Тыгъэ лъапIэСабий усакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и адыгэ редакцэм и унафэщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джэрыджэ Арсен ди лъэпкъым и щIэблэм хуищIа тыгъэ лъапIэщ «Издательско-полиграфический комплекс» Грозненский рабочий» IуэхущIапIэм 2025 гъэм, зи бжыгъэр минрэ щитхурэ хъууэ, дунейм къыщытехьа «Дадэ идэм…» тхылъ щхъуэкIэплъыкIэр. IэдакъэщIэкIым щызэхуэхьэсащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэмрэ пэщIэдзэ классхэм щеджэхэмрэ папщIэ итха и сабий усэхэр.
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и мыхъур зытелъ тхылъыр а IуэхущIапIэм и Президент Къанокъуэ Арсен къыхилъхьа «Адыгэхэр – 2040. Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэхэр» жыхуиIэ проектым ипкъ иткIэ къыдэкIащ.
АпхуэдизкIэ нэIурыту, зэмыфэгъуу, сабиипсэр зыхыуигъащIэу гъэщIэрэщIа хъуащи, япэ напэкIуэцIым къыщыщIэдзауэ иужьрейм нэсыху зи гугъу щыщIар – цIыкIум и псэм химыхыну фIыуэ илъагъу нанэ угъурлыфэри, зи жьакIэр зыжьурэ мажьэр зыкъута ажэжьри, гуэгуш кIэ баринэ-пэ къижри, жумэрэн ныбэхуэфIри, хьэр зыгъэбанэ цыжьбанэри, нэгъуэщI куэди – дахащэу уи нэгу къыщIегъэувэ. Гуапагъэ, хуабагъэ къызэрымыкIуэ къызыпкърыкIыу къысщыхъуар тхылъым и япэ напэкIуэцIым ит сурэт зэхэлъырщ. Абы хомылъагъуэр укIуэдыж: дыгъэ, цIыху, макъамэ Iэмэпсымэ, псэущхьэ зыбжанэ, пхъэщхьэмыщхьэ, удз гъэгъа, жыг, нэгъуэщIри. ЗэщIэжьыуэу а псоми къыджаIэ хуэдэщ сабиигъуэм нэхъ дахэрэ нэхъ лъапIэрэ зэрыщымыIэр. А псор ди нэгу дахэу къызэрыщIэувэр и фIыщIэщ тхылъым елэжьа сурэтыщI Алий Юрэ.
Тхылъым ит усэхэр щэм щIегъу, дэтхэнэми щхьэхуэу и гугъу пщIыну къалэжьу, сабийм Iурыплъхьэну уасэ имыIэу. Абыхэм къакIэлъокIуэ «Бзэгъэбзэрабзэ» Iыхьэр. Псалъащхьэм кIэщIэтха «Джэрыджэм и макъырыджэгум дриджэгуурэ еджэкIэм дыхуоджэ» псалъэухам къыджеIэ абыхэм я мыхьэнэр зэрыиныр.
«Дадэ идэм…» тхылъым ехьэлIауэ иджыри зы хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. ЮНЕСКО-мрэ Сабий тхылъхэмкIэ лъэпкъыбэ советымрэ (IBBY) ирагъэкIуэкI Iуэху иным (IBBY-UNESCO), щIыдэлъху лъэпкъхэмрэ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэхэмрэ я бзэкIэ дунейм къытехьа тхылъхэм (щIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ) я нэхъыфIхэр къыхэхыным ехьэлIам, абы гулъытэ щигъуэтащ. IуэхущIапIэ лъэрызехьэм и тхылъ къыхэхахэм (коллекцэм), къэрал куэдым къыщрашэкIыурэ ягъэлъэгъуэну лэжьыгъэхэм, мы тхылъыр хагъэхьащ.
IBBY-UNESCO-р и щыхьэтщ щIэныгъэм, лъэпкъ щхьэхуэныгъэм, цIыху гупсысэкIэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэм. Бзэ и лъэныкъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэу дунейм тет лъэпкъхэм я Iуэху дэIыгъыным, ахэр хъумэным ехьэлIауэ ЮНЕСКО-мрэ IBBY-мрэ къыхалъхьар гукъэкI лъапIэщ. Ар щыщщ ООН-м и Генеральнэ Ассамблеем щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэхэм я нэIэ трагъэтыным яхухиха, илъэсипщI (2022-2032) пIалъэм къызэщIиубыдэ Iуэхум.
Къыхэгъэщыпхъэщ зэхьэзэхуэм IэдакъэщIэкIыу 500-м нэблагъэ, бзэуэ I52-кIэ тхауэ зэрагъэхьар. Къэбгъэлъагъуэмэ, къэрал 70-м щIигъум щыпсэу цIыху мелуан 370-р тхыдэ куу зиIэ щIыдэлъху лъэпкъхэм ящыщщ. Бзэуэ дунейм тет миниблым и процент 40 мэхъу ахэр. КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэ бзэхэри я Iуэху зыIут елъытауэ зэщхьэщокI. Мелуанищрэ ныкъуэм къыщыщIэдзауэ мелуаниблым нэс цIыху бжыгъэу зэрыпсалъэхэм, тIасхъэ дыдэкIэ узэджэ хъунухэм яхэтщ адыгэбзэр.
- КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэ бзэхэмкIэ ятха тхылъу 20I8 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ къыдэкIауэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ яхуэгъэза, щIыдэлъху лъэпкъхэм я зы бзэкIэ е бзитIкIэ тха тхылъхэм ЮНЕСКО-р зэрыхэплъэнур хъыбару къысIэрыхьат, - жеIэ тхылъыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ, зэдзэкIынымкIэ, ЮНЕСКО-м IэрыгъэхьэнымкIэ, нэгъуэщI къызэгъэпэщыныгъэ IуэхухэмкIи усакIуэм къыдэIэпыкъуа, Тыркум щыпсэу, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ щIэныгъэхэм я доктор Нэзэр Хьэмид. - АдыгэбзэкIэ тха тхылъих едгъэхьащ: Налшык икIыу тхылъиплI, Тыркум си IэдакъэщIэкIитI ирагъэхьащ. Арсен и «Дадэ идэм…» тхылъ щхъуэкIэплъыкIэ дахэм гулъытэ игъуэтащи, икъукIэ сыщогуфIыкI.
Къэралыгъуэм щыщу бзэ зыбжанэкIэ тха хыхьащ коллекцэм, адыгэбзэри абыхэм ящыщу. Тхылъу ЮНЕСКО-м и гъэтIылъыгъэхэм хэхуар илъэсипщIым и кIуэцIкIэ къэрал 56-м яшэнущ. Абы къыдэкIуэу а пIэлъэм ЮНЕСКО-р Урысейм къеупщIынущ мы тхылъыр зи бзэкIэ тха лъэпкъым сыт хуэпщIэр, пхъумэрэ, я цIыху бжыгъэр хэхъуэрэ, хэщIрэ, къэралым и деж щиубыд увыпIэр сыт хуэдэ жиIэу. Ар гуфIэгъуэшхуэщ, илъэсищэ-щищым зэ къэхъу Iуэхущ мыри, фIы къытхудэкIуэну Тхьэм жиIэ!
Ди псалъэхэм я щыхьэт папщIэуи щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ идолъхьэ Джэрыджэм и усэхэм ящыщ зыбжанэ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Усэхэр ДЖЭРЫДЖЭ Арсен
СИ ХЬЭ ЦIЫКIУР
Си хьэм сэрэ дызэгъусэм,
Дызэрешри тщогъупщэж,
Зэрыхьэблэу къыдэхъуапсэу,
Зыр зым сыткIи догъэпэж.
Губзыгъащэщ си хьэ цIыкIур,
Сыкъигъанэу дэмыхьэж,
Пщэхъур здзамэ, къегъуэтыжри,
ЗанщIэу ар къыскIэщIохьэж.
Сэ ар Iэджэм хузогъасэ,
Къэбгъуэтынкъым имыщIэф,
Ауэ, дауэ сымыщIами,
ЕзгъэщIэфыркъым зы хьэрф.
БАБЫЩ ШЫРХЭР
Бабыщ шырхэр
Псым хэхуащи,
Псыщхьэм тесу
Ирехьэх.
Джэджьей быныр
Гужьеяуэ,
Псым бгъурыту
КIэлъожэх.
Джэдкъуртыжьыр
ЯкIэлъыджэу,
И джэджьейхэр
ЕгъэIущ:
– Фемыжажьэ
Псым игъащIэм
Итхьэлакъым
Зы бабыщ,
ЗэкIэ ин мыхъуами,
Флъагъукъэ,
Бабыщ шырхэри
Бабыщщ.
ЖУМЭРЭН
Плъагъуу щытмэ –
Хэт гъуабжафэщ,
Хэт фIыцIабзэщ,
Хэт къуэлэнщ.
Зэмыщхь щхьэкIэ
Пщагуэ къомыр,
Псоми я цIэр
Жумэрэнщ.
Жэщ зэрыхъуу,
Я гъуэ зэвхэм
Къызэрох,
Къемышхым уэшх.
Яшх емышу
КъапэщIэхуэр,
Яхуэмышхыр
ЯщI ныкъуэшх.
Игъэщтэну
НыбэхуэфIхэр
ДутIыпщати
Ди Борэн,
Щытщ доджэгури,
Гъуэм къижауэ
Къыхуэзати
Жумэрэн.
ЛЫЖЬ
Дадэ сэрэ
Дитщи хадэм,
КъысIэщIелъхьэр
Зы белыжь:
«Мэ, си ПIытIэ,
Уэри лажьэ,
Лажьэм, жаIэр,
Ешхыр лыжь».
Дадэ белыр
КъеIысхами,
Сыту сщIыну сэ белыжь?
Изотыжыр
Дадэ белыр:
«Сэ сыхуейкъым
Сшхыну лыжь!»
Дадэ белыр
СIихыжами,
Къысхуэшхыдэу
Къэмыгубжь.
СогъэщIагъуэр
И лэжьэкIэр –
Дадэ фIэфIу пIэрэ
Лыжь?!
ПСЫIЭРЫШЭ
УедэIуапэм зэхэпхыну
ПсыIэрышэм хеш уэрэд.
Псы нэхъ инхэм пемыуэфми,
ПсыIэрышэм игу мыкIуэд.
ХэмыкIуадэу даущ инхэм
И макъ щабэр ирехьэх,
Псышхуэм хуожэри ерыщу,
Мажэр, къэхъуркъым щыщхьэх.
– Хэт ерыщми, – жеIэр дадэ, –
И мурадым лъэIэсынщ.
ПсыIэрышэри, емышым,
Псышхуэ гуэрым зэ нэсынщ.
ИНЫЖЬИБЛ
Дадэ жеIэр
Иныжьыкъуэ
Дэсу иныжьибл,
А иныжьхэм
Зы хэмыту
ЯфIэмыту щхьибл.
Дэнэу пIэрэ
А иныжьхэр
Къыщыушыжар,
Таурыхъым къыхашыжу
Сыт къыщIашэжар?
КъызыфIэщIыр хэт
Иныжьхэм
ДащIын гузэвэх?
Иныжьыкъуэ
Зэ сынэсым,
Блыри сщIынщ
Iэпхлъэпх…
«Тэдж, – жи нанэ, –
Ухожаер,
Дыгъэр къыщIэкIащ…»
Насып яIэти
Иныжьхэм,
Нанэ къызэджащ.
БЗЭГЪЭБЗЭРАБЗЭ
Ар арами армырами, ара пфIэщIу арагъэнщ.
Бэлагъыбгъуэр бэлагъ бгъузэм бгъукIэ щылъу бгъурыслъхьащ.
Дыгъур дыгъум дэщIыгъу дыгъум гъунэгъу дум щигъэдыгъуащ.
Уэсэпс щыгъэ – дыгъэ тыгъэ.
Къуаргъыр гъуэгубгъум щыбэлэрыгъри, и дамэр лыгъэм гуилыгъукIащ.
Мы мобы етыж жери иритати, зритам иритыжар зритыжынум иритыжакъым.
Пшынэбзэр бзэрабзэм, псынэпсыр мэжабзэ.
Кумб куум ихуа былътырыкур кIэкуакуэу куэдрэ кумбым исащ.
Къэб гъэвари, къэб гъэжьари, къэб мыжьари къэпкъым – къэбщ.
Уэшхыр уафэм ушэу къехри, уэри уэру къехыжащ.
ФIы зыщIэм ищIэр фIэмащIэми, фIымыщIэм ищIэр фIэкуэдщ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 19:05 →
Бейтыгъуэн Сэфарбий – щIэныгъэлI, лэжьакIуэшхуэ
05.11.2026 - 17:35 →
ЩIы IэмыщIэ
05.11.2026 - 14:15 →
УцIыхуну нэхъ тыншщ
03.11.2026 - 12:26 →
Фирмэр къезыгъэла бадзэ
02.11.2026 - 16:17 →
Я дагъуэхэм гу лъарегъэтэж
| ||




