«ХЬЭСАНШ»

«Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зыр теухуауэ щытащ «Хьэсанш» уэрэдым. Сыту пIэрэ абы къежьапIэ хуэхъуар?
«Зи къалэмыпэм уэрэд дахэ куэд къыщIэкIахэм ящыщщ уэрэдус, макъамэтх Пщынокъуэ БетIал. Сыт хуэдэ уэрэд иусами ахэр псори ди гъащIэм къыхэнащ, дзапэ уэрэд хъуауэ цIыхухэм яIурылъщ, - щыжеIэ нэтыным ар езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. - Нобэ къыхэтха уэрэдыр дунейм къытехьащ илъэс хыщI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ. Псалъэри макъамэри апхуэдизкIэ зэхуэкIуэу итхащи, зэ уедаIуэкIэ уи псэм зигъэнщIыркъым. Си жагъуэ зэрыхъущи¸ сэ БетIал сцIыхуу щытакъым, ауэ абы илъэс куэдкIэ дэлэжьа, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъазы Iэдэм мы уэрэдым и гугъу сщIыну къыщищIэм къызжиIащ: «Зы пэшым БетIал сэрэ илъэс куэдкIэ дыздыщIэсащ, къищынэмыщIауэ, уэрэдхэм теухуауэ щыIа художественнэ советым тIури дыхэтащ. А зэманым сфIэгъэщIэгъуэну ар и уэрэдхэм тезгъэпсэлъыхьу щытащ. КъызэрызжиIамкIэ, уэрэдыр кIуэрыкIуэм тету и щхьэм къихьа гуэрым теухуауэ итхыу арат. «Мы уэрэдыр мыбы хуэзусащ е мыпхуэдэ хъыбарщ лъабжьэ хуэхъуар», - жиIэу зэи зэхэсхакъым. Нэхъыщхьэр, сыт хуэдэ уэрэд итхами, псоми хуабагъ гуэр щIэлъщ, езы Пщынокъуэ БетIал цIыху дахэу дунейм зэрытетар кърипщIэу».
 Пщынокъуэм и уэрэдхэм дахагъэ, гуапагъэ хэлъщ. Арауи къыщIэкIынщ уэрэджыIакIуэхэм ахэр яфIэфу щIагъэзэщIари цIыхухэм ягу щIыдыхьэри.
 «Хьэсанш» уэрэдыр япэ дыдэу зыгъэзэщIар ШэджыхьэщIэ Лолэщ, нэхъ иужьыIуэкIэ ПащIэ Ленэ жиIащ.

***
Услъагъумэ си гуапэщ, сэ сыпхуозэш.
Си пшынэм уи къафэр фIэфIу хеш.
Сыпшэну жыпIакъэ, Шэджэм сыдэш,
Шууейуэ сэ си Хьэсанш.

Къурш лъапэм шы гуартэр гъатхэм щогъэхъу.
Къуршыщхьэм утету сэ къысщохъу.
Уи щытхъур зымыщIэ ТIуащIэм дэмыс,
Уэрэдыр сэ пхузоус.

Уи шыгъуэм утесу си нэгу ущIэтщ,
Шыгъажэм зипчамэ, япэ уитщ.
ЩIэх-щIэхыу си анэм и малъхъэ зыщI,
Си Iуэхур кIыхьлIыхь умыщI.

Си щIасэу си шыхъуэр псоми уацIыху,
Хуабагъэ зигу пхуилъыр мыхуэмыху,
Ди къуажи уоцIыхур – зы дэзмыгъуэж,
Фи къуажэ нэхъ сфIэдэхэжщ.

Услъагъумэ си гуапэщ, Iейуэ сыпхуозэш,
Си пшынэм уи къафэр фIэфIу хеш.
Къэфэну къытехьэм сэ сыкъыдеш,
Сисыну сыфIэфIщ фи деж
.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: