ЯIэщIэкI щыуагъэхэр

Сабийм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIэу дунейм къыщытехьэ щыIэщ, ар набдзэгубдзаплъэу зэпумыплъыхьми, къефыкIыр нэрылъагъуу. Абыхэм ящыщщ пщэ Iушэр, тхыцIэ зэмыпцIар, Iэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэ лейхэр, кIапэ зыпытхэр, гидроцефалиер, нэгъуэщIхэри. Сыт ахэр къызыхэкIыр, щхьэ ныбэрылъым и Iэпкълъэпкъым апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр игъуэтрэ?

 
Spina bifida жыхуиIэу щIэныгъэм ицIыху узыфэр ныбэрылъым къызэрефыкIыр УЗИ-м къегъэлъагъуэ иджыпсту. Нэхъапэм ар къызыхэкIымрэ зыхуахьынумрэ ямыщIэу, цIыхухэр иришынэу, мэжалIэм, гыбзэм, нэлатым и Iэжьу хуагъэфащэрт. Пэжыр жыпIэмэ, щIэныгъэр нобэ здынэсами къахуэхутакъым абы и щхьэусыгъуэр. Хуагъэфащэ цIыхум и генетикэм щыуагъэ гуэрхэр къыхэкIыу, щIыуэпсыр, хьэуар, псыр фIей зэрыхъуам и ягъэу, бзылъхугъэ уэндэгъум зрихьэлIа хущхъуэхэм ящыщ зэран хъууэ. Ауэ дызытепсэлъыхь узыфэр пасэми щыIащ, цIыхум хущхъуэ зэримыхьэххэу щыщыта лъэхъэнэхэм. 
Биолог-эволюционист Хекстра Хопи и кIапцIэм дыркъуэ игъуэту, еIэзэн хуей щыхъум, тхыцIэм и кIапэу пхэдыкъуакъуэм деж щиухыж «кIапэр» зиIысымрэ абы и мыхьэнэмрэ къихутэну мурад ищIат. Апхуэдэу, Хекстра номинхэм я геномым къыщигъуэтащ Alu жыхуаIэ ДНК пычахуэр. А налъэр хабзэ гуэрым тету зэкIэлъыкIуэркъым, атIэ хэчыхьауэ ДНК-м хэту аращи, «къэзыпкIыхь ген» фIащащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Alu пычахуэхэр пасэрей вирус гуэрым къыхэкIауэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым илъу аращ, ДНК-м и проценти 10-м хуэдиз хъууэ. Мис а пычахуэм щIэныгъэлIхэр «ириджэгуу», дзыгъуэхэм я ДНК-м хэтыр ягъэIэпхъуэм, зэрахъуэкIыурэ, хьэдэгъуэдахэ къахутащ: дзыгъуэхэм я кIапэр кIэщI хъурт е пымытыххэу къалъхурт. 
Апхуэдэ дзыгъуэхэм я куцIым екIуалIэ псантхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт. Аращ щхьэ куцIым и зы Iыхьэ гуэр чэму сабийхэр къыщIалъхур, тхыцIэ зэмыпцIауэ, Spina bifida жыхуаIэж узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыу зыхуагъэфащэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, эволюцэм къриубыдэу цIыхум и кIапэр зэрыпыхуам щIита уасэр аращ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къалъхуагъащIэ 1000-м хуэзэу зым къофыкI мы узыфэ шынагъуэр. 
ЩIэныгъэлIхэм ящIэркъым дзыгъуэхэмрэ цIыхухэмрэ я Iуэхур зэхуэдэми, псэущхьэхэм къефыкI узыфэхэм щхьэусыгъуэ хуэхъу дыдэр цIыхухэм зэран къыхуэхъуми къыхуэмыхъуххэми. Къэпщытэныгъэхэр щIадзагъащIэу аращ. Ауэ, къуапи кIапи къэмынэу иджам хуэдэу, медицинэм чэнджэщ щхьэпэхэр зэбгретыкI: ныбэрылъыр узыншэу къызэтенэн, Spina bifida къемыфыкIын папщIэ, цIыхубз уэндэгъум, Iэмал имыIэу, фолиевая кислота зрихьэлIэн хуейуэ. 
Ныбэ ихъуа сабийр тхьэмахуи 3 - 4 щрикъум ирихьэлIэу и псантхуэ системэм бжьамийм хуэдэу зешыхь, и лэжьыгъэр зэтреублэри, а системэм тхыцIэмрэ щхьэ куцIымрэ къокIыкIыж. И чэзум ирихьэлIэу псантхуэхэм зызэхуамыщIмэ, Spina bifida жыхуаIэм зеужь: сабийм и тхыцIэм хуэзэу гъуанэ иIэу, е лым гъуанэ телъу къалъху, а гъуанэмкIэ куцI уэтэпс къикIыу. А гъуанэр инышхуэу щытынкIэ хъунущ, ныбэрылъым и сэкъатыр УЗИ-м къигъэлъагъуэу, гу лъумытэххэуи Iузэу щыIэщ, пщэдыкъыцым щIихъумэу, зэрымыщIэкIэ къахутэу, е ар зэриIэр ямыщIэу цIыхухэр мэпсэу. 
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ фолиевая кислота жыхуэтIэу, уэндэгъухэм ирахьэлIэ хущхъуэм зэрану пылъри. 2018 гъэм кърахьэкIыу щытащ эпилепсие зиIэ бзылъхугъэхэм я ныбэрылъым а хущхъуэр сэбэпышхуэ зэрахуэхъур. 2022 гъэм къахутам тепщIыхьмэ, эпилепсие зиIэ цIыхубзхэм, щыуэндэгъум фолиевая кислота ефахэм, лышх уз къефыкIыу къалъхуащ я сабийхэр, е иужькIэ сымаджэ хъуащ. 
Гузэвэн щIадзэн хуейщ Великобританием щыпсэухэм… А къэралым и щIэныгъэлIхэм я жэрдэмкIэ, гуэдз хьэжыгъэм фолиевая кислота халъхьэ. Сыту жыпIэмэ, бзылъхугъэм лажьэ зэриIэр занщIэу къыщыгурымыIуэ щыIэщ, ныбэрылъым и чэзум а кислотар къылъымысмэ, нэщIэбжьэ кърикIуэнкIэ хъунущи, ерыскъым хэлъу махуэ къэс Iэпкълъэпкъым къыIэрыхьэмэ нэхъыфIу къалъытащ. Великобританием и закъуэкъым, къэралыгъуэ 80-м даIыгъащ а гупыжыр. 
Пэжу, щIэныгъэлIхэм къахэкIат апхуэдиз кислотар лъэужьыншэ зэрымыхъунур, апхуэдэу пщIэ зэрымыхъунур жызыIахэри. Ауэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм щыхьэт техъуэну зы дунейпсо къэпщытэныгъи щыIэтэкъыми, нэхъ мащIэм жаIэм зыри едэIуакъым. 
ГъэщIэгъуэнракъэ, фолиевая кислотам я гур хуэмыкIуэу, «псэкIэ» зыхащIэм хуэдэу, ар зыхуатх бзылъхугъэхэм я Iыхьэ щанэм зрахьэлIэркъым. Иужьрей уз зэрыцIалэу дунейр зыубыда воронавирусым зыкъыщигъэлъэгъуащ мыбдежи – фолиевая кислота зэзыхьэлIахэм нэхъ псынщIэу ковидыр къаубыдащ, нэхъ хьэлъэу къефыкIащ, нэхъыби илIыкIащ. Аращ UC Davis Health IуэхущIапIэмрэ Бирмингем щыIэ университетымрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуар. 

 

Къаныкъуэ Анфисэ.
Поделиться: