Ди къэфакIуэхэм Истамбыл къахьэхуащИджыблагъэ истамбыл щекIуэкIа «Гъуазджэм и дуней» лъэпкъыбэ фестивалым къыщыхэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Дуней» ансамблымрэ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и гъэсэнхэмрэ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, «Дуней» ансамблым къыхуагъэфэщащ Гран-при саугъэт нэхъыщхьэр. Сабийхэм абы щагъэзэщIащ къафиплI. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм лауреат цIэр иратащ «Лъэгъэджэгу, «Абхъаз къафэ», «Джэгу зэхэшэ» къафэхэм. Фестивалым и Гран-прир хуэфащэу къалъытащ «Хэхэс джэгу» къафэм. КъинэмыщIауэ, ансамблым и къэфакIуэ Алтуев Алим фестивалым и «КъэфакIуэ нэхъыфI» унэтIыныгъэм саугъэт щхьэхуэ къыщратащ. Гупыр ирагъэблэгъащ Испанием щекIуэкIыну дунейпсо фестивалымрэ Къэзан щызэхэтыну зэпеуэмрэ. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и гъэсэнхэм фестивалым и вице - гран-при саугъэтымрэ ахъшэ саугъэтрэ къыщыхуагъэфэщащ, Истамбыл зэрызыщагъэпсэхуну сертификатыр щIыгъуу. НыбжьыщIэхэм зэхьэзэхуэм къафих щагъэзэщIащ, къафэм и хабзэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр ягъэлъагъуэу. ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI КIуж Ритэ жиIащ лъэпкъыбэ фестивалым зэрыхэтар зэрыщхьэпэр я сабийхэм я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэнымкIэ, адэкIи заужьынымкIэ. А ехъулIэныгъэр егъэджакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ емышыжу зэрызэдэлэжьам къызэрыпэкIуар, ар абы зэрыригушхуэр къыхигъэщащ унафэщIым. НэгъуэщI зыми и гугъу щIыпхъэу къыдолъытэ. ФокIадэм и 12-м Истамбыл концерт щитащ илъэс 90-м щIигъуауэ утыкур зыгъэбжьыфIэ, дуней псом и плIанэпэ зэмылIэжьыгъуэхэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и консульствэу Истамбыл щыIэр я дэIэпыкъуэгъуу. Пшыхьыр щекIуэкIащ «Бостанджы» щэнхабзэ центрым. Гупыр истамбылдэсхэм гуапэу ирагъэблэгъащ. КъэфакIуэхэм ягъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я къафэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ, лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкI хабзэхэм, зэрахьэ фэилъхьэгъуэхэм я дахагъэр. Хэхэс адыгэхэр куэду щыпсэу Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм мыпхуэдэ пшыхьхэм я фIыгъэкIэ я адэжьхэм я щэнхабзэм зыхагъэгъуазэ, ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ ягъэбыдэ. Истамбыл къыщызэрагъэпэща пшыхьым Тыркумрэ Урысеймрэ я зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэмрэ зэрагъэбыдэм шэч хэлъкъым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
| ||




