Си ябгэжьымрэ сэрэ

Iуэтэж
Адыгэ хабзэм IэщIэмыкIуэда унагъуэ насып срихьэлIакъым. Сысейри и псэм йоджэри телъщ. Иджыри зэ теуэ-тепкIэ гуэрым сыкIуэн хуейуэ къыспиубыдыжмэ, мэзым сыщIэтIысхьа пщIондэ, къэзгъэзэнукъым! Мис, мэхъу иджы, зыхуейр къэсщIащ, сымыдэнури къыгурыIуащ, афIэкIа зэи дызэфIэнэнукъым щыжыпIэ дыдэм, нысашэти, унэишэти, гущэхэпхэти, лъэтеувэти, денрожденэти жаIэурэ, хамэм и нэгум узэрыщIэтын хуей сурэтым и гъэр уащIри, уи фызым и бостейм урищыдэжыну фIэкIа зыкъыпщымыхъужу, макIуэ мэлъей уи щIалэгъуэм и гуращэхэр. Сыт-тIэ хъыджэбзу дунейм тетым сащIыхэдам и мыхьэнэр? Хэти сыбгъурыту къысхуэкIухьынущ сэ. СызэрыпхуэжыIэщIэр бгъэлъэгъуэн папщIэт си щхьэм укъыщIыхуэсшар? 
- КъэдаIуэт МафIэдз Сэрэбий итхым, - жызоIэ: «Гущэхэпхэм зэи цIыхухъу кIуэ хабзэкъым». 
- Ятхракъым хабзэр, ящIэращ, - жи.
- Ардыдэрщ! ЯщIэр пщIэнущ, ямыщIэр - пщIэнукъым! 
Гущэхэпхэр сигу тезгъэхуэнт, абы лъэтеувэр къыкIэлъыкIуэну щымытамэ. Сэ лIышхуэм а колхоз бэзэрым щызиIуэхур уэ къащIэ. Сомри, зэманри, тлъэф пакетри, абы илъри сигу покI, ауэ зэджа псоми зыщхьэщаIэтыкIыу, ахъшэ къыхащыпыкIын папщIэ дызэхуэзыхус сурэтхъанхэр згъэудэфэныр си лIы напэм схуегъэкIуркъым! Сигу зрагъэбгъэжын папщIэ, сызыбгъэдагуэ Iэнэм и фIэIурымэр схуегъэхыркъым. Алыхьым къызита гъащIэ закъуэр апхуэдэу мыхьэнэншэу, цIыху мыхьэнэншэхэм сащытхъуу, псалъэ мыхьэнэншэхэр къэспсэлъу, лажьэ защIэу зэIылъ щхьэубатэхэм зыхужаIэжхэм седаIуэрэ садежьууэ згъэкIуэну си псэ пытыху здэнукъым, здэнукъым, здэнукъым! 
 - Сабринэ! Сабринэ! Ей, шэджагъуэ хъуху фыжеину фэ унагъуэр? – куэбжэм зыгуэр къоныкъуэкъу. Ар ди гъунэгъу Камилэщ. ЩIылъэ унэм щIэс цIыхубзхэм я хьэлри? ПIэм къызэреувэхыу, жьыуэ къызэрытэджар псоми я нэм щIаIун щхьэкIэ, уэрамым къыдолъадэ, зи пщIантIэ нэхъ щэхумкIэ яунэтIри: «Иджыри къэс фыкъэмытэджауэ ара?» упщIэр нэхущ адакъэм ещхьу ягъэIу. Камили къезыхужьар нэгъуэщIкъым. 
Си ябгэжьымрэ абырэ ди «Шейхъаным» щызэдолажьэ, сэ сраещанэу. Камилэ IэфIыкIэхэр ещI, Сабринэ шей-къэхьэуэхэр егъавэ, сэ зыхуей псори къахузошалIэ. Зэныкъуэкъун ягъуэтыху, зэрогъэпэж мы тIур, ауэ лэжьэкIэ ящIэ, уагъэукIытэнукъым. Зэпеуэу фэ ятетми, зым адрейр игу ирохьри, къызэдэжэу ди КъалэцIыкIу кIэкIэ зэрахьэ. 
Шэджагъуэм деж лэжьапIэм шей щрамыгъафэхэр къыщIохьэ. А бырымбыху сыми, плъагъурэ, щхьэж нэхъ зэщхьым елъытауэ, гупитIу загуэш: Сабринэ къыдихьэхахэмрэ Камилэ зыфIигъэлIыкIхэмрэ. Партищ системэ жаIэрэ, дэри дыапхуэдэщ. Сысейм хыхьэ щIалэхэр пщыхьэщхьэм, гуащэхэр зэрызэбгрысхужу, къокIуэ. 
Нэхущ уджым щыщIидзэр Камилэ и макъыр зэхэзыха Сабринэ и щхьэцыр зэригъэгъущыж феныр иIыгъыу, хьэмэмым къыщIэувыкIа нэужьщ: 
- Уэри уи пщэдджыжь фIыуэ, Камилэ! 
- Сэлам зэтхынщ дымылъагъур, хабзэ тхэмылъу аракъым, хьа-хьа-хьа! 
- Сыт дызыхэкIыжыр? 
- Мыдэ сыныщIэгъэбакъуэ. Расул щIэс? 
- Къеблагъэ, Камилэ, - си вакъэм соувэри, цIыхубзхэм сакъыхэкIыну сыхуожьэ. АрщхьэкIэ гъунэгъум зы бэлыхь жимыIэжу зэрымыхъунур и напщIэм телъщи, бжэ блыпкъыр сутIыпщыпэкъым. Гущэхэпхэ зауэзэрылIым хэсха си нэщхъыр схуэгъэпщкIуамэ, сехъулIат. 
- Верэ къагъуэтыжащ!
- Псэу? – тIури зы жьэу доупщIри дызоплъыж, абы мафIэмрэ фIамыщIымрэ хуэдэу дызэкIэрегъапщIэ. 
- Алыхьым и шыкуркIэ! 
- Сыту фIыт, сыту фIыт! – дызэтехуэу жыдоIэ аргуэру. 
- ТIэкIу гужьеящ, жаIэ, сымаджэщым яша си гугъэщ.
- Махуэ дапщэ дэкIар? 
- Сыхьэт бжыгъэ гуэрщ, махуи хъуркъым. Гъуэщаи сыти? И сурэтыр зэбгратыкIати, Гришэ къыхуаIуэхуащ. Дыдэбгъэхьэну я деж, жысIэри арат?       
- Содэ, мыдэ зэ зызгъэхуапэ, - Сабринэ щIыкIафIэ дыдэу зипIытIурэ, жысIэным поплъэ. Пу, мэшэлыхь, мыр зи унэ щIэс зэрехъулIа! 
- Фэ езыр къашэжмэ, фыщIэупщIэнщ, зэ зыфIэжьэ. Сэ секIуэкIынщ, Гришэ дэсу слъагъумэ, - яжызоIэ. 
- НэхъыфIыххэщ!
Зэныбжьэгъу хуэдэхэр сыкъызыщIэкIыжа пщэфIапIэм зэрохь, сэ зэхэсх мыхъунухэр хуиту къракIутыну. Зэзэмызэ дащIэгубжьэми, мыбыхэм ещхьу зыгъэхъеикIэ зыщIэ къэнэжыхущ фIым гъуэгу зэригъуэтынур. Къалэшхуэхэм даубыдыпэмэ, увыIи щыгъэти ущымыгугъыж жыхуиIэращ. 
Махуэ зыбжанэ ипэкIэ, ди гъунэгъу Верэ-нанэ кIуэдащ жаIэри хъыбар къэIуат, аращ Камилэ къызытекIухьар. Баш иIыгъыу зекIуэу, жьыгъэ нэхъыщхьэ къемыузу цIыху нэфIэгуфIэ гуэрщ Верэ. Хьэблэм щекIуэкI псори ещIэ. И хъыбарыжьи хъыбарыщIи Iэгъуэу иIыгъщ. НэхъыщIэхэр согъэIуэхутхьэбзащIэ жиIэурэ, зэзэмызэ гутехуэгъуей щыхъу къыхуихуэми, и фызыжьыпIэ исыжыф нанэ шэчыгъуафIэщ. КIуэдын хуэдэу, и акъыл имытыжуи щыткъым ар, газет кърихьэкIыу, тхылъ зэджахэм тепсэлъыхьыжу апхуэдэщ. Ауэ иужьрей тхьэмахуэ зыбжанэм и плъэкIэр нэхъ дыгъэншэу, щыпсалъэкIи, и нэжэгужагъым хэщIауэ гу лъыстат. ЗэрыжаIэмкIэ, и нысэм и анэр къахэтIысхьэжащи, арат зыгъэщхьэжагъуэр. 
- Сыт-тIэ, тхьэмыщкIэ, ебгъэщIэнур? И къуэм и жыпыр гъуанэщ. И нысэм епI тIури. «Уи жагъуэ умыщI, мыращ, щыкъу анэр къэзмышэу хъунукъым», - къыжриIауэ жеIэ щIалэм. 
Светэ и анэр илъэс зыбгъупщIкIэ нэхъыщIэнщ Верэ нэхърэ. Унэм езым и щIыIалъэ къызэрыщIигъэуваращ бысым гуащэм игу темыхуэр. ПхъуитI зиIэ цIыхубзым и унэр ищэщ, лажьэ и цIэу фIыуэ и нэгу зригъэужьри, сом имыIыгърэ жьыхуегъэзэкI хъуауэ къекIуэлIэжащ. ЦIыху гугъум и щхьэр къохьэлъэкIыж-тIэ. И закъуэу псэуфынукъым, нэгъуэщIи игу техуэнукъым, къыкIэлъыбжыхьынуи ухуитщ. Зи насып бгъунлъа хъыджэбз нэхъыжьым хэтIысхьэжыну хуежьати, езыми и бынми езэгъакъым. 
Иджы зи чэзур Верэ и нысэращ. Хэхъуэ щIагъуэ зимыIэ, зи анэр мыщIалэж Гриши сыт ищIэн? Куэд щIащ Верэ баш къызэрищтэрэ, зэрыпщэфIэжышхуи щыIэкъым. ШхынкIи щыгъынкIи зыхуей зэрыхуэмызэр уи фIэщ хъун хуэдэу, блэкIми къыблэкIыжми я хъуржыныр нэкIэ егъэхъу, щитIагъэхэри ныкъуэлажьэ защIэщ. «ЩIакхъуэ къысхуэщэху», - зыжримыIа гъунэгъуи диIэ къыщIэкIынщ, ауэ зыхуейр хуэпщIэху нэхъыбэ къуимыIуэкIын хуэдэуи, лъапэпцIийкъым. «Уа, мы фызыжьым лъэмыкIыжIами, и унэ щIэсыжщ, унапщIэр ирет, и ныбэ изу щхьэ ямыгъашхэрэ?» - аращ хьэблэм дэлъыр. И нысэр зэи слъэгъуакъым. Тыкуэн гуэрым Iуту жаIэ, махуэ тIурытI къэс захъуэжу. 
«НысащIэм лажьэ иIэкъым, - къыщхьэщыж зэпытщ абы Сабринэ. - Верэ блахми къыблахыжми хуейщ. КъыфIэмынэу IэщIокIыфри, аращ щIыхуэпсалъэр. КъыппыкIынур уи пыIэ щыгумкIэ елъагъу. Содэ, дэри лIа диIэщ. Ауэ нысэм сыхурикъунщ жыпIэу, уи гъунэгъур зепхуэнри сфIэпсынщIагъэщ. Зегъэзэгъ уи фIейр Iузыхым, плъэмыкIмэ, и уасэр ет, пенсэ къуат». 
Ди «Шейхъаныр» хьэблэкум итщ, аращ хъыбарыншэ дыщIэмыхъур. Верэ къыщыдэкIыфыр гъатхэмрэ гъэмахуэмрэщ. Махуэр къепхьэлIауэ укъыщыкIуэжкIэ, зи нэр птезымыгъэкI нанэ набдзэгубдзаплъэм и пащхьэм къуаншафэ зумыплъыжу укъыблэкIыжыфкъым, сыт щхьэкIэми. УзэрыузыншэмкIи, узэрынэхъыщIэмкIи, узыхуей псори зэрыпхуэщIэмкIи, узыщIыхьэж унэм узэрыщынасыпыфIэмкIи, езыр къыпкIэлъымыджэмэ, нэхъ къызэрыпщтэмкIи и жагъуэ уощI. ИтIани, гупсэхугъуэ гуэр хэлъщ хьэблэ нанэр тетIысхьэпIэм зэрытесым. Ар слъагъуху, щIылъэр здэкIэрэхъуапхъэмкIэ кIэрахъуэу согупсыс. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: