Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэСССР-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыхь зиIэ и мастер, дзюдомкIэ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Жемгуразов Арсен и фэеплъу алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ Краснодар, Ставрополь крайхэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Дагъыстэным я спортсмену 170-м щIигъу. КъБР-м и бэнакIуэхэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медалу 37-рэ къахьащ - 9-р дыщэу, 8-р дыжьыну, 20-р домбеякъыу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Мамышэ Самир (кг 32-рэ), Хьэбылэ Идар (кг 38-рэ), Къарэмызэ Кемран (кг 44-рэ), Гулиев Мухьэмэд (кг 48-рэ), Ажэгъуей Амир (кг 52-рэ), Къудащ Темырлан (кг 62-рэ), Гуанэ Дамир (кг 68-рэ), Къардэн Самир (кг 75-рэ), МахуэлI Iэдэм (кг 85-рэ) сымэ. АРХЭСТ Аслъэнбэч.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 17:59 →
Кубокым зэхуешэс
06.11.2026 - 15:54 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
02.11.2026 - 12:05 →
Спорт хъыбархэр
01.11.2026 - 12:26 →
Амырхъан и зэфIэкIхэр
23.10.2026 - 12:26 →
Япэ Президентым и махуэм и щIыхькIэ
| ||




