Куэдрэ къэдмыгъэсэбэпыжми

Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» и тхылъ телъыджэрщ зэрытыр адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынухэри.  

Кхъуафэщы – кхъуафэжьеймкIэ Iуэху зыщIэ, ар зезыхуэ цIыху (лодочник).

Кхъуэдзэ – 1) кхъуэпIащэ ныбжь зиIэм и дзэрщ; 2) – пхъащIэхэм пхъэбгъур щаупскIэ, ар земыкIуэн папщIэ зыфIагъанэм зэреджэщ; 3) – уагъэ щаукIэ (при плетении различных шнуров) къагъэсэбэпу щыта кхъуэпIащэдзэ.

Кхъуэн – зи лъхуэгъуэ кхъуэ анэ.   

Кхъуэныжь – 1) кхъуэ анэжь; 2) уз лIэужьыгъуэ (шалфей лесной).

Кхъуэпэ – удзыхым (косилка) и шэмэджыр зыIубзэрщ (направляющая на полотне).

Кхъуэхьэнцэ – вэгъуэм деж вабдзэр зэрагъэкъабзэ гъущI хьэнцэ цIыкIу, пхъэкI фIэлъу.

Кхъуэхъус – мэзыкхъуэ пIащэ.

Кхъуэщын гъэжьапIэ – кхъуэщынхэкIхэр щащI лъэщапIэ.

Кхъуэщын сэкурэ – тхьэв ирапщ хъууэ кхъуэщын щхьэ бгъуэшхуэ.

Кхъуэщын хьэкхъуафэ –унащхьэм тралъхьэ хъууэ, хьэкхъуафэ щIыкIэу гъэжьа кхъуэщын.

Кхъуэщыныфэ – гъуэ-фIыцIафэ зэщIэлъэда зи теплъэ, морафэ (коричневый).

КхъуэщIыдзэ – кIэртIоф.

Кхъуей кIадэ – чей из кхъуей.

Кхъуей плъыжь – шэ емыуэм къыхаха, жьэгу IугъуэкIэ уэнжакъым щагъэгъуа матэ кхъуей (брынза).

Кхъуейхьэбыкъуэ - кхъуей хэхагъащIэ IэшкIэ е бзыгъэ.

Кхъуей шыпс – лъатэ кхъуейр халъхьэу шэжыпс шыугъэ.

Кхъухь бэлагъ – кхъуафэхэр, кхъуафэжьейхэр зэрызэрагъакIуэ хьэнцэ (весло).

Кхъухьыдзэ – кхъухь куэд зыхэт хыдзэ (эскадра, флотилия).                 

Ладжэ – уэдыбзэ хъуа псэущхьэ е цIыху, и къупщхьэхэр къыхэщу.

Лакъ – топ щыджэгукIэ къагъэсэбэп, зи кIапэ лъэныкъуэр къэгъэша баш (клюшка для игры).

Лакъырын (мэздэгу) – зэпсэлъэн, уэршэрын.       

ЛампIырэ – кIэпIинэ (копна, стожок).

Ластыч – щэкI лъэпкъ, и нэхъыбэм щхьэфIэпхыкIыу къагъэсэбэп.

Ландыщэ – позолота.

Лэгъу – ныбжькIэ зэныбжьэгъу.

Лэгъунэ вакъэ – бзылъхугъэхэр пэшым зэрыщIэс лъахъстэн вакъэ щабэ.

Лэгъунэпыт – пщым е уэркъышхуэм и унагъуэм щхьэхуимыту хуэлажьэу, и пщIантIэм щыпсэу унэIутхэм ящыщ.

Лэкъумбла – тхьэв быдэм къыхэха лэкъум цIыкIухэр яблэрти, хьэщIэ нэхъыжьхэм ящыщу къэфэну утыкум ихьам и пщэм иращIэрт, пщIэ зэрыхуащIыр кърагъэлъагъуэу.

Лэнды – бдзэжьей лъэпкъыгъуэ (рыба-игла).

Лэпей – унафэр игъэзэщIэну зэрыхьэзырыр къызэрагъэлъагъуэ псалъэ («есть!» жыхуаIэм хуэдэ).

ЛэпIанкIэ – япэм шэмэджыр зэрагъэжану щыта Iэмэпсымэщ, пхъэм къыхэщIыкIарэ къамэ теплъи иратыжауэ, пшахъуэпс (лъэпс) зэхэщIам хагъауэурэ къагъэсэбэпу.

Лэрыдж – 1) кIы зыфIэмылъ гъубжэм ещхь, ауэ зи дзэ хуэхъурейхэр мыжан дыдэ гъущI Iэмэпсымэ. Фэм кIэрылъ лэр (мездра) ирытрахырт, ирагъэщабэрт; 2) щэкIым и IеипIэ (и адрей лъэныкъуэ); 3) мастэпэбдзыр щимэу зэрылъам и зы дзакIэ, фэм къыхэщIыкIахэм дыпIэ ирыхуащIу; 4) псы сыджхэм я шытх.

Лэрыджыр къэгъэзэн – губжьын, зыгъэгусэн, зыкъызэгъэдзэкIын.

ЛэтхъунщI – мэлыфэм и лэр зэрыщIаху Iэмэпсымэ (мездрочистка).

Лэу – 1) лъхуэн-пIэн ныбжьым ит кхъуэ анэ; 2) мэз бжэн.

Лэу чыцI – мэз бжэным и чыцI.

Лэу шыр – кхъуэ шыр.

Лэчдагъэ – лэчыр зэрызыхащIэ щIэп дагъэ гъэвэжа (олифа).

Лыбод – нэм трищIэ щIыху (бельмо на глазу).

Лыбыб – Iэпкълъэпкъым трищIэ лы лей.

Лыгъэдз – хафэр хуит къэхъужа нэужь, лыгъэ ирадзурэ кIэрыхуа-къэнахэр ягъэсырт, яжьэр щIыгъэпшэр хъужын папщIэ. Лыгъэр имыгъэкIуасэу, зыми зэран хуэмыхъуу зыгъэсыф цIыху хэхам «лыгъэдзкIэ» еджэрт.

Лыгъузэлэпс – лы гъурым кIэртIоф зыхагъэва шхыныгъуэ.

Лы дэлэн – лы зыдэлъ хьэлывэ щимэ.

Лыжь телъын – зыгуэрым и гуауэ щIыхуэ телъын (быть кому-то быть обязанным обидой).

ЛыкIапсэ – адыгэхэм Iэщышхуэ яукIмэ, и лыр кIыхьу яупIэрти, къэлэрым (мэз бжьыныхум) и лъабжьэмрэ шыгъумрэ зэхаубэрти, абыкIэ лыр Iэнлъэм ирашыухьырт, зэхэшыпсыхьа нэужькIи, зи фэр теха къурагъ пхъэлъатхъуэхэм далъхьэрти, абы зэрыпылъу, гъухукIэ дыгъэм ирагъэурт, къэлэрымэм бадзэ зи цIэ къримыгъэкIуалIэу. Апхуэдэу гъэгъуа лым «лыкIапсэкIэ» еджэрт.

Лыншэ лэпс - лы зыхэвамкIэ ящIа хуабэщIыпс (суп на бульоне, без мяса).

Лыс – уIэгъэ куум иралъхьэ уэтэпс къиш IуэнтIа.

Лысыс - лыр лэпсым хэтIатIэу гъэдиижамэ (холодец).

Лых – къэгъэшауэ, жьитI-щы зиIэ дзасэ, лэгъупым лы къырыхахыжу.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: