Япэ кадет класс къызэIуахащ

Урысей гвардием и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щекIуэкIащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм «Республиканская многопрофильная гимназия» и IуэхущIапIэм и тхыдэм щыяпэу еджакIуэхэм тхьэрыIуэ щата Iуэху гуапэ. 

Абы хэтащ IуэхущIапIэм и IэнатIэ хэхахэм я унафэщIхэр, ведомствэм и ветеранхэм я щIыналъэ советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу отставкэм щыIэ Хужьокъуэ Руслан, «Боевое братство» жылагъуэ IэнатIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Джылъахъстэн Барасбий, Хэкупсэ гъэсэныгъэмрэ дзэм къулыкъу щыщыIэным хуэгъэхьэзырынымкIэ центрым и IэщIагъэлI пэрыт Верес Тамирлан, апхуэдэуи егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэм я адэ-анэхэмрэ. 
Iуэхур къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я гимнхэмкIэ. Ахэр ягъэзэщIащ Урысей гвардием и дзэ часту Звёзднэ поселкэм щыIэм и оркестрым. 
ТхьэрыIуэ ятри, дэтхэнэ гъэсэнми жиIащ кадет цIэр пщIэ иIэу зэрихьэну, хабзэм тетыну, Хэкум къулыкъу хуэщIэным хуэпэжыну. АдэкIэ абыхэм иратащ кадет гупым зэрахыхьэм и дамыгъэ япэ дамателъхэмрэ удостоверенэхэмрэ. 
Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда лэжьакIуэхэм я мемориалым деж удз гъэгъахэр ягъэтIылъащ зэIущIэм и кIэухыу. 

Зыгъэхьэзырар БАХЪСЭН Ланэщ.
Поделиться: