ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирикъуащ
Критик Сокъур Мусэрбий ятетхыхьащ ди тхакIуэ, усакIуэ куэдым, зэпкърихащ абыхэм я къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэр. ЩIэныгъэлIым, фэрыщIагъ лъэпкъ химылъхьэу, тхыгъэр къызэрыщыхъуар къигъэлъагъуэрт: фIыри иIэтырти, игу иримыхьари лъэныкъуэегъэз ищIыртэкъым. Я тхыгъэм Сокъурым и гулъытэ лъигъэсыныр тхакIуэхэми усакIуэхэми пщIэшхуэу къалъытэрт. Критикым и къалэмыр зыхуигъэлъэщахэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.
«Ди лIэщIыгъуэр зытехьа гъуэгуанэщIэр къэгъэшыпIэ псоми я нэхъ задапIэ дыдэм щыхуэкIуэ лъэхъэнэрщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм зыхалъхуар: щIалэ цIыкIур зы илъэс ирикъуа-иримыкъуат Октябрым и мафIэ бзийхэр, гъубжэ-уадэр япсыхьу, щызэщIэнам щыгъуэ…
Дунеймрэ гъащIэмрэ псалъэ гуапэкIэ япэджэжын щIедзэри, Iэдэм и япэ усэхэр дунейм къытохьэ, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ куууэ джыным, тхэкIэм зегъэсэным зрет. Ауэ «бзаджэр дапщэщи егъэшхыдэ цIыху псэ хьэлэлым и уэрэдым». 1941 гъэм зауэр къолыдри, цIыхум и хъуэпсапIэхэри, къэралыгъуэм и гъуэгу захуэри гын Iугъуэм зэщIещтэ. Iэдэми ядошэс гъащIэр ажалым кърагъэлын папщIэ псэзэпылъхьэпIэм хуэзыунэтI шуудзэм.
Къэралым къыщхьэщыхьа гузэвэгъуэм цIыхубэр хузэщIэIэтауэ бийм тегъэгушхуэнымкIэ уэрэдыр Iэщэ мыубзэщхъухэм яхыхьэрт. Iэдэм, усакIуэ нэхъыжьхэми хуэдэу, пасэу къыгурыIуат усэ псалъэм и зэфIэкIыр зыхуэдизыр икIи зэуапIэм здыIутым лъэкI къигъанэркъым а Iэщэр фочымрэ джатэмрэ я гъусэу гъэIэрыхуэнымкIэ.
Зауэм хэта усакIуэм и нэгу щIэкIар и гъащIэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ хэмышыпсэу къэнакъым. Аращ ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм зауэ макъамэр къащIыхэIукIри, мамырыгъэр хъумэн пшыналъэм абы зыщIритари, дунейм и IэфIымрэ и дахэмрэ емышу щIигъэлъапIэри.
«Гухэлъ усэ», «Гумызагъэ», «Гъуэгуанэ усэхэр», «Бгыщхьэ мафIэ», «ЩIылъэ гуапэ», «ГурыфIыгъуэ» - а тхылъхэм я цIэ къудейхэми къаIуатэ я купщIэм щытепщэ макъамэ нэхъыщхьэри, Iэдэм иджырей лирик нэхъыфIхэм зэрагухьэри. Iэдэм и плъэкIэри, и гупсысэкIэри, и псэлъэкIэри псом япэу хузэIухащ иджырей дунейм. И усэхэм щигъафIэ цIыху щхьэхуэм и псэм тегуплIауэ итIэщIыхь усакIуэкъым ЩоджэнцIыкIур: абы и хьэл нэхъыщхьэщ цIыхум и гукъыдэжыр дэIыгъыныр, гъэгушхуэныр, гъэгуфIэныр, дуней зытетымрэ илэжь Iуэхугъуэмрэ дапщэщи щIэщыгъуэ щыщIыныр. Лъэхъэнэмрэ щIыналъэмрэ хуэхьэщыкъ усэхэм зыубгъуауэ къызэщIаубыдэ щIэгъэхуэбжьауэ епIэщIэкI зэманым къишэ налъэщIэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ. Ар и щыхьэтщ Iэдэм «лирик зэпэкъабзэу» къэмынэу, публицистикэ гуащIэм и Iэмалхэми зэрыхуэIэижьым, уи щхьэм хужыпIэж дзапэ уэрэд щэхур иджырей дунейм зэрыхэмыIуэнур къызэрыгурыIуэм. Уеблэмэ публицистикэ жанымрэ гумащIагъ щабэмрэ ди лъэхъэнэм апхуэдизкIэ щызэхэжыпсыхьыжащи, цIыхум и щхьэ закъуэ гъащIэм егъэзыпIэ щэху иIэжкъым, и гуращэхэм я нэхъ гъэпщкIуахэри хэIущIыIу къыфIохъу, «ЦIыхур цIыху щIыжщ» псэлъафэр нобэм и махуэ къэс нэщэнэ мэхъу - а гупсысэр къудамэ Iэджэу яхэухуэнащ Iэдэм и тхыгъэхэм. Абы епхащ лэжьыгъэ IэнатIэм махуэлыншэу бгъэдэт цIыхухэр лъагэу, бжьыфIэу Iэтыныр, абыхэм я зыужьыкIэр, дунейм хуаIэ щытыкIэр я гъащIэм езыхэр зэрыIыгъыу тепщэ зэрыхуэхъуж Iэмалхэр - а псори зыубгъуауэ зэщIэкъуэжауэ къэгъэлъэгъуэныр. Iэдэм и тхылъ нэхъ пасэхэм щынэхъыбэщ цIыхумрэ абы зэрихьэ Iуэхумрэ жылапхъэ зыхуэхъу усэ хъыбар зэщIэкъуахэр, къэхутэным нэхърэ къэIуэтэным нэхъ тегъэщIахэр. ЩIэныгъэбзэкIэ жыпIэмэ, Iэдэм и усэ пасэхэр анализым нэхърэ синтезым нэхъ тегъэщIащ, гупсысэм и къэхъукIэм нэхърэ езы гупсысэ хьэзырыр къэIуэтэныр нэхъ я хабзэщ, лъэхъэнэм и гупсысэ IэплIакIуэхэм нэхъ я гъуазэщ.
Техьэ-текI Iэджэу захъуэж цIыхум и гурыщIэхэм, ауэ абыхэм къатекIуэ гукъыдэжым дапщэщи хэкIыпIэу иIэр щIым и берычэтагъырщ, дунейм и дахагъырщ, цIыхубэм я гуащIэдэкI узыншэрщ. Гурылъ-гуращэхэм я къэхъупIэр е гъатхэ щIэращIэм и нэщэнэ насып пэлъытэхэрщ, е хэкум и теплъэ гухэхъуэгъуэхэрщ, е лэжьыгъэм бжьыпэр щызыIыгъхэм къагъэлъагъуэ зэфIэкIхэмрэ псэ къулейхэмрэщ. Уеблэмэ усакIуэр дэзыхьэх бзылъхугъэри нэгум къызэрыщIыхьэр щIыпIэм, лъахэм, хэкум «хэгъэпщIауэщ»:
Иджы Хэкум и нэгу сиплъэ хуэдэу,
Соплъмэ, гугъэр уэ насып схубощI.
Уэри Хэкури сигу фыхэлъщ фызгъафIэу,
Си нэм, си псэм сыткIи фыпызощI.
Iэдэм и поэзиер зэи епцIыжыркъым нэхугъэм, хъуэпсапIэ гурыхьым, псэ къабзагъэм, ауэ абы къегъэлъагъуэ «гурэ гурэ лъагъуэ» зэхухашыныр зэрымытыншри:
Уэ зырщ си гугъэр гъатхэ хуабэу
ГурыщIэ нэхукIэ щIызэIусхар
Ауэ си гъащIэр уэ бгъэибэу,
ГущIыIагъ уаещ къысхуэбухар.
ГъэщIэгъуэнщ лирикэм и геройр Iэдэм и усэхэм зэрыхэхъукI гъуэгуанэм укIэлъыплъыну. Литературэм щрихьэкIа япэ лъэхъэнэм щыщу илъэс тIощI хуэдиз къапщтэмэ, Iэдэм хабзэ нэхъыщхьэу иIащ къищтэ цIыхухэмрэ теплъэгъуэхэмрэ я щхьэ хуэпсэуж хуэдэу, усакIуэм езым и Iуэху яхимылъхьэ хуэдэу къэгъэлъэгъуэныр. Хьэуэ, тхыгъэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм усакIуэр хуэгулъытэншэу аратэкъым, и гулъытэр е псалъэ къыхэхыкIэм, е макъ IукIэм, е нэгъуэщI нэщэнэ щхьэхуэхэм хэпщауэ къекIуэкIырт, ауэ «сэ» цIэпапщIэм и пкъыгъуэ зэхуэмыдэхэм усэ хъыбарым бжьыпэр щаIыгътэкъым, ар къыщиIуатэкIэ еплъыкIэ пыухыкIахэр къигъэлъагъуэ пэтми. Мыбдежым къыщекIущэу къыщIэкIынкъым прозэ тхэкIэм и нэщэнэ щхьэхуэхэмрэ и къалэн зырызхэмрэ ди поэзиер яхуэмыхамэу щIыщытам и щхьэусыгъуэхэр зыубгъуауэ къетхэкIыныр: абы лэжьыгъэ щхьэхуэ хуэфащэщ.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и тхыгъэхэр къапщтэмэ, абы литературэм и пкъыгъуитIыр – лирикэмрэ прозэмрэ щхьэж и къалэн хэха иIэжу «щызэбгъэдокI» - ар 60 гъэхэм я пэщIэдзэм техуэу хуэбгъэфащэ хъунущ. Дунейм и IэнатIэ гуэрхэр лъэхъэнэм и лIыкIуэ хуэдэу къызэфIэувэ цIыху щхьэхуэм и зэхэщIыкIхэмрэ гупсысэхэмрэ щIэпщытыкIыныр Iэдэм и лирикэм а гъэхэм къыщIедзэри, кIуэ пэтми кумылэ хуэхъуурэ, и тхыгъэхэр къызэщIэзыкъуэ къарууэ зэроубыд. АпщIондэху усакIуэм и гъащIэм щыщ нэщэнэ щхьэхуэхэр усэхэм мет зырызу якIэрыда фIэкIа мыхъумэ, абыхэм лъынтхуэу пкърызагъэ я хабзэкъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, 60 гъэхэрщ Iэдэм и лирическэ геройм зиукъэбзурэ пкъырэ псэкIэ щызэрыубдыр, ар хъугъэ щихьэр.
ЩоджэнцIыкIум усэхэм къадэкIуэу, прозэри нэрыгъ щищIыр зауэ нэужьырщ. 1956 гъэм япэу дунейм къытехьащ иджырей лъэхъэнэм теухуа ди прозэм налкъут жылапхъэм хуэдэу къыхэна «Софят и гъатхэр». Повестыр занщIэу хэIущIыIу мэхъу, ди къэралым и лъэпкъыбэ литературэр а лъэхъэнэм зэрыгушхуа щапхъэхэми хабжэ, ехъулIэныгъэ мыжыжьэхэм я япэ нагъыщэри траIуэ. ЖыпIэнурамэ, зауэ нэужьым дэ тхыгъэ куэд диIакъым апхуэдэу зи цIэр фIыкIэ Iуа.
ТхэкIэм зэрыхуэшэрыуэм къыхэкIыу, Iэдэм гурэ псэкIэ фIэлъапIэщ зытетхыхьыр, абы гъащIэм и пкъыгъуэ узыншэхэр гукъыдэж мыухыжкIэ егъэдахэ, дэтхэнэ зы нэщэнэри нэмрэ псэмрэ хуихьу зэпеплъыхь, мыхьэнэ лъэпкъ имыIэу къыпфIэщI налъэ цIыкIухэри гуапагъэ къабзэкIэ къегъэнэху, икIэм-икIэжым хьэлэлагъ къибыргъукIкIэ уи фIэщ ещI дунеймрэ гъащIэмрэ цIыху узыншэм махуэшхуэ насыпу зэрыбгъэдэлъыр.
Литературэр цIыхубэм я ущиякIуэщ, цIыхупсэр зыузэщI къарущ. И къалэныр хьэлэлу зыгъэзащIэ тхакIуэми щIэгушхуэн щхьэусыгъуэ иIэщ, абы и макъыр цIыхухэм зэхахрэ я псэм къыхэнэмэ, езым и гъащIэри кIыхьщ.
Зэманым хуэпэжу дэгъуэгурыкIуэурэ, нобэм и дахэр зыIуатэ, пщэдейм и нэхум хуэпабгъэ тхакIуэу ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къикIуащ гъуэгуанэ кIыхь.
Зи лъэпкъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэми ещIэ Iэдэм и тхыгъэхэр цIыхур куэдрэ зыщыгуфIыкIын фIыгъуэу зэрыщытыр».