Жылагъуэр сыт хуэдэ зэмани зэмыфэгъущ. УзэрыцIыкIурэ къыбдекIуэкI хабзэм уигъэтынш щхьэкIэ, хамэ щIыпIэр къэнауэ, укъыщалъхуа уи Хэкуми укъызыгурымыIуэн цIыху щыбгъуэтынущ. Аращ гум илъыр утыкум къыщипхьэкIэ, укъэзылъагъухэр зэсамрэ зэмысамрэ зэхэбгъэкIын щIыхуейр. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр диным ехьэлIауэ зэпкърех Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ конференцым къыщыпсэлъа щIэныгъэлI Шахов Михаил.
«Совет зэманым сыт хуэдэ динри кIыфIыгъэм и нэщэнэу къалъытэу щытащ, - жиIащ щIэныгъэлIым. - А лъэхъэнэр иухри, 90 гъэхэм динри, диныншагъэри, экстремизмэм ухуэзышэ къыхуеджэныгъэхэри зы лIэужьыгъуэу къалъытэри, псори зэхэзэрыхьауэ щытащ. А щытыкIитIми елъытауэ, ди къэралым хабзэ щхьэпэ зыбжанэ къищтащ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэну зэримурадыр наIуэ къищIу. Ауэ зэзэмызэ ягъэкъуаншэхэмрэ зыгъэкъуаншэхэмрэ щызэгурымыIуэ къохъу, зы лъэныкъуэр хабзэр зэрытха дыдэм тетыну хэту, адрейм мурад Iей зэримыIамкIэ зиухеижу.
2015 гъэм хабзэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэм ипкъ иткIэ, дин зэгухьэныгъэкIэ зэджэж гупыр учётым увын хуейщ. А хабзэ дыдэм цIыхур хуит ещI зыми хэмыхьэуи дин зэрихьэну. Ауэ щыхъукIэ, 2025 гъэм муслъымэн зэгухьэныгъэ куэд ягъэкъуэншащ къэрал учётым зэрымыувамкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хабзэм щыуагъэншэу къигъэлъагъуэркъым дин зезыхьэ цIыху зыбжанэм зэгухьэныгъэ цIэ игъуэту, учётым мыувынкIэ Iэмал имыIэу щыхъу бжыгъэр».
Щапхъэхэр къихьурэ, Шаховым лъэныкъуитIми я еплъыкIэр зэпкърихащ: «Зы хьэдзэр самэкъым, хьэдзищыр самэкъым, дэтхэнэ хьэдзэм щегъэжьауэ хьэдзэ зэтетхъуахэм самэкIэ ущеджэнур? Мыбдежым «гуп» псалъэм и мыхьэнэм докIуалIэ. ЗэщхьэгъуситIым я бынхэр я гъусэу унэм нэмэз щащIмэ, КъурIэным еджэмэ, ахэр «дин гуп» хъурэ? Е абыхэм я деж зы гъунэгъу е тIу къыщIохьэри, къахохьэ. Дэнэ деж абыхэм тезыр къащытехуэ щытыкIэм щыщIидзэр, кIуэуэ дин зэгухьэныгъэ къызэрыунэхуамкIэ хъыбар ирамыгъэщIэну хуимыту? Ди жагъуэ зэрыхъущи, мыпхуэдэ щытыкIэхэм иджыри жэуап пыухыкIа яIэкъыми, ущIызэдауэ хъуну куэд къохъу».
Суд пащхьэм ирашахэм я щапхъэ зыбжани къихьащ Шаховым. Псалъэм папщIэ, студентхэм я зыгъэпсэхугъуэм деж еджапIэм нэмэз щащIати, «учётым щымыт дин зэгухьэныгъэ» фIащри, ягъэкъуэншащ. Ардыдэр IуэхущIапIэ гуэрым щыщ цIыху зыбжанэм къащыщIащ. ЩытыкIэ зэIумыбзхэр къохъу, зыгъэкъуаншэри хабзэм темыкIауэ, цIыхухэми экстремизмэ Iуэху зэрамыхуэ пэтми, апхуэдэ къуаншагъэ къалэжьауэ. Зэгъусэу нэмэз ящIыну зэрыхуитым тращIыхьри, учётым мыувауэ. «ЦIыху зыбжанэм «дин гуп» яфIэпщ щыхъунумрэ щымыхъунумрэ теухуа зэдауэр тIэунейрэ Конституцэ судым нэсауэ щытащ, убзыхуауэ хэкIыпIи игъуэтакъым, - жеIэ Шаховым. - Ауэ сэ муслъымэнхэм я пащхьэм ситу сыщыпсалъэкIэ, чэнджэщ ест хабзэщ, гуп фIэпщын хуэдэу цIыху зыбжанэ зэуIуамэ, абыкIэ хъыбар ебгъэщIэныр, учёт уувыныр зэрынэхъыфIымкIэ. Ар апхуэдэ дыдэу гугъукъым. Къэралыр дин зэгухьэныгъэхэм декIуэкIыну хьэзырщ. Хабзэми щIригъэлеин щыIэкъым: гуп зыфIамыщыжу, цIыху зыбжанэм КонституцэмкIэ дин зэрахьэну хуитщ. А проблемэр щыIэщ, и Iуэху зехуэн хуейщ».
АдэкIэ щIэныгъэлIыр тепсэлъыхьащ «миссионер лэжьыгъэ» жыхуаIэм. Дин къыхуеджэныгъэм епха мы хабзэр къащта нэужь, къэунэхуа упщIэр мыращ: сыт миссионер лэжьыгъэу, дин къыхуеджэныгъэу убжынур?
ФIэщхъуныгъэмрэ динымрэ епха хабзэр къыщащтэм щыгъуэ, убзыхуауэ жиIауэ щытащ Тхьэм теухуа псалъэмакъ псори зэуэ къыхуеджэныгъэ зэрымыхъур. ЦIыхуитI зэпсалъэрэ, зым адрейм и фIэщхъуныгъэр зэрыпэжыр къыгуригъэIуэну хэт къудеймэ, ар къыхуеджэныгъэкъым. Хабзэм IупщIу къыджеIэ: «Миссионер IуэхукIэ узэджэнур дин зэгухьэныгъэм цIыху нэхъыбэ къыхишэну зи мурадым иригъэкIуэкI псалъэмакъырщ». Дин зэгухьэныгъэ щымыIэмэ, къыхуеджэныгъи щыIэкъым. НанитI мафIэгум ису зэдэуэршэррэ пэт, тIум я зыр и диным тепсэлъыхьмэ, ар къыхуеджэныгъэкъым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, хабзэ зезыхьэхэм ар щызэхамыгъэкI къохъу, ягъэкъуаншэр цIыху щхьэхуэрэ дин зэгухьэныгъэрэ щIэмыупщIэу.
«УФ-м и Жылагъуэ палатэм зэхуэсышхуэ щекIуэкIауэ щытащ накъыгъэм: «Диныр. Хабзэр, Къэралыр». Абыи щытепсэлъыхьащ иджыпсту зи гугъу сщIы Iуэхугъуэм, - пещэ Шаховым и гупсысэм. - Административнэ щIэпхъаджагъэу къалъытауэ, цIыху зекIуапIэм нэмэз щызыщIахэр пщIы бжыгъэкIэ ягъэкъуэншауэ къыщIэкIащ. Абыхэм яхэтщ зи закъуэу нэмэз зыщIахэри.
Зи закъуэу нэмэз зыщI цIыхум ищIэр дин къыхуеджэныгъэу къалъытэри, апхуэдэ хуитыныгъэ къозыт дэфтэр щумыIыгъкIэ, укъуаншэщ, жаIащ хеящIэхэм. Хабзэм и лъэныкъуэкIэ, а Iуэхури зэIумыбзу къонэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2025 гъэм муслъымэнхэр щынэхъ мащIэ щIыпIэхэм апхуэдэ къыщыхъуащ: Челябинск, Самарэ, Оренбург областхэм, Симферополь, нэгъуэщI щIыпIэхэм. УпщIэ иратащ: сыт хуэдэ дин зэгухьэныгъэ а вгъэкъуаншэхэм цIыхухэр зыхашэну хэтар? Жэуап къратакъым. Зы хеящIэр «Ислъам» зэгухьэныгъэм хишэну хэтащ жиIэри, утыкум къикIащ. Ари гурыIуэгъуэкъым.
НэгъуэщI зыгуэр мэремым мэжджытым нэмэз щаригъэщIащ жаIэри ягэкъуаншэрти, хеящIэр губзыгъэу бгъэдыхьэри, мыбы «къыхуеджэныгъэ» фIэпщыфынукъым, сыту жыпIэмэ, мэжджытым къекIуалIэ псори армырами муслъымэнщ, яжриIащ.
Зы лъэныкъуэкIэ, пщIэ зыхуэтщI хабзэм и лэжьакIуэхэм щрагъэлей къохъу. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъми, муслъымэнхэр щынэхъ мащIэ щIыналъэхэм я гугъу щыпщIкIэ, цIыхухэм къалъагъуу нэмэз зыщI муслъымэнхэм динкIэ ягъэзэщIапхъэ къалэнхэр щагъэзащIэкIэ, абы щыпсэухэм пщIэ зэрыхуащIыпхъэр зыщамыгъэгъупщэмэ, нэхъыфIт.
Щапхъэм и хьэтыркIэ, шыщхьэуIум Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызгъэпсэхуауэ щытащ. Туристхэм папщIэ, абдежым плакатышхуэ щыфIадзауэ фIэлът: «ЗыхуэпэкIэ и лъэныкъуэкIэ, мы щIыпIэм щызекIуэ хабзэхэм фытет. Фи Iэхэр, фи лъакъуэхэр къыщIэщу къэвмыкIухь, щIыналъэм щыпсэухэм пщIэ яхуэфщIи, зыфхуапэ». Муслъымэным нэмэз ищIыну зэрыхуитым шэч хэлъкъым, итIани, нэмэз зыщI цIыху куэдрэ щамылъагъу щIыналъэхэм щыIэу, зекIуапIэм нэмэз ящIыну щыхуежьэхэм ардыдэр зыхалъхьамэ, хъарзынэт, абыкIэ я диным ягу зэрыщагъэкIыр къагурыIуэу».