Я къежьапIэр ящIэн папщIэБахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщеджащ адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа «Адыгэхэр. Дыхэт, сыт ди къежьапIэ, дэнэ дыздэкIуэр?» лекцэм. Ар къызэригъэпэщащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэм. Лекцэм едэIуащ щIыналъэм и егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. Ахэр дихьэхауэ едэIуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ и центрым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къэжэр Артур жиIам. Ар ттепсэлъыхьащ адыгэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм, щэнхабзэм, хабзэм, лъапIэныгъэхэм. Лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэжын щхьэкIэ анэдэлъхубзэм, щIэблэр гъэсэным, щэнхабзэмрэ хабзэмрэ щыгъэгъуэзэным пыухыкIауэ къытеувыIащ Къэжэрыр. Зэхуэсым къыщыхагъэщащ нобэрей дунейр къыбгурыIуэн, къэкIуэнум жэуаплыныгъэ пылъу убгъэдыхьэн папщIэ тхыдэр пщIэн зэрыхуейр. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэр щхьэпэщ щIалэгъуалэм тхыдэр яджыным, лъэпкъым и щэнхабзэр яхъумэным драгъэхьэхынымкIэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




