Къафэр зи псэм хэлъ![]() - ГущIэгъу, гулъытэ пхэлъу, гъащIэм удекIуу, фIым ущыгугъыу упсэумэ, уи хъуэпсапIэм улъэIэсынущ, - жеIэ Тхьэзэплъ Аидэ. Абы Налшык къалэм дэт 9-нэ курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, мэкъумэш академием и экономическэ факультетым щIэтIысхьащ, а еджапIэм Думэн Мурадин щызэхишауэ щыта «Синдхэр» зи фIэщыгъэ къэфакIуэ гупым хэтащ. ИтIанэ илъэс зыбжанэкIэ къыщыфащ «Кабардинкэ» къэрал ансамблым. Журналист, режиссер Саралъп Самарэ «Амазонки» тхылъым, Ахъмэт МуIэед итхам, къытрищIыкIа телефильмым хэтащ. ХъуэпсапIэ гуэр зимыIэ цIыху дунейм къытехьэркъым жытIэмэ, дыкъэпцIэну къыщIэкIынкъым. Апхуэдэт зи гугъу фхуэсщI Тхьэзэплъ Аиди. Абы зэрыцIыкIурэ и гуращэт «Кабардинкэ» къэфакIуэ гупым хыхьэну. «Абы къыщыфэхэм садекIуу сахэту зыкъыщызгъэхъурт», - жеIэ Тхьэзэплъым. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щIэтIысхьэну и мурадат, ауэ и анэм къыхуидатэкъым. Арати, академием щеджащ. «Къафэр хэтащ си гъащIэм сыт щыгъуи. Илъэс 10-11 си ныбжьынт «Дети гор» къэфакIуэ гупым сыщыхыхьам. Абы и унафэщI Кушмэзокъуэхэ Рафаилрэ Иринэрэ зэпеуэ куэдым дашащ, и нэхъыбэм япэ увыпIэхэр къэтхьауэ къэдгъэзэжащ. Дэ дыщыIащ Германием, Польшэм, Тыркум, абыхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дазэригуапэр зыхыдагъащIэрт, адыгэ хабзэм тету дагъэхьэщIэрт, ди нэгу зрагъэужьырт. Хамэ щIыпIэ щыпсэуми, икъукIэ зэкъуэтщ ахэр, хабзэри нэмысри яхэлъщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр тIэкIу я IэщIыбщ, къафэ хъуамэ зыкърагъэлыжынукъым. Хэкум икIыу хьэщIапIэ кIуэхэм пщIэшхуэ къыхуащI, я цIыхугъэр япэ итщ. Сигу зэи ихужкъым Къайсэр къалэм дыщыIэу си Iыхьлыхэм сазэрыхуэзауэ щытар. Концерт нэужьым, пырхъуэм деж къыспэплъэу щызэхэтт ахэр. Си гъусэхэм ящыщ гуэрым: «Мобдеж цIыху гуп къожьэу щызэхэтщ», - щыжиIам, сыкъэуIэбжьат! Абы лъандэрэ дызэкIэлъокIуэ, дызэхуотхэ, дызэдоIэпыкъу», - жеIэ Аидэ. Мэкъумэш академием щIэсыху пщащэр хэтащ Думэн Мурадин къызэригъэпэщауэ щыта «Синдхэр» къэфакIуэ гупым, Битокъу Анзор и унафэщIу. ЕджапIэр къиухыным куэд къэмынэжауэ, Нэхущ Чэримрэ Думэн Мурадинрэ къэфакIуэ гуп къызэрызэрагъэпэщым и хъыбар зэхихри Тхьэзэплъми зыхригъэтхащ. ИкIи, и насып кърихьэкIри, къыхаха гупым хэхуащ. Ахэр щIыпIэ куэдым щыIащ Чэрим и гъусэу. Пщащэм зэрыцIыкIурэ и гуращэр къехъулIащ. «Кабардинкэ» ансаблль цIэрыIуэм и унафэщI Атэбий Игорь бгъэдыхьэу щелъэIум къигъэщIэхъуакъым. Арати, къафэм гупсэхугъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къыхихыу, гуп цIэрыIуэм хэтащ. Бзэмрэ хабзэмрэ зи Iэпэгъуу къэхъуа пщащэр, лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуопабгъэ. «Адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми ди къалэн нэхъыщхьэщ, - жеIэ Аидэ, - ди нэхъыжьыфIхэм лIэщIыгъуэ куэдым къыкIуэцIраха ди бзэмрэ хабзэмрэ тхъумэныр, ар къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэщIэныр, зыхаубыдэн папщIэ щапхъэ едгъэлъагъуныр» ХъуэпсапIэ дахэм и Iэужьыр насыпщ, жыхуиIэр Аидэ и деж щынэрылъагъущ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
27.09.2026 - 10:00 →
Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
30.08.2026 - 12:03 →
И лъабжьэщ IуэрыIуатэр
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||





