъэзэрыхьу». ЖыпIэнурамэ, Мотре Iуэхур и нэкIэ илъэгъуащ икIи итхыжащ мыпхуэдэу: «Зы къуажэ гуэрым дыщыблэкIым, илъэсиплI е тху зи ныбжьыну хъыджэбз цIыкIу прививкэ ящIырт. Хъыджэбз цIыкIур яхьащ а узыфэр зыпкърыт, илъэсищ зи ныбжь щIалэ цIыкIум деж. Зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзым мастищ зэпхауэ къищтащ, икIи япэу хъыджэбз цIыкIум и дзажэ зэхуакум ар хиIуащ, етIуанэу и бгъэ сэмэгум (гум пэщIэту), ещанэу бынжэм, еплIанэу и Iэгу ижьым, етхуанэу и лъэнкIапIэ сэмэгум. Лъы къэкIуам сымаджэм и фэрэкIхэм къыхиха шыныр хигъэзэрыхьащ»… Адыгэхэр «ажал фIыцIэм» зэрытекIуам и щэхухэр Европэм къыщащIар Мотре и деж и закъуэкъым. Адыгэхэм я къэхутэныгъэр нэхъыбэу хэIущIыIу зыщIар Британием и лIыкIуэу Уэсмэн къэралыгъуэм щыIэм и щхьэгъусэ Монтегю Мэри Уортлит. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхубз жыджэрым Константинополь къыщицIыхуат зы адыгэ бзылъхугъэ щIалэ, икIи ар къыхутепсэлъыхьат а Iэмалым. Леди Мэри илъэсих зи ныбжь и къуэми хущхъуэр хригъэлъхьат, иужькIэ адыгэм я Iэмалыр и хэкум ихьат. А Iуэху бгъэдыхьэкIэм занщIэу арэзы темыхъуами, иужькIэ гъуэгу иратащ. Уеблэмэ Британием и пащтыхьым и унагъуэм къыщагъэсэбэпащ. Дохутырхэм яфIэмыфIыщэ хуэдэми, ар зрахьэлIэхэм ящыщу дунейм ехыжхэм я проценти 2-р узыфэм илIыкIхэм я процент 20-40-м зэрыпэувыр къалъагъури, а Iэмалыр я фIэщ хъупащ. Апхуэдэу Европэ псом щыщIадзащ ар зыхрагъэлъхьэу. КъызэрыщIэкIымкIи, адыгэхэм я Iэмалым Европэр къригъэлауэ жыпIэ хъунущ. «Тхыдэм дыкIуэцIрыплъмэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэгъуэщI узыфэ зэрыцIалэхэри Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыIам щыхьэт техъуэхэм урихьэлIэнущ, - пещэ Нэфлъашэ Наимэ и гупсысэм. - Псалъэм папщIэ, емынэ уз зэрыцIалэр (чума) XVIII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ щыIащ, къуажэ псохэр щигъэкIуэдыж къэхъуу. Узыфэр зылъэIэс жылагъуэхэр цIыхухэм ябгынэрт. Емынэ узыр къыщыхъеят Мэздэгу, Владикавказ, Георгиевск щIыналъэхэм, апхуэдэуи 1801 - 1805 гъэхэм Къэбэрдеишхуэмрэ ЦIыкIумрэ абы зэлъищIысат. Тхыдэм нэхъ куужу ухэплъэмэ, дигу къэдгъэкIыж хъунущ 1347 - 1352 гъэхэм екIуэкIа емынэ узыр, иужькIэ «ажал фIыцIэ» зыфIащар. ЦIыху мелуан 50-м нэблагъэ зыхьа узыфэм Евразием и нэхъыбэр зэщIиубыдат. Къапщтэмэ, континентым лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ зыкъиужьыжыфатэкъым. Ауэ а гузэвэгъуэшхуэр абы щыгъуэм Шэрджэс щIыналъэм къызэрылъэмыIэсам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Абы теухуауэ къэсхьыфынущ тхыдэдж Хьэткъуэ Самир и къэхутэныгъэр. Абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэхэр куэд щIауэ щыгъуазэт уз зэрыцIалэ къыщыхъухэм ар зэфыкIхэр пIалъэкIэ щхьэхуэу зэраIыгъыпхъэм. ЦIыху куэд зэщIэзыцIалэ узыфэхэм къыщыщIидзэкIэ, техьэгъуэ хъуми, жьэн узми, нэгъуэщIми, пщыхэм я унафэкIэ, къуажэ псохэр зэхуащIырт. Зэманыр мэкъумэш лэжьыгъэхэм техуамэ, зэпагъэурт. ЕтIуанэрауэ, цIыхубэ медицинэр куэду къагъэсэбэпырт. ЖыпIэнурамэ, цIыхубэ хущхъуэхэм иджырей зэманми щIэупщIэ яIэщ. Дауи, иджыпсту яжьэ фIыцIэ зыхэлъ хущхъуэпсхэр зыми ищIынукъым, ауэ адыгэхэм абы щыгъуэ апхуэдэ зэмылIэужьыгъуэ куэд яIэт. Псалъэм папщIэ, тхьэмбыл узыфэхэм еIэзэнымкIэ къагъэсэбэпырт пшэрыгъэ зыкIэрылъ ерыскъыхэр. Сымаджэхэм бжэн, мыщэ, къаз, щомыщ дагъэхэр ирагъэшхырт. Узыфэхэм зэрытекIуэ нэгъуэщI Iуэхугъуэт псы къабзэ ефэныр. Къапщтэмэ, адыгэхэр псым акъылышхуэ бгъэдэлъу бгъэдыхьэрт, псынэхэр къагъуэтыфырт, псыежэххэм я гъунэгъуу щетIысэхырт». ФэрэкI узыфэм теухуа япэ хъыбархэр ди эрэм и пэкIэ 3700 гъэхэм хуозэ (Мысыр, Индие, Китай къэралыгъуэхэм). Европэм ар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум кърахащ ди эрэм и пэкIэ V лIэщIыгъуэм. Мэлхэм фэрэкIыр къеуэлIауэ япэу щызэхахар етIуанэ лIэщIыгъуэрщ. Урысейм мэл фэрэкIым зыщиубгъуат XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм. СССР-м узыр 1969 гъэм щагъэкIуэдащ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 16:56 →
Зэрызехьэм и щIэдзапIэт
06.11.2026 - 12:38 →
И кIуэдыкIар къахуэщIакъым
02.11.2026 - 13:08 →
ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр
30.10.2026 - 12:18 →
Тхьэшхуэгухьэж
26.10.2026 - 12:30 →
Ди лъэпкъэгъу щэджащэхэр
| ||




