IуэрыIуатэ - Iуащхьэмахуэ

Алыдж IуэрыIуатэм тхьэхэм я зэхуэсыпIэу къыхэщ Олимп Iуащхьэр а цIэр зезыхьэу а хэкум ит бгырауэ куэдым хуагъэфащэ. Ауэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIи щыIэщ. 
Япэрауэ, зи лъагагъыр метр 2917-м фIэмыкI ар, алыджхэм я тхьэхэр дэнэ къэна, тщыщ дэтхэнэри дэкIыфын хуэдизщ икIи а Iуэхугъуэм «а бгыр тхьэхэм я дежкIэ мылъахъшэIуэу пIэрэт?» жыуегъэIэ. 
НэгъуэщI зы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Алыджхэм я пасэрей диным хэта тхьэхэм я нэхъыжь Зевс щыблэкIэ къызэухыу щыта Iуащхьэр, абы къыдэкIуэу, шынагъуащэуи зэщIэгъуагъуэрт, мафIэу къызыпхилыгъукIхэми ихъуреягъэр зэщIалыпщIырт. 
Зи цIэ къыхэдгъэща къэралым и пасэрей IуэрыIуатэр зыдж, филологие щIэныгъэхэм я доктор Гринчер Николай зэрытригъэчыныхьымкIэ, лъэхъэнэ жыжьэм дунейм тетахэм алыдж тхьэхэм я зэхуэсыпIэу къабжынкIэ хъуну щытар къэзыухъуреихь Кавказ къуршыжьхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къахэбжьыфIыкI Iуащхьэмахуэ хуэдэ бгыжь уардэщ. 
А гупсысэм лъабжьэ иIэщ. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, пасэрей алыджхэм я хылI-зекIуэлIхэр, хы ФIыцIэм щIэх-щIэхыурэ къызэпрыкIырти, Кавказ щIыналъэми къихьэрт. Ауэ щыхъукIи, абыхэм гу лъамытэнкIэ Iэмал яIакъым, зыхуэбгъэдэн щымыIэу, узримыгъэплъу дахащэ, метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ. 
Абы къыдэкIуэу къыхэгъэщыпхъэщ, лъэхъэнэ жыжьэу дызытепсэлъыхьхэм зи гугъу тщIы бгыжьым и гуащIэгъуэ дыдэу, къытригъэзэжурэ мафIэ бзий гуащIэхэр къызыпхиутIыпщыкIыу, къызыпхилыгъукIыу зэрыщытари… ИкIи, еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Iуащхьэжьым нобэ зиущэхужауэ къытфIэщI щхьэкIэ, ар, зыкъыщызэкъуихынум дыщымыгъуазэ, пщтырагъэ ин дыдэ зыпкъырыт мафIэбгщ (вулканщ). 
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, иужьрей дыдэу лъагапIэжьыр къыщикъуэлъыкIар илъэс1000 ипэкIэщ. Абы лъандэрэ, цIыхухэри псэущхьэхэри имыгъэпIейтейуэ, зэпIэзэрыту къекIуэкIа бгыжьым зэхуихьэса къарур зыхуэдизыр зыми ищIэркъым икIи ар абы дунейм къыщытриутIыпщхьэну пIалъэр, щIэныгъэлIхэм зэрагъэувымкIэ, икъусыкъужкIэ шынагъуэу икIи псэзэпылъхьэпIэу щытынущ. 
Ди къэралым и щIэныгъэрылажьэхэр къэхъункIэ хъуну а Iуэхум куэд щIауэ зэдегупсысырти, Урысей Федерацэм ЩIым и физикэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэм пщэрылъ щащIащ Iуащхьэмахуэ и лъабжьэм зыщIэзыгъэпщкIухьа магмэм и «бэуэкIэм» кIэлъыплъыну. ИкIи а унафэм ипкъ иткIэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Собисевич Леонид зи пашэ гупыр, ди республикэм и Тырныауз къалэм ипщэкIэ щыIэ нейтриннэ станцым и гъуэдыджым (тоннелым) хуэегъэзыхыгъуэу ихьэри, щIы щIагъым километри 4-кIэ кIуэцIрыкIащ. А Iуэхум хузэтраухуа IэмэпсымэхэмкIэ щIэныгъэлIхэр абдежым щодаIуэ Iуащхьэмахуэ и кIуэцIым къыщыхъу-къыщыщIэхэм.
Геолог-минералогие щIэныгъэхэмкIэ доктор Масуренков Юрий зэригъэувымкIэ, бгыжьым и кIуэцIым щызэхуэхьэса хуабэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къызэрызыщыпхивыр и нэщэнэщ, абы и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэм псы пщтырхэр къызэрыщыщIэжыр. Абыхэм щаIуплъэм, щIэныгъэрылажьэр егупсысащ мафIэбг жеям и «пэщхъыным» къриху гъуэзыр зэрыбгъэупщIыIу хъуну щIыкIэр зыхуэдэми. Ар сыт жытIэмэ, Масуренковым къызэрилъытэмкIэ, Iуащхьэмахуэ и лъабжьэм щIыхьэ щIыпIэхэм язым деж километри 2 - 3-кIэ щыпхыугъуэныкIауэ, бгыжь кIуэцIым щызэхуэхьэса пщтырагъэм мащIэ-мащIэурэ хэгъэщIын хуейщ. Ар, дауи, къызэрымыкIуэу мылъкушхуэ зытекIуэдэн Iуэхущ. 
Дунейр уэфIу, Кавказ Ищхъэрэм губгъуэ лъэныкъуэмкIэ укъыщихьэкIэ, Iуащхьэмахуэ, апхуэдизу уардэрэ дахэу уи нэгу къыщIохьэри, хьэщыкъ ухуэмыхъуныр Iэмал зимыIэщ. Хъыбар щыIэщ, ди лъэхъэнэм (эрэм) и IV лIэщIыгъуэм, Индыл псышхуэм къызэпрыкIыу КавказымкIэ къэзыунэтIа гуннхэр, нэхущ пшэплъым дыхьэрэну ириIа щIэплъыпIэм хужьышхуэрэ абрагъуэу къытеува Iуащхьэмахуэ щыIуплъэм, шынагъуэ иным зэщIиубыдэу IуагъэзыкIыжауэ. 
ЛъагапIэжьыр тхьэхэм я тIысыпIэу икIи абыхэм санэхуафэ щащI щIыпIэу щытауэ адыгэхэм ди IуэрыIуатэми нарт эпосми къыхощ. Тхыдэ мыжыжьэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, цIыхухэм ящыщу абы япэ дыдэу дэкIар генерал Эммануэль 1829 гъэм иригъэкIуэкIауэ щыта зекIуэм гъуэгугъэлъагъуэу яIа къэбэрдей щIалэ Хьэшыр Чыларщ. 
Кавказым и шытх нэхъыщхьэмрэ абы къедзамрэ ящхьэщыт аранэ лъагапIэхэр, абыхэм я лъабжьэм щыщIэущхъуэнтIыкI псыкъелъэ дахэкIейхэр, хыжьей къабзащэхэр, бгылъэ щIыналъэр зэлъэщIэзыгъыхьэ лъагъуэхэр, къуршыпс уэрхэр, ахэр щешкIурэх тIуащIэхэмрэ абыхэм зыдэзыгъэпщкIухьа уэздыгъей мэзхэмрэ апхуэдизу псэр дэзыхьэхщ, гур хэзыгъахъуэщи, ди щIыналъэр зыгъэбжьыфIэ Iуащхьэмахуэ и Iэхэлъахэм цIыхухэр ноби уэру кърашалIэ. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: