Адыгэ щэнхабзхэм и къежьапIэр унагъуэрщ

Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщ Къардэн (Гёзташ) Хъусний итхауэ тхылъ гъэщIэгъуэн къыдэкIащ «Адыгэ щэнхабзэ» хышхуэр ди адэ щIэинщ» жиIэу фIищауэ. Езым ар тыркубзэщ зэритхар, адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар «Адыгэ псалъэ» газетым куэдрэ зи тхыгъэ къытехуэ Емуз Баязитщ.

Хэхэс адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуащ мы тхылъыр. Зы псалъи дэбгъэхуну ухуэмейуэ, удихьэхыпауэ уоджэ. Дыхуейт а тхылъым и зы Iыхьэ фыщыдгъэгъуэзэну.

Псори къыщежьэр унагъуэрщ. Сабийр къалъхури, и унагъуэм анэдэльхубзэр щызрегъащIэ. Езым зиужьыху и бзэми хохъуэ. Гугъуехь лъэпкъ хэмылъу и унагъуэм щызекIуэ щэнхабзэр къещтэ. УзищIысымрэ уигу илъымрэ къызэрыпIуэтэнур уи бзэращ. Зыри къыпэрымыуэу къищIа бзэращ гушхуауэ къэзыгъэхъунур, гъащIэм щиIэну ехъулIэныгъэм лъабжьэ хуэхъунур. И къуажэм дэкIыу къалэхэр, къэралхэр къыщицIыхуми, адрей лъэпкъхэм я щэнхабзэм пщIэ хуищIынущ. ЗыхэхъукIа, зэса щэнхабзэр игъэпсэуныр, ихъумэныр щытыкIэ хуэхъунущ, темыкIынуи хущIэкъунущ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ цIыхум и псэукIэщ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ цIыхубэм и гъуджэщ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ цIыхубэм и щIэинщ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ цIыхубэм и хъугъуэфIыгъуэщ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ цIыхубэм и шынагъуэншагъэщ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ цIыхубэр зыпымыкIыфын купщIэщ.

Адыгэ щэнхабзэр адыгэ лъэпкъым иIыгъыжыну хуимытыныр лажьэшхуэщ.

Адыгэ щэнхабзэр алыфбей хьэрфхэмкIэ тха къэхъугъэкъым.

Адыгэ щэнхабзэр зищIыс дыдэр къэпIуэтэным къалэмыр пэлъэщынукъым.

Сабийм дежкIэ анэдэльхубзэмрэ щэнхабзэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым. А тIур щхьэхуиту зезыхьэ щIалэгъуалэр гушхуауэ къэхъунущ. Гушхуауэ къэхъуа цIыхум нэгъуэщIым и зэран екIынукъым, ныбжьэгъуми Iыхьлыми ефыгъуэнукъым. Гушхуэныгъэ тэмэм зимыIэр, пIытIауэ къэхъу цIыхуращ сытми шэч къытезыхьэр, нэгъуэщIым и ехъулIэныгъэм ефыгъуэр. Апхуэдэм езым хуэмыщIэр нэгъуэщIым хузэфIэкIыу игу техуэнукъым. Ар къызыхэкIыр и къэухьыр зэрымащIэ дыдэр арщ. Зэпымычу пIейтейм хэтщ, ныкъуакъуэкIэ жиIар пхигъэкIыныр хэл хуохъу, зихъумэж игугъэурэ, зэуэн-фыщIэнри кърегъэзэгъ, ауэрэ удэфа мэхъу, цIыхухэм дежкIэ шынагъуэу. Зи щхьэ фIыуэ зымылъагъужыфым нэгъуэщIри фIыуэ хуэлъагъунукъым.

Дауэ-тIэ гушхуэныгъэр сабийм хэпща зэрыхъур? Абы и лъабжьэр къыщожьэ щалъхуа унагъуэм. Мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, гукъыдэж щызекIуэ унагъуэм сабийри шынэм имыубыдауэ, и гур хуиту, тегушхуэныгъэ хэлъу къыщыхъунущ. ФIылъагъуныгъэ, гущIэгъу, щысхь зэрылъ унагъуэм къихъукI сабийм езым къару иIэу, зэфIэкI бгъэдэлъу зыкъелъытэж. Апхуэдэ щытыкIэм къыхокI гъэсэныгъэми еджэныгъэми щиIэ ехъулIэныгъэхэр. ЦIыхур зыщыщ лъэпкърэ и фэкIэ зэхэгъэж ищIынукъым, ар фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI щытыкIэу иIэщ. ЦIыхубэм я гушхуэныгъэм и куууагъым елъытащ мамырыгъэу яку илъынур. Дэтхэнэми хуиту езыр зищIысымрэ зыщыщымрэ жиIэфмэ, зэхэзехуэн ящIынкIэ шынагъуэ имыIэмэ, и гушхуэныгъэми зеужь. Армырамэ, пэжымрэ пцIымрэ зэхэзымыгъэкIыф, пэжым и телъхьэу къэмыувыф, зыгуэркIэ узыщыгугъ мыхъун цIыхубэ къохъу.

 Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Раисэщ.   

Поделиться: