Нэрымылъагъу дунейКурыт школым щеджэхэм я деж къыщегъэжьауэ ныбжь нэхъ зиIэхэм я деж щиухыжу, цIыхухэм яхэбгъуэтэныр фIэщ щIыгъуейщ «микроскоп» псалъэр зи тхьэкIумэ имыIуарэ ар зищIысым щымыгъуазэрэ. Сыту жытIэмэ, щIыуэпсым и зы Iыхьэ пкъыгъуэ цIыкIужьейхэр зэгъэлъагъунымкIи я зэхэтыкIэ-зэхэлъыкIэм лъыгъуэзэнымкIи щIэныгъэм телажьэхэм къагъэсэбэпыр а Iэмэпсымэ телъыджэм и зэмылIэужьыгъуэ къэкIуэкIэхэрщ.
БлэкIам къызэрыхэщыжымкIэ, микроскопыр къэзыгупсысар XVIII лIэщIыгъуэм Голландием щыпсэуа цIыху къызэрыгуэкI Левенгук Антонийщ. И щIэныгъэм хигъэхъуэну хущIыхьэгъуэ зымыгъуэт щIалэм махуэкIэрэ щэкI ищэрт, жэщ хъуамэ къалэ ратушэр ихъумэрт. А псоми къащыдэхуэхэм деж абдж зэхуихьэсырти, ахэр ихъуэрт, нэрымылъагъу пкъыгъуэ цIыкIухэр хуиту ирагъэлъагъу хухъукIэ.
А щIыкIэм тету Антоний зэлэжьыжу игъэхьэзыра абджхэр, зы зэман зэ, кIуэ абы и акъылыр зэрыхунэсар уэ къащIэ, зэрызэкIэлъыкIуэу бжьамий кIэщI цIыкIу гуэрым иригъэувэри, шэдыпс жэбзам щыщ ткIуэпс закъуэ и щIыIу къытехута абджым тригъэткIуат. Зимыгъэгувэуи, бжьамийм здиплъэм, зэуэ къэуIэбжьат: шэдыпс ткIуаткIуэм псэущхьэ цIыкIужьейхэр куэдыкIейуэ щызэрызехьэрт. А далэм къыщыщIидзэри, и балигъ гъащIэм къриубыдэу, Левенгук нэгъуэщI Iуэху пэрыувэжакъым.
ЩIалэ гурыхуэм икIи гумызагъэм и микроскопым пкъыгъуэ нэрымылъагъухэм я инагъыр зэрыхигъахъуэр хуэдэ 250-рэ хуэдизкIэт. АтIэми, иджырей микроскопхэм яхыбогъуатэ нэм къыхуэмыубыд цIыкIужьейхэр минищэ бжыгъэкIэ, уеблэмэ мелуан IэджэкIэ нэхъ ину уи нэгу къыщIэзыгъэувэхэр.
Арыххэуи, цIыху къызэрыгуэкIыу дунейм тета къэхутакIуэм, зэримыгугъауэ, пкъыгъуэ цIыкIужьейхэр зэгъэлъэгъуным и лъабжьэр игъэтIылъащ икIи а щIыкIэм тету абы и цIэр тхыдэм къыхэнащ.
Левенгук Антоний и микроскопымкIэ илъэгъуахэр, зэман дэкIыу зэрагъэнэIуамкIэ, дэни «щопсэу». Псалъэм и хьэтыркIэ, ахэр яхэбгъуэтэнущ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэм, псэущхьэхэм я Iэпкълъэпкъхэм, я щIыфэхэм, нэгъуэщIхэми.
Зызыгъэхъейуэ щыIэ псоми, псалъэм папщIэ, псыежэххэм, къуалэбзухэм, жьыбгъэхэм нэрымылъагъу цIыкIужьейхэр зэрымыщIэкIэ щIыпIэ жыжьэхэм къыщагъэхутэ. Микробхэм яхэтщ хуабэми щымышынэ. Абы къыхэкIыуи ахэр зи температурэр градуси I00-м щIимыгъуа сыт хуэдэ пкъыгъуэми щопсэуф, уаеми зэфIигъащIэркъым. Апхуэдиз «шыIэныгъэ» зыхэлъ нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм куэдыжьу уащрихьэлIэнущ Ищхъэрэ Мылылъэ хыми, Антарктидэм и мылджей абрагъуэхэми, щIыIэ здэщыIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми. КъинэмыщIауэ, абыхэм хьэлъагъэшхуэ къатещIэми кърадзэнукъым: микроб зэмылIэужьыгъуэхэм, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уащыIущIэнущ километри I0-I5 зи куууагъ щIы щIагъми.
Нэм къыхуэмыубыд цIыкIужьейхэр ягъэзащIэ я «мыхьэнэкIи», я теплъэкIи, шхыныгъуэхэм ират IэфIагъ-дыджагъкIи, щIыуэпсым щагъэзащIэ я «пщэрылъкIи» зэтехуэркъым.
Дызытепсэлъыхь нэрымылъагъу пкъыгъуэхэм фIаща «микроб» алыдж псалъэм и япэ пычыгъуэм - «мащIэ», «жьгъей», етIуанэм – «гъащIэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр. Еджагъэшхуэхэм яхэтщ микробхэр псэущхьэхэм хэзыбжэ, мыдрейхэм ахэр къэкIыгъэущ къызэралъытэр.
Дапхуэдэу мыхъуами, телъыджэр аращи, цIыхухэм я нэхъыбэм микробхэр къазырыщыхъур уззехьэущ – дефтерит, фэгъазэ, емынэ, тало жыпIэми, зыбжанэ мэхъу ахэр. АтIэми, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр щыуагъэшхуэщ, сэбэп хъухэм елъытауэ уззехьэхэр зыкъомкIэ нэхъ мащIэщи.
Куэд щIакъым щIыдагъэ зыгъэкIуэщI микроб зэрыщыIэм щIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэрэ. ЗэрагъэхъыбарымкIи, абыхэм я фIыгъэщ хышхуэхэм я псыр зыуфIей щIыдагъэр кIуэ пэтми нэхъыбэж зэрымыхъур, абы къыхэкIыуи еджагъэшхуэхэм шэч къытрахьэркъым дунейпсо хыр гъэкъэбзэнымкIэ микробхэр зэрыщхьэпэм.
Илъэс щищым нэблагъэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, Испание къэралыгъуэм пцIийм (руда) гъуаплъэ къыщыхащIыкIырт, мафIи Iугъуи ирамыгъэкIуалIэрэ псы къудей фIэкIаи къыхуамыгъэсэбэпу. АтIэми, а лъэхъэнэм псэуа испанхэм я гупсыси къыхэхуэртэкъым ар зи фIыщIэр псым куэдыкIейуэ хэс микробхэр зэрыарар.
ЩIы щхьэфэм «щылащэ» микробхэми ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэ. Ар сытым ехьэлIауэ жытIэмэ, щIыгулъыр гъэпшэрыным хуэгъэзауэщ. Абыхэм я къарукIэщ хыжьейхэмрэ шэдылъэхэмрэ я лъабжьэм цIыхухэм къыщIагъуатэ гъущI пцIийр зэрыщызэтрихьэри. АтIэми, нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм я фIыгъэ дунейм къытехьэ гъущI пцIийм нэгъуэщI щIыпIэхэми дащрохьэлIэ.
Микробхэр куэду зыхэс шахтыпсхэр пцIийм хаутIыпщхьэкIэрэ, къэхутакIуэхэм гъуаплъэ къабзэ зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэм бгъэдаша нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм «металлург» - кIэ йоджэ. Ахэр нэхъыбэу «щылъащэр» пцIийхэм я нэхъ нэдхэмрэ пыдзахуэхэмрэщ.
Нэхъ телъыджэжыр аращи, микробхэм къахокI пцIийм уран къыхэзыгъэкIыфхэри. Абы гу лъызыта IэщIагъэлIхэм я хъуэпсапIэщ пцIийм марганец, молибден къахэзыхыф микробхэр къагъэхъунри…
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




